Си еджапIэ — си къежьапIэ
2019-03-30
- Iуэху зехьэкIэ пэрыт
- Сыт къэралым и пщэдейр зэлъытар?
- ЦIыхум и гупсысэр узэщIыным, абы и хьэл-щэныр зэтегъэувэным, щIэныгъэ егъэгъуэтыным зи лэжьыгъэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхахэм ящыщщ егъэджакIуэхэр. А къалэнхэр къызыхуэтыншэу зэфIэхыныр жэуап-лыныгъэ ин зыпылъ Iуэхугъуэщ, сыту жыпIэмэ, нобэ къытщIэхъуэ щIэблэм едгъэгъуэт дуней еплъыкIэм, бгъэ-дэтлъхьэ зэхэщIыкIым елъытащ къэралым и къэкIуэнур. А псори къэзылъытэу зи IэнатIэр езыхьэкI егъэджакIуэ гумызагъэщ Дзэлыкъуэкъуажэ дэт курыт школ №1-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Iэпщэ (Тау) Залинэ Нэщир и пхъур.
- Залинэ Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Къамылыкъуэ къуажэм 1977 гъэм къыщалъхуащ. Я жылэм дэт курыт школыр къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Налшык и педколледжым. ПэщIэдзэ классхэм я егъэджакIуэ IэщIагъэр зэзыгъэгъуэта пщащэм лэжьэн щыщIидзащ къалащхьэм и курыт школ №10-м. IэнатIэм зэрыпэрытым хуэдэури и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ КъБКъУ-м и филологие факультетым. 2003 гъэм лэжьыгъэм щыпищащ Дзэлыкъуэкъуажэ.
- — Курыт школым щыщIэса илъэсхэр гуимыхуж лъэхъэнэу къалъытэ куэ- дым. Дауи, абы пыщIащ ди сабиигъуэ IэфIыр, балигъыпIэ дыщиувэ зэман- хэр. Аращ зэпхар IэщIагъэ тхуэхъунум япэу дыщегупсысри, — жеIэ Залинэ. — Адыгэбзэмрэ литературэмрэ нэхъыфIу слъагъу предметхэм ящыщу къекIуэкIащ дапщэщи. Псом хуэмыдэу абы гу хузэзыгъэщIар абыхэмкIэ дезыгъаджэу щыта Къущхьэ Мухьэмэдщ. Ар егъэджакIуэ Iэзэт, гъэсакIуэ щыпкъэт, цIыху гуапэт. Аращ щапхъэ схуэхъуар, а IэщIагъэр къыщыхэсхми.
- Лэжьэн щыщIидза япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ Залинэ егъэджакIуэхэми ныбжьыщIэхэми закъригъэлъэгъуащ щIэныгъэ куу, гъэсэныгъэ дахэ зыхэлъ лэжьакIуэу, пщIэрэ щIыхьрэ зыхуэпщI хъун цIыхуу. Ар хущIэкъурт и дерсхэр гъэщIэгъуэну зэрызэхигъэувэным, къызыхэкIа лъэпкъ уардэм и хабзэхэм, щэнхабзэм щIэблэр дригъэхын пап- щIи лъэкI къигъэнакъым. Ноби аращ. ЩIэм и лъыхъуакIуэу дапщэщи щыт Iэпщэм иригъэкIуэкI дерс купщIафIэ-хэм къадэкIуэу, классщIыб лэжьыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэри къызэригъэпэщу, районым, республикэм адыгэбзэмкIэ щекIуэкI зэпеуэхэм езыри и гъэсэнхэри жыджэру хэтщ.
