Илъэси 140-рэ гъуэгуанэ
2019-03-12
- Гъатхэпэм и 12-р Урысейм и уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм (УИС) и лэжьакIуэм и махуэщ. Ар къызэрызэрагъэпэщрэ нобэ илъэси 140-рэ ирокъу.
- КъБР-м щыIэ УФСИН-м IуэхущIапIэу 8 иIэщи, абыхэм ящыщу 5-р уголовнэ тезырхэр щапшыныжщ. Я лэжьыгъэм теухуауэ деп-сэлъащ Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и фе-деральнэ къулыкъум и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм и колоние №3-м и унафэщI къэрал кIуэцI къулыкъум и подполковник Мэршэнкъул Албэч.
- — ФСИН-м зэхъуэкIыныгъэ куэд игъуэтащ, ар кIуэ пэтми нэхъ зэIуха мэхъу. КъБР-м щыIэ УФСИН-м Тезырхэр щапшыныж и колоние №3 федеральнэ кIэзонэ IуэхущIапIэр мэлажьэ 1962 гъэм и гъатхэпэ мазэм къыщыщIэдзауэ. КъБАССР-м и МВД-м Тезырыр ткIийуэ щрахьэкI-щылажьэ и колоние №3-р къызэIухыным теухуа унафэ СССР-м и МВД-м и унафэщIым къищтауэ щытащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм и пэщIэдзэм. Абы лъандэрэ зэхъуэкIыныгъэ куэд игъуэтащ IэнатIэм. Иджы Уры- сей ФСИН-м и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм и ИК-3-м тезырыр щапшыныж нэхъапэми уголовнэ жэуапыр лъэхъуэщым щезыхьэкIауэ щыта цIыхухъухэм.
- Тутнакъэщым къыщыху- та дэтхэнэми уадэлэжьэн хуейщ лъэныкъуэ куэдкIэ, ахэр медицинэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ, хьэпшыпхэмкIэ, лэжьыгъэкIэ, кIэщIу жыпIэмэ, Iэмал имыIэу зыхуеинухэмкIэ къызэгъэпэщыныр ди къалэнщ.
- — Япэ игъэщыпхъэр, дауи, узыншагъэрщ.
- — Иужь илъэсхэм Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм щрагъэфIэкIуащ медицинэ хуэIухуэщIэр. ЩIэкIэ зэрахъуэкIащ флюрографие, эндоскопие, ультразвук, электрокардиограммэ Iэмэпсымэхэр, зыхуей псомкIи къызэрагъэпэщащ офтальмологие, оториноларингологие, урологие, трансфизиологие, дерматовенеро-
- логие кабинетхэр, мэлажьэ жьэн узыфэр къэзыхутэ щIыналъэ бактериологие лабораторэ.
- ИК-3-м къыщызэдгъэпэщащ следственнэ изоляторым хуэщIа пэш (ПФРСИ), зыхуей хуэдгъэзащ ди IуэхущIапIэм узыншагъэмкIэ и пунктыр. Ди IуэхущIапIэм и щIыпIэм дэтщ Урысей ФСИН-м и Медико-санитар часть №7 ФКУЗ-м и сымаджэщ. Абы и къудамэхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр хуащIэ Осетие Ищхъэрэ — Алание, Шэшэн, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щыIэ уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэхэм я нэIэм щIэт, пIалъэкIэ жылагъуэм пэIэщIэ ящIауэ тезырыр зыпшыныж цIыхухэм. УФСИН-м и дэтхэнэ медицинэ IэнатIэми мыхьэнэшхуэ иIэщ икIи, зрагъэужь, лэжьыгъэр йофIакIуэ икIи адрей щIыналъэхэм елъытауэ япэ итщ.
- Ди IуэхущIапIэм иIэжщ езым и щIакхъуэ гъэжьапIэ икIи тезырыр зыпшыныжхэр фIагъышхуэ зиIэ щIакхъуэкIэ, макаронхэкIхэмкIэ къызэрегъэпэщ. ШхапIэм къегъэщIылIа щIы кIапIэм щыIэщ теплицэхэр. 2018 гъэм тутнакъхэм я шхапIэр зыхуей хуэдгъэзащ, ерыскъыхэкIхэр щагуэш линэ къызэдгъэпэщащ. Мы зэманым долэжь Урысей ФСИН-м и МСЧ №7-м и соматикэ къудамэм и унэр сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщ щIыным. ДиIэщ тезырыр зыпшыныжхэр дихьэхыу зэджэ тхылъ куэдкIэ къызэгъэпэща библиотекэ, спорт зэмылIэужьыгъуэхэм хуэщIа щIыпIэхэр, мэжджыт. И кIэм нагъэс православнэ члисэ ухуэныгъэр. КъБР-м щыIэ УФСИН-мрэ дин IуэхущIапIэхэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ дин лэжьакIуэхэр щIэх-щIэхыурэ тут-накъэм яIуощIэ, ящхьэпэн лэжьыгъэ драгъэкIуэкI.
- Колонием къыщызэдгъэпэщащ адэ-анэ комитет, «Бжэ зэIухам и махуэ» идогъэкIуэкI. Я Iыхьлыхэм яхуэзэныр сэбэпышхуэщ тутнакъхэм я дежкIэ, Iыхьлыхэмрэ благъэхэмрэ яхыхьэжыным хуэпабгъэу, аргуэру зыкъыщIэмыгъэхуэным егупсыс мэхъури. Апхуэдэуи дадолажьэ КъБР-м ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ и уполномоченнэм и аппаратым, КъБР-мкIэ ОНК-м хэтхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэ-хэм.
- — Тезырыр зыпшыныжхэр лэжьыгъэм къыщыдэхуэ зэманыр пщIэншэу ямыгъэкIуэным мыхьэнэшхуэ иIэщ, ахэр сытым девгъэхьэхрэ?
- — Тутнакъхэр щэнхабзэ, физкультурэ, спорт Iуэхухэм зэрыдедгъэхьэхыным дыхущIокъу. IуэхущIапIэм щолажьэ тезырыр зыпшы- ныжхэм Iэмал имыIэу ягъуэтын хуей щIэныгъэр къызыщIах пщыхьэщхьэ школ, ар къэзыухым къэрал аттестат ират. КъищынэмыщIауэ, пIалъэкIэ жылагъуэм пэIэщIэ ящIа цIыхухэм Iэмал яIэщ ПУ №214-м пэщIэдзэ IэщIагъэ щызэрагъэгъуэтыну, ар къэзыуххэми къэрал свидетельствэхэр иратыж.
- — ЖыIэдаIуэхэм, тэмэму лажьэхэм тезырыр нэхъ щабэ щыхуащI къэхъурэ?
- — 2018 гъэр къапщтэмэ, нэхъ пасэу хуит ящIыжащ тутнакъ 50, суд зытращIыхьауэ 120-м щIигъум япшыныну къахуэнэжа пIалъэр тезыр нэхъ щабэкIэ хузэрахъуэкIащ, колоние поселением ягъэIэпхъуащ тутнакъ 30-м нэблагъэ.
- Къалэн мытыншыр хьэлэлу езыхьэкI ди лэжьэгъухэм сохъуэхъу я махуэмкIэ. Узыншагъэ, ехъулIэныгъэ фиIэну си гуапэщ.
- УЭРДОКЪУЭ Женя.
- Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.