Хэхэс адыгэхэм я пашэ бзылъхугъэ
2022-11-10
- Хэхэс адыгэхэр адыгэу къызэрызэтенам и щапхъэрэ бзылъхугъэ нэсым и зэфIэкIыр къэрал куэдым щигъэлъагъуэу диIэщ Тыркуми нэгъуэщI къэралхэми щыцIэрыIуэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Адыгэ Бзылъхугъэ Хасэм (Истамбыл) и гуащэ Шурдым Гюнсел. Абы и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 75-рэ ирикъуащ. И ныбжьым емылъытауэ, гъащIэм жыджэру хэт бзылъхугъэ нэсым мызэ-мытIэу дытетхыхьащ, хэкум къэкIуэжауи, Тыркум дыкIуауи интервью къеIытхащ. Ноби тфIэигъуэщ ди лъэпкъэгъу дохутыр Iущабэм и дуней тетыкIэм иджыри зэ дыкъытеувыIэну. ЛъэпкъылI нэсым ипхъу хэкупсэщ Гюнсел жыпIэмэ ущыуэнукъым, зи гъащIэри зи гуащIэри къызыхэкIа лъэпкъыжьым етауэ псэуа и адэм и IуэхущIафэхэм къыпищэу мэпсэу езыри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