- — Адыгэ лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыддэгъуэгурыкIуэ хабзэ-хэм ныбжьыщIэхэм гулъытэ хуегъэщIыныр, литературэр тегъэщIапIэ тщIыуэ, абыхэм ди блэкIа тхыдэми яхутепсэлъыхьыжыныр анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм я дежкIэ Iэмал зимыIэ Iуэхущ, — и лэжьыгъэм топсэлъыхь Залинэ. — ЗэрытщIэщи, еджэнымрэ гъэсэнымрэ зэпхащ икIи цIыху гъэсаращ щIэныгъэм тэмэму пхуешэлIэнур. Ди хабзэхэм тету ныбжьыщIэхэр дгъасэмэ, апхуэдэм адыгэ лъэпкъыр игъэукIытэнукъым. Ахэр къызолъытэри, адыгэбзэ, литературэ урокхэм лъэпкъ хабзэм, тхыдэм ящыщ Iыхьэхэр зэрыхэзгъэхьэным сыхущIокъу. Апхуэдэу лэжьыгъэм къыщызогъэсэбэп егъэджэныгъэм къыхыхьа иджырей IэмалыщIэ-хэр. Апхуэдэхэщ дерс зэмылIэужьыгъуэхэр, зыкъэгъэлъэгъуэныгъэхэр, пшыхьхэр. А зэхыхьэхэм сабийхэм я къэухьым зрагъэужь, я гупсысэр нэхъ шэщIа ещI.
- Дэтхэнэ егъэджакIуэми хуэдэу, Залинэ ирогушхуэ икIи иропагэ и нэIэм щIэт еджакIуэ цIыкIухэм я ехъулIэныгъэхэм. Абы зэрыжиIэмкIэ, адыгэбзэр зи псэм хэлъу куэд яхэтщ иджырей ныбжьыщIэхэм. Абы и щыхьэтщ ахэр адыгэбзэмкIэ дерсхэм яфIэфIу къызэрыкIуэр, абыкIэ къызэрагъэпэщ олимпиадэхэм, нэгъуэщI зэпеуэхэм гукъыдэж яIэу зэрыхэтыр, текIуэныгъэхэр зэрызыIэрагъэхьэр. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Iэпщэм и гъэсэнхэу Вакъашэ Щамил, Мысырджэн Азрэт, Куэт Астемыр, ХьэIупщы Даринэ, Ашрэкъей Мадинэ, Тэрчокъуэ Миланэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
- Зи IэщIагъэмкIэ квалификацэ лъагэ зиIэ егъэджакIуэм и лэжьыгъэфIым папщIэ къыхуагъэфэщащ щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. Ахэр къабгъэдэкIащ егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми.
- ЕхъулIэныгъэм и гъуэгум тету зи IэнатIэр езыхьэкI Iэпщэ Залинэ унагъуэ да-хи и щIыбагъ къыдэтщ. Абырэ и щхьэгъусэ Мухьэдрэ бынищ зэдагъуэтащ: хъыджэбзитIрэ зы щIалэрэ. Зэщхьэгъусэхэм ахэр къагъэтэдж адыгэ хаб-зэм и мардэхэм тету, езыхэр щапхъэфI яхуэхъуу.
- Зыщылажьэ гупри, и гъэсэнхэри, абыхэм я адэ-анэхэри зыхуэарэзы егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм дохъуэхъу и лэжьыгъэм и хъер илъагъуу и IэнатIэм иджыри илъэс куэдкIэ узыншэу пэрытыну.
- БЖЭIУМЫХ Къан.
- ДифI догъэлъапIэ
- Къуэныкъуей Раисэ и дерсхэр
- Дыкъэзыухъуреихь дунейми, цIыхуми, абы и Iуэху зехьэкIэми псынщIэу зыщихъуэж зэманщ дызыхэпсэукI лъэхъэнэр. Абы декIун щIэблэ бгъэсэн щхьэкIэ, IэмалыщIэхэр, бгъэдыхьэкIэщIэхэр шэщIауэ къыщыгъэсэбэпын хуейщ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэхэм. Зи лэжьыгъэм IэмалыщIэхэр хэзылъхьэу Iуэхур зэфIэзых егъэджакIуэ пэрытхэм ящыщщ Къуэныкъуей (КIэбышэ) Раисэ. Илъэс куэд лъандэрэ ар щолажьэ Лашынкъей къуажэм дэт курыт школ №2-м. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ класс нэхъыжь-хэм зэрыщригъэджым къыдэкIуэу, ар жылагъуэ лэжьакIуэ емызэшщ, КъБР-м и Парламентым и депутатщ.
