«Вагъуэ цIыкIум» фрегъэблагъэ
2019-04-25
- Ди къэралым и щIыпIэ куэдым ехъулIэныгъэ яIэу зыкъыщызыгъэлъэгъуа, хэгъэгу, урысейпсо зэпеуэхэм зыбжанэрэ пашэ щыхъуа, Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэ зытрах и «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Эдикщ) концерт итынущ, Къафэм и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ.
- Къафэм зэфIэкI щызиIэ ныбжьыщIэхэм я утыку итыкIэмкIэ куэд дахьэх. Абыхэм ягъэлъагъуэ адыгэ къафэ гъуазджэм и дахагъэр, и мыхьэнэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и хабзэхэмрэ къафэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэр.
- Аращи, Налшык и Музыкэтеатрыммэлыжьыхьым и 28-мфрагъэблагъэ. ЩыщIидзэнурсыхьэт 18-рэ дакъикъэ 30-рщ.