ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ Iуэху щхьэпэ

2019-03-12

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр гъэлъэпIэным хиубыдэу гъатхэпэм и 14-м «Адыгэбзэ диктант» щIэныгъэ Iуэхур ирагъэкIуэкIынущ.

  • Диктантыр хуэунэтIащ цIыхухэр адыгэ тхыбзэм нэхъыфIу щыгъэгъуэзэным, анэдэлъхубзэм и пщIэр къэIэтыным, адыгэхэм я щэнхабзэр хъумэнымрэ абыхэм я лъэпкъ зэхэщIыкIым зегъэужьынымрэ.
  • Я ныбжьым, къызыхэкIа лъэпкъым, адыгэбзэм и лъэныкъуэкIэ яIэ щIэныгъэр зыхуэдизым емылъытауэ, абы псори къыхыхьэ хъунущ. Адыгэбзэм и къэкIуэнум игъэпIейтей псори къыхудоджэ мы Iуэхур къыддаIыгъыну икIи диктантыр ятхын папщIэ къекIуэлIэну мы хэщIапIэхэм:
  • Мэлбахъуэ Т. Къу. и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм (Налшык къалэ, Нэгумэм и уэрам, унэ №42);
  • Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университе-тым (Налшык, Чернышевскэм и уэрам, унэ №173, пэшхэу №501, №303).
  • ФыщIэупщIэхъунущ 8-928-693-48-17 телефонымкIэ.