- Иригъаджэ сабийхэр адыгэбзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ дригъэхьэ-хын папщIэ, Раисэ и дерсхэр зэмылIэужьыгъуэу еухуэ, щIэщыгъуагъ, щIэ гуэрхэр хилъхьэурэ. ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм и гъэсэнхэм я псэм апхуэдэ щIыкIэкIэ къыщегъэуш анэдэлъхубзэм хуаIапхъэ лъагъуныгъэр, захрегъащIэ абы и IэфIыр. И гур адыгэбзэм хуитхьэщIыкIа зэрыхъуам езыр щытепсэлъыхькIэ, абы япэу зи цIэ къриIуэхэм ящыщщ курыт школым щезыгъэджа ДыщэкI Марие.
- — КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI Марие уригъэджауэ, зымащIэ- кIэ нэхъ мыхъуми хэкупсэ макъамэхэр уи гум щыушэу, адыгэбзэмрэ литературэмрэ нэхъ куууэ зумыгъэщIэныр Iэмал зимыIэт. А егъэджакIуэм анэдэлъхубзэм, лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ ныбжьыщIэхэм гу зэрахуригъэщIым и щыхьэтщ а фIыгъуэхэр игъащIэ псокIэ зыхъумэн, пщIэ хуащIу зезыхьэн щIэблэ зыбжанэ ди жылэм къызэрыдэхъуар, — и унэтIакIуэм фIыщIэ псалъэхэр хужеIэ Раисэ. — ЖыпIэнурамэ, апхуэдэу гъуэгугъэлъагъуэ схуэхъу цIыхуфI куэд сыщрохьэлIэ си гъащIэ гъуэгум. Университетыр къэзухыу Шэджэм Езанэм дэт курыт школ №1-м лэжьэн щыщыщIэздзагъащIэм, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм и щэхухэм щыгъуазэ сыхуэзыщIахэм ящыщщ адыгэбзэр абы щезыгъэдж (а зэманым ар школым и унафэщIт) лэжьакIуэ хьэлэмэт Къэбжьыхь Артур. Урокым и планхэр зэрызэхэгъэувапхъэми, дерсхэр зэрыухуапхъэми, ныбжьыщIэхэм хэхауэ зэрадэлэжьапхъэ-ми — апхуэдэ методикэ куэдым сыхуигъэсащ а егъэджакIуэ Iэзэм. БзэмкIэ екIуэкI зэпеуэхэм япэу сыщыхыхьар а школыращ.
- Шэджэм школым илъэсищкIэ щыIауэ, егъэджакIуэнми гъунэ ирилъауэ, Раисэ лэжьыгъэм щыпищащ къыщалъхуа жылэм дэт курыт школым. Иджы ар IэнатIэм пэрытт, езыр езыгъэджахэм ящIыгъуу. Апхуэдэу зэрыщытым егъэджакIуэ ныбжьыщIэр лэжьыгъэм нэхъри тригъэгушхуащ: гугъуехь гуэр Iуэхум къыхэкIмэ, дэтхэнэри хьэзырт зыкъыщIи-гъэкъуэну, чэнджэщ Iущ къритыну. Псом хуэдэжтэкъым и егъэджакIуэу щыта Марие. Ар абы щыгъуэ школ унафэщIу лажьэрти, дапщэщи хуэдэу, анэдэлъхубзэм гулъытэ хэха хуищIырт, ар езыгъэджхэм кърахьэжьэ дэтхэнэ Iуэхури ядиIыгъыу. Къуэныкъуейр жэуаплыныгъэшхуэ хэлъу пэрыуващ и IэнатIэм. Абы щIэх-щIэхыурэ итырт дерс зэIухахэр, езыри и еджакIуэ цIыкIухэри жыджэру хэтт районым, республикэм щекIуэкI зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм.
