|
Ноябрь, 2022
2022-11-12
- Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм хэтыну кIуахэм хуащI гулъытэм хэхъуэ зэпытщ.
- «Урысей зэкъуэт» партым и Жылагъуэ егъэблэгъапIэм волонтёрхэм, депутатхэм, курыт школхэмрэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэмрэ я лIыкIуэхэм ирашэлIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм папщIэ щыгъын хуабэхэр, жеипIэхэр, хуабэр зыIыгъ алэрыбгъухэр, зэрытхьэщIэ-зэрыжьыщIэ хьэпшыпхэр, хущхъуэхэмрэ ерыскъыхэмрэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым
Шорэ Туркан и вагъуэ
2022-11-12
- Тырку кином, театрым я актрисэ цIэрыIуэ, адыгэ бзылъхугъэ екIу Шорэ Туркан и ныбжьыр щэкIуэгъуэм и 13-м илъэс 75-рэ ирокъу. Зи щIалэгъуэм дахэу щытар, сыт хуэдэ ныбжь нэсми, дахэу къонэж. И напэм телъ лэдэххэм нэхъри ягъэдахэу аращ илъэс блыщIым щIигъуа бзылъхугъэр. ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ къуажэм зи адэшхуэм и адэр дэкIыу Тырку пащтыхьыгъуэм къыщыхута Шорэхэ я къуэм и унагъуэм къыщалъхуащ Туркан. Тыркум и гъуазджэ утыкум лъагапIэ щызыIэрызыгъэхьа ди лъэпкъэгъу цIыхубзым хуэтщI пщIэр нэхъри зыгъэлъапIэр адыгэ лъэпкъым къызэрыхэкIар зэрыщымыгъупщэрщ, нэхъыщхьэжращи, ар зэримыбзыщIырщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
ЗэрытегъэкIуакъым
2022-11-12
- «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Алания-2» (Владикавказ) — 0:0. Налшык. «Спартак» стадион. ЩэкIуэгъуэм и 9-м. ЦIыхуи 100 еплъащ.
- Судьяхэр: Шафеев (Волгоград), Магомедов (Мэхъэчкъалэ), Городовой (Ставрополь).
- «Спартак-Налшык»: Сиукаев, Мэкъуауэ (Ольмезов, 46), Лелюкаев, Белоусов, Далиев, Ашуев (ЛIуп, 75), Хьэшыр (Топурия, 67), Масленников, Жангуразов (Дэхъу, 75), Торосян, ХъутIэ.
- «Алания-2»: Натабашвили, Губиев, Джаваев, Березов, Саумов, Дудаев, Засеев (Павленкэ, 67), Шаршенбеков (Бязров, 81), Цогоев (Багаев, 87), Гогниев (Газзаев, 81), Дряев (Датиев, 67).
- Дагъуэ къыхуащIащ: Мэкъуауэм, Ольмезовым, Шаршенбековым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Футбол
ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил я гъуазэу
2022-11-12
- Урысхэм «Железная» зыфIаща бгым пэгъунэгъу псы хущхъуэхэм я гугъу урысхэм япэу яхуэзыщIар нэ дохутыр цIэрыIуэ Гааз Фридрихщ. Езым и пэ абыхэм ятетхыхьа Паллас Пётр зытепсэлъыхьа псыхэр къилъыхъуэу, офицерхэми дохутырхэми япкърыупщIыхьыурэ къекIуэкIащ Гааз зыкъомрэ. Щэнейрэ Шотландием къикIа чыристан духьэшыхэм я псэупIэ Каррас къыщежьэурэ, Бещто лъэныкъуэкIэ щылъыхъуащ, ауэ игъуэтакъым.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Набжэрыху
2022-11-12
- Iуэтэж
