Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
2019-04-16
- Дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым я щытыкIэм теухуа щIэныгъэ цIыхухэм ябгъэдэлъхьэным мыхьэнэ ин зэриIэр къалъытэри, 1992 гъэм Бразилием и щыхьэр Рио-де-Жанейрэ щекIуэкIа къэрал зэхуаку зэхыхьэм щызэхуэсахэм Экологием и махуэу мэлыжьыхьым и 15-р гъэувыным теухуа унафэ къащтащ.
- Уегупсыс зэрыхъунумкIи, ар щIыуэпсым къыщыхъу-къыщыщIэхэр нэхъ IупщIу къыдгурызыгъаIуэ, дэзыгъэлъагъу, абыхэм къарикIуэнкIэ хъунухэр ди нэгу къыщIэзыгъэувэ Iуэхугъуэщ.
- Экологие щIэныгъэхэм я махуэр ди къэралым гъэлъэпIэн щыщIадзар 1996 гъэм и ужькIэщ. А илъэсым къыщыщIэдзауэ курыт еджапIэхэм, сабий садхэм, тхылъ хъумапIэхэм, щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм а махуэм ехьэлIауэ къыщызэрагъэпэщ хабзэ зэхыхьэхэм, конференцхэм зэхэшакIуэхэр щытопсэлъыхь дыкъэзыухъуреихь дунейр, щIыуэпсыр хъумэн зэрыхуейм ехьэлIа щIэныгъэм дэтхэнэ зыри, сабийхэри балигъхэри, дызэрыхуэныкъуэм.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.