- Абы лъандэрэ илъэс 25-м щIигъуащ, арщхьэкIэ Къуэныкъуейр и лэжьыгъэм тезашэркъым, атIэ абы хэлъ Iэзагъымрэ жыджэрагъымрэ хэхъуэ зэпытщ. Раисэ зэрыжиIэмкIэ, школым мы зэманым и пашэ Къуэныкъуей Мадинэ пещэ ипэкIэ унафэ-щIу лэжьа нэхъыжьыфIхэм я Iуэху зехьэкIэ екIум. Абы егъэджакIуэхэм ядиIыгъщ лъэпкъыбзэхэр хъумэным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэр, жэрдэмыщIэ куэд езыми къыбгъэдэкIыу. Гушхуэныгъэ хэлъу лажьэ Раиси увыпIэфIхэр къыщехь олимпиадэхэм; зэпеуэхэм, фестивалхэм я утыку екIуу къохьэ. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фестивалыр, ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зехыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкI «Джэгурэш», «Тхылъеджэхэм я зэхуэс» Iуэхугъуэхэр, «Шэрджэс (адыгэ) дуней» республикэ зэпеуэр, нэгъуэщIхэри. Раисэ ирогушхуэ икIи иропагэ и гъэсэнхэу Тхьэзэплъыж Дианэ, Къуэныкъуей Юлианэ, Тыгъуэн Iэсхьэд, Тхьэгъэпсо Алёнэ, ДыщэкI Элинэ, Къалмыкъ Марья-нэ сымэ, нэгъуэщI куэдми а зэпеуэхэм увыпIэфIхэр къызэрыщахьым.
- Зыпэрыт егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм щызыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэм къапэкIуэу Раи-сэ мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ щытхъу, фIыщIэ тхылъхэр. А Iуэхухэм къадэкIуэу, Къуэныкъуей Раисэ жыджэру хэтщ жылэм, районым, республикэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэми. 2017 гъэ лъандэрэ ар КъБР-м и Парламентым и депутатщ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ, Спортымрэ туризмымкIэ абы и комитетхэм хэтщ. Къуэныкъуейм зэрыжиIэмкIэ, депутатхэр махуэ хэхакIэ цIыхухэм яхуозэ, зыхэт комитетым епха упщIэ, гукъеуэ зиIэхэм зэрыхъукIэ ядоIэпыкъу. Абы игу къоуэ зыхуэзэ цIыхухэм анэдэлъхубзэр школхэм щамыджми хъуну къэзылъытэхэр зэрахэтыр. Ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэм я пщэдейр «зытхьэлэну» ныкъуакъуэхэм тегъэщIапIэ ящI къэралым абы теухуауэ щызекIуэ дэфтэрхэр. А гупсысэкIэм анэдэлъхубзэхэр ихуз къудейркъым, атIэ ахэр я пIэм ириукIыхьыну хущIокъу.
- — Апхуэдэ цIыхухэм я зэранщ ди бзэ гупым хыхьэ гуэрхэр кIуэдыжхэм ЮНЕСКО-м щIахигъэхьари. Ди бзэм дызэрыхущытыр дымыхъуэжмэ, ди ужь къиувэну щIэблэ-хэм я нэлат къыттехуэнущ. Ди щхьэм, ди лъэпкъым, ди тхыдэм, ди бзэм хуэфащэ пщIэ хуэдмыщIыжмэ, нэгъуэщI гуэрым пщIэ къытхуищIыну дыщIыщыгугъыни щыIэххэкъым, — жеIэ Раисэ. — Зи бзэр Iумпэм зыщIхэм къащыщIыр куэдрэ нэрылъагъу щыхъуащ дунейпсо тхыдэм. Анэдэлъхубзэр ди адэжь лъахэм хуиту, пщIэ щиIэу щызекIуэн, ар дахэу зыIурылъ, гъащIэм къыщызыгъэсэбэп щIэблэ къызыщIэхъуэн лъэпкъ узыншэу куэдрэ дунейм Тхьэм дытригъэт адыгэхэр. А фIыгъуэр хъумэн хуейщ, нэр напIэм зэрихъумэм хуэдэу.