- ЛIыхъужь хъуну зэи щIэхъуэпсакъым Махъсымэ. И гъунэр ещIэж. Ауэ зи пэ лъы ивэжауэ дэтхэми ящыщкъым. ФIыуэ къэзылъагъу цIыхуфIхэр пщIэ къыхуэзымыщI фыгъуэнэдхэм нэхърэ щынэхъыбэкIэ, зы адыгэлI ирокъу. Сыт къыщIамылъагъуныр? Ефэкъым, дыгъуэкъым, зауэкъым, и Iэр шияуэ дэткъым, фыз иригъэкIыжакъым, къэзылъхуари къилъхуари епIыж. И унэр лъагэщ, и пщIантIэр хуитщ, и быныр гъэсащ, и телефоныр зарядкэм пылъщ. Зыгуэр дэбгъуэну уигу къэкIыххэркъым абы, укъыфIэмыIуэхукIи уи жагъуэ хъунукъым, апхуэдизкIэ ищIэн и куэдщи. И хьэлращи, уи щхьэ узэрыхуэупсэнщ. Бзаджэкъым икIи акъылыншэкъым, щхьэхынэкъым икIи хабзэншэкъым. ЦIыхуфI? Узэреплъщ. Ауэ икIи цIыху Iейкъым. Губзыгъэ? Уей, мыделэ. Псэ къабзэ, еджа, хэгъуэза, нэплъыса? Хьэуэ, хьэуэ, хьэуэ, хьэуэ. ЦIыху хъарзынэщ — аращ Махъсымэ хуэдэхэм я щытхъур. Мыпхуэдизу дызыкIуэцIимыгъэтIыхьу иджыри илъэс IэджэкIэ псэуфынут ар, гу зылъыдигъэтэн нэрыгъым IэщIэмызэрыхьамэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Дуней шэрхъым къыхэлыдыкI псэ закъуэ…
2022-11-12
- БлэкIам уетIысылIэрэ и ущие ущIэдэIумэ, къэкIуэнур къыббгъэдэтIысхьэнурэ уи гъэсэпэтхыдэхэм щIэдэIунущ, жи шэ-шэн псалъэжь щIагъуэм. ЦIыхум IэщIэкIа и щыуагъэхэм, хузэхуэмыгъэхъуа Iуэхугъуэхэм, и Iэ имылъу гъащIэм къыхуихьа лъэпощхьэпохэм дерс къыхихыфыныр гъэсэныгъэми цIыхугъэми я зы пкъощIэсэщ, КъэгъэщIакIуэм къигъэува хьэкъхэр зэригъэзащIэми и шэсыпIэщ. Сыт къэмыхъуми, цIыхур зэрыпсэун, зэрызиужьын, зэрефIэкIуэн хуей гупсысэр IэщIэзымыгъэкIыр псэуныгъэм къыхуихь зэпымыуж гугъапIэхэрщ. ХамэщI къыщыхута адыгэ минищэхэр нобэм къэзыхьэсар егъэзыгъэкIэ ирагъэбгына жьэгум и мафIэр зэхэмыкIыжыным зэрыхуэсакъарщ, жьым къемыхъулIар щIэм ирагъэгъуэтын щхьэкIэ мыужьыхыж хъуэпсапIэхэр зэIуащэу къызэрекIуэкIарщ. Хэти иущэхуакъым ар, ину жиIащ, нахуэу къилъыхъуащ, хэти псалъэкIэ къыхудэшеякъым, хъуапсэм и лъагъуэр щэхуу къихутэурэ екIуэкIащ. Ауэ щыIэт зыми емыщхь гъуэгу, и кIуэрабгъухэр загъуэрэ лъагъуэбэу зэхэкIыу, дэхыпIэ-еуэкIыпIэхэр имымащIэу. Апхуэдэ гъуэгущ натIэ хуэхъуар хамэщI жылэшхуэм дыгъэу къахукъуэкIауэ къалъыта, тырку литературэр лъагапIэ дэзыша адыгэ щылъху Хьэткъуэ Умар (Оmer Seyfettin).
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
Лъэпкъ щэнхабзэр утыку кърахьэ
2022-11-12
- Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ щекIуэкIащ адыгэ-абхъаз театрхэм я «Кавказский меловой круг» VII щIыналъэ зэхуаку фестивалыр. 2005 гъэ лъандэрэ ди къуэш республикэм щрагъэкIуэкI фестивалыр мы гъэм Адыгейм къэралыгъуэ зэригъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъум ирагъэхьэлIэри, нэхъ зыубгъуауэ къызэрагъэпэщат.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Театр
Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2022-11-12
- Фэ фщIэрэ?
- Абрэмывэ
- Миф мывэ лIэужьыгъуэ, къызэрымыкIуэу ину. Нарт эпосым, псысэхэм къыхохуэ лIыхъужьым (шым, фадэм) и къарур къралъытэу. Псалъэм папщIэ, «Сосрыкъуэ и пшыналъэм» лIыхъужьым и теплъэр къыщиIуатэкIэ, абы и щхьэр абрэмывэм хуегъадэ. ДжэгукIэ лIэужьыгъуэу нартыр (иныжьыр) абрэмывэм натIэкIэ (е IэкIэ, лъакъуэкIэ) еуэу бгым дрихуеижын хуейщ. Нартхэ я гъукIэ Дэбэч абрэмывэр и сыджщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис
Бзэм и псэр – щIэблэрщ
2022-11-12
- Фызэрыщыгъуазэщи, «Си бзэ — си псэ, си дуней» хэгъэгупсо зэпеуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэмрэ къуажэхэмрэ чэзууэ щокIуэкI.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
|