ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэбзэр я гъуазэщ

2019-03-12

  • Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм адыгэбзэм и махуэм зыхуегъэхьэзыр.

  • Тхылъ хъумапIэм лъахэхутэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ пажэ Безыр Ленэ дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, илъэс къэси хуэдэу, мы Iуэхум гулъытэ хэха хуащIынущ. «Ди анэдэлъхубзэр иджыпсту зэрыт щытыкIэ гугъум дэри димыгъэпIейтейуэ щыткъым. Абы къыхэ-кIыу ди бзэмрэ ди тхыдэмрэ теухуа дэтхэнэ зы Iуэхуми жэуаплыныгъэ тхэлъу дызэрыбгъэдыхьэным дыхэтщ», — жиIащ Ленэ.
  • Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэ лъахэхутэмкIэ къудамэм игъэлъэгъуэнущ анэдэлъхубзэр джыным теухуауэ ди щIэныгъэлIхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр, зэрырагъаджэ тхылъхэр. «Адыгэбзэм и махуэ» зыфIаща выставкэм Нэгумэ Шорэ теухуа плIанэпэ щхьэхуи хэтынущ. Фигу къыдогъэкIыж 2019 гъэр Нэгумэм и илъэсу зэрыщытымрэ абы и ныбжьыр илъэси 125-рэ зэрырикъумрэ. Адыгэбзэм и махуэр лъахэхутэ къудамэм къыдигъэлъэпIэнущ Налшык дэт гимназие №13 адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэ Жыкъуэ Сонярэ абы иригъаджэ цIыкIухэмрэ.
  • Шэрэдж Дисэ.