- Адыгэ лъэпкъым, анэдэлъхубзэм апхуэдэ хъуэпсапIэ къабзэхэр хузиIэ егъэджакIуэ Iэзэм, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэ- рым дохъуэхъу зыпэрыт IэнатIэхэм я хъер илъагъуну, унагъуэ насыпрэ бын гуфIэгъуэрэ щымыщIэну.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.
- Зэпеуэхэр
- «КъэкIуэнум лъэбакъуэ худоч»
- Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ Урысейпсо олимпиадэ мы махуэхэм щекIуэкIащ Бауманым и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал технологие университетым. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ и министерствэмрэ хьэршым елэжь къэрал IэнатIэхэмрэ.
- Къэралпсо олимпиадэм хэтащ «ДыгъафIэ къалэ» творчествэмкIэ сабий академием икIа гуп, академием щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, конструктор лэжьыгъэхэм-кIэ и къудамэм и уна-фэщI Науянис Элянэ я пашэу. Гупым хэтащ Швырков Руслан, Ульбашев Мухьэмэд, Тэрчокъуэ Мухьэмэд, Балъкъыз Жамболэт, Макитов Азэмэт, Нэгъуей Тамирлан сымэ. Абыхэм олимпиадэм ехъулIэныгъэкIэ щыпхагъэкIащ робототехникэм, мехатроникэм, хьэршым, энергетикэм, нанотехнологием, ракетнэ-хьэрш технологиехэм, баллистикэм епха я къэхутэныгъэ проектхэр. НыбжьыщIэхэм ящыщ дэтхэнэри гулъытэншэ щыхъуакъым зэпеуэм: ахэр щытекIуащ, призёр щыхъуащ зыхэта гупхэм.
- Зэпеуэм и етIуанэ махуэм ныбжьыщIэхэр ирагъэблэгъащ абыхэм папщIэ къызэрагъэпэ-ща конференцым. Абы къыкIэлъыкIуэу школакIуэхэм зыщрагъэплъыхьащ хьэршым лъэтахэм я лэжьыгъэм щыкIэлъыплъ центрым. Абы ахэр эфир занщIэм и IэмалхэмкIэ щепсэлъащ дунейпсо хьэрш стан-цым иджыпсту щылажьэ космонавт Кононенкэ Олег.
- Куэдрэ я гум имыхужын Iуэхугъуэхэр я нэгу щIэкIауэ ныбжьыщIэхэм ди республикэм къагъэзэжащ.
- Темыр Дисанэ.
- Дэ къытхуатх
- Дэтхэнэ лъэпкъми и гурыфIыгъуэ
- ЦIыхум и дежкIэ анэдэлъхубзэр зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ фIыгъуэ инщ. Аращ дунейр къызэрытщIэр, ди блэкIари нобэри зэпызыщIэр, къэкIуэну щIэблэхэм ди хъыбар яхуэзыхъумэр икIи яхуэзыIуэтэжынур. А псоми къадэкIуэу мыхьэнэшхуэ иIэщ сабийр иджыри цIыкIу щIыкIэ щIэбдзэу, абы и анэдэлъхубзэмрэ ар къызыхэ-кIа лъэпкъымрэ я лъапIагъыр къыгурыбгъэIуэным, абы хэкупсэ гъэсэныгъэ нэс бгъэдэплъхьэным. А Iуэхугъуэхэм набдзэгубдзаплъэу щолэжь Шэджэм къалэм дэт «Ручеёк» («ПсыкIантIэ») сабий садым.
- Ди гъэсапIэм и унафэщI Энеевэ Лизэ къызэрилъытэмкIэ, сабийм и гупсысэм зегъэужьынымкIэ абы къыдалъхуа и анэбзэм хуэдэ щыIэкъым. Анэдэлъхубзэращ лъэпкъым къыхэхъуа цIыхущIэ цIыкIур абы къуэпс быдэкIэ пызыщIэр. Абы къыхэкIыу ди садым анэдэлъхубзэр и лъаб- жьэу сабийхэр щагъэджэгу, уэрэдхэр щыжрагъэIэ, дерсхэр щрагъэкIуэкI. Абы и щапхъэщ ди гъэсапIэм иджыблагъэ къыщызэрагъэпэща «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» гуфIэгъуэ зэхуэсыр. Ар и зы Iыхьэт Анэдэлъхубзэр хъумэным, Адыгэ тхыбзэм я махуэхэм я саулыкъукIэ садым щекIуэкIа лэжьыгъэхэм. Дерс хьэлэмэтхэм кърихьэлIащ сабий са-дым и гъэсакIуэхэр, адэ-анэхэр.
- Уахэплъэну гухэхъуэт а махуэм утыку ит ди гъэсэн цIыкIухэм. Абыхэм адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ екIуу уэрэдхэр жаIэрт, ди лъэпкъ усакIуэ цIэрыIуэхэм я къалэмыпэм къыпыкIа усэхэм зыхэщIэгъуэу къеджэрт, теплъэгъуэ цIыкIухэр ягъэзащIэрт. ГуфIэгъуэ зэхуэсыр зэщIаIэтэрт хэкупсэ макъамэхэмрэ КъБР-м, адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэм я ныпхэм- рэ. Iуэхугъуэм къыхузэрагъэпэ-щат пасэрей хьэпшыпхэр щызэхуахьэса гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэти.
- ЗэIущIэр къызэзыгъэпэща гъэсакIуэхэу Сасыкъ Сэтэней, сэ, Гамаевэ Алёнэ сымэ сабийхэм дахутепсэлъыхьащ Анэдэлъхубзэр хъумэным, Адыгэ тхыбзэм я махуэхэм лъабжьэ яхуэхъуа Iуэхугъуэхэм, апхуэдэу адыгэ, балъкъэр лъэпкъхэр куэд лъандэрэ зы щIыналъэм зэрыщызэдэп-сэум, зэгурыIуэ яку дэлъу къызэрекIуэкIым я гугъу яхуэтщIащ.
- Iуэхум и кIэухыу ар къызэзыгъэпэща гъэсакIуэхэм, сабий цIыкIухэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Энеевэ Лизэ. Абы фIыщIэ яхуищIащ зи зэманым емыблэжу къахуеблэгъа хьэщIэхэми.
- — ЦIыхум нэхъ лъапIэ дыдэу иIэхэм ящыщщ и анэдэлъхубзэр, — жиIащ абы. — Ар езыгъэфIэкIуэн, къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэфын Тхьэм псори дищI.
- Зэхуэсыр лъэпкъ къафэ дахэхэмкIэ зэхуащIыжащ.
- ГУАНЭ Заремэ,
- «ПсыкIантIэ» сабийсадым и гъэсакIуэ.
- Анэдэлъхубзэр зыми пищIыркъым
- Налшык къалэ дэт езанэ гимназием адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Махуэ Маринэ и Iуэху зехьэкIэ пэрытым и хъыбарыфI куэдым зэхахащ. Бгъэдэлъ IэзагъымкIэ категорие ищхьэ зиIэ егъэджакIуэр дапщэщи хущIокъу и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным, и дерс-хэр щIэщыгъуэ, удэзыхьэх зэрищIыным, еджакIуэ цIыкIухэм анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ хуаIэ лъагъуныгъэм зэрыхигъэхъуэным.
- Балъкъ Iуфэ Iус Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуа Махуэ Маринэ къэхъурт гурыхуэрэ набдзэгубдзаплъэу. Къуажэм дэт курыт школым ар щIэсащ еджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщу. ЩIэныгъэ зэгъэгъуэтыным дихьэх сабийм сытри фIэгъэщIэгъуэнт, псом хуэмыдэу ар дахьэхырт анэдэлъхубзэмрэ урысыбзэмрэ. Сэрмакъ къуажэ дэт етIуанэ курыт школым и лэжьакIуэ пашэхэм ящыщ Къардэн Марие щапхъэ зыхуэхъуа Маринэ мурад ищIащ егъэджакIуэ IэщIагъэм хуеджэну. Ар Махуэм фIы дыдэу зригъэхъулIащ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щIэтIысхьэри.
- ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтри, егъэджакIуэ IэнатIэм пэрыувэну щIэхъуэпс хъыджэбзыр къэкIуащ Налшык къалэ дэт езанэ гимназием.
- — Си насып къикIри, IэнатIэм сыщыпэрыува япэ илъэсхэм лэжьэгъу схуэхъуащ къалэдэс сабийхэм илъэс куэд лъандэрэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэдж Мусей Тамарэ, Къэрэшей Людмилэ, Мэшыкъуэ Ларисэ сымэ, — Маринэ игу къегъэкIыж егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм езым и лъагъуэ щыпхишыну яужь щихьа япэ илъэсхэр. — А егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэхэм уадэплъейуэ улэжьэныр фIыгъуэшхуэт. Ахэр уи унэтIакIуэу уи IэщIагъэр фIыуэ умылъагъункIэ, ди анэдэлъхубзэм нэхърэ нэхъ дахэ зэрыщымы-Iэр хьэкъыу упхымыкIынкIэ Iэмал иIэтэкъым.
- Лэжьыгъэм и пIалъэ фIыуэ зыщIэ а цIыху щыпкъэхэр и гъуэгугъэлъагъуэу, хъыджэбзыр пэрыуващ IэнатIэм. Абы лъэкI къигъанэртэкъым адыгэбзэр еджакIуэ цIыкIухэм фIыуэ яригъэлъагъун, еджэныр ныбжьыщIэхэм щIэщыгъуэ, купщIафIэ ящищIын папщIэ. Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм ехъулIэныгъэфIхэр къыпэкIуащ зэман кIэщIым къриубыдэу. Маринэ и еджакIуэхэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ къалэми республикэми щекIуэкI олимпиадэхэм куэдрэ япэ увыпIэхэр къыщахьащ, сыт хуэдэ зэпеуэ, конференц, зэIущIэ емыкIуэкIами, езыри и сабийхэри жыджэру хэтащ. Ноби аращ. Илъэс зыбжанэ хъуащи, Маринэ хэтщ «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм, дерс купщIафIэхэр утыку ирихьэу. 2016 гъэм ар къалъытащ анэдэлъхубзэр езыгъэдж лэжьакIуэ нэхъыфIу. Иджы ар хагъэхьащ а зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым.
- Ди республикэм и мызакъуэу, егъэджакIуэ гумызагъэр жыджэру хэтщ Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Осетие Ищхъэрэ — Алание республикэхэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми анэдэлъхубзэхэм ятеухуауэ щекIуэкI зэIущIэхэм, зэпеуэхэм. Иужьрейуэ Маринэ зыхэта апхуэдэ зэхуэсхэм ящыщщ Владикавказ къалэм щекIуэкIа «Полилингвальное образование как основа сохранения языкового наследия и культурного разнообразия человечества», «Повышение качества подготовки педагогических кадров: проблемы, инновационные технологии, опыт» конференцхэр. Ди республикэм и лIыкIуэу абыхэм къыщыпсэлъащ Маринэ.
- КЪАРДЭН Маритэ.