Шумахуэ Владимир и вагъуэ нэхур
2019-03-12
- Шумахуэ Владимир ди республикэми гъунэгъу щIыналъэхэми фIы дыдэу къыщацIыху IэщIагъэлIт. Пэжыр зи гъуазэ цIыху гъэщIэгъуэныр, лэжьакIуэфIыр, Iуэху зыпэрытым гукIи псэкIи хуэпэжыр зыцIыхуу щытахэм зыри яхэт къыщIэкIынкъым абы пщIэ хуэзымыщIарэ псалъэ гуапэ хужызымыIэфынрэ. Къыдэлажьэу щытахэми и ныбжьэгъухэми гуапэу ягу къина Владимир псэужамэ, пщэдей и ныбжьыр илъэс 80 ирикъунут.
- Шумахуэ Владимир Салмэн и къуэр Черкесск къалэм 1939 гъэм гъатхэпэм и 13-м къыщалъхуащ. Абы и адэр Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и облисполкомым и унафэщIу, СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и япэ зэхыхьэм и депутату щытащ, Хэку зауэшхуэм хэкIуэдащ.
- Адэ и IэфI зыхэзыщIэну хунэмыса щIалэр театр гъуазджэм щыхуеджащ ТеатрымкIэ, музыкэмрэ кинематографиемкIэ Ленинград дэт институтым. Экзамен комиссэм и унафэкIэ Владимир къыфIащауэ щытащ «драмэ театрымрэ киномрэ я актёр» цIэр. Ар къиухыу къыщигъэзэжа 1962 гъэм абы лэжьэн щыщIидзащ Къэрэшей-Шэрджэс драмэ театрым и лъэпкъ труппэм.
- Владимир и анэ дэлъхур, 115-нэ шу дивизэм хэту зэуар, къагъэкIуат Къэбэрдей-Балъкъэрым, республикэм и районхэм ящыщ зым и дзэ комиссару. Аращ тезыгъэчыныхьауэ щытар зи щхьэгъусэр зимыIэж и шыпхъумрэ абы и къуэхэмрэ Налшык къэIэпхъуэну. Владимир, зэрыжытIащи, Iэмал иIакъым и адэм и чэнджэщ зэхихыну, и гуныкъуэгъуэхэр хуиIуэтэну. Абы щыгъуэми зэи къэнакъым «Си адэм сыт жиIэну пIэрэт, дауэ къыщыхъунут?» упщIэхэм ямыгъэпIейтейуэ, емыгупсысу, зэрыхузэфIэкIкIи гъуэгу захуэр къыхимыхыу. Арагъэнщ и къуэхэм гулъытэшхуэ яхуищIу, и псалъэ ярихьэлIэу езыр дунейм щIытетари. Балигъ хъуа, унагъуэ щхьэхуэу тIысыжа, ди республикэм фIы и лъэныкъуэкIэ къыщацIыху Руслан, Арсен, Залым сымэ Iуэху гуэр къыщрахьэжьэкIэ япэу зэгупсысыр зыщ: сыту пIэрэт иджыпсту ди адэм къыджиIэнур? Апхуэдэущ ахэр Владимир зэригъэсар: адэ губзыгъэм хуэщIын хуей нэмысымрэ пщIэмрэ Шумахуэхэ лъэпкъ хьэлу къадогъуэгурыкIуэ.
- 1967 гъэм КъБАССР-м и Музыкэ театрым и унафэщIым и къуэдзэу ягъэуващ Шумахуэр. Абы и нэIэм щIэту дунейм къытехьауэ щытащ Коган Лев игъэува «Лалуцэ», «Iэминат» япэ лъэпкъ балетхэр, Балэ Мухьэдинрэ Къардэн Хьэсэнрэ зэдатха «Мадинэ» оперэр. 1970 гъэм абы Налшык къалэ киносетым и унафэщI къулыкъур къыхуагъэфащэ. Илъэситху докIри, КПСС-м и республикэ комитетым пропагандэмрэ агитацэмкIэ и къудамэм и инструктор ящI. Зэман зэмылIэужьыгъуэхэм Шумахуэр щытащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Налшык щэнхабзэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзым и райкомым я унафэщIу. 1990 гъэм ар ягъэкIуащ Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Гуащэ театрым икIи псэуху, 2017 гъэм фокIадэм и 7 хъуху, а къулыкъум пэрытащ.
- Езыми ар зи унафэщI гупми гугъуехь Iэджэ зэпачащ жыпIэнри, зыри жэмыIэххэнри зыщ. IуэхущIапIэм езым и унэ е пэш щхьэхуэ зэримыIар нобэр къыздэсми зэримыIэр, зэрызекIуэн машинэ зэрахуримыкъур, артистхэм я улахуэр зэрымащIэр, нэгъуэщIхэри лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу къызэгъэпэщыныр къэзылъахъэт. Апхуэдэу илъэс 25-кIэ лэжьащ Владимир, зэи мытхьэусыхэу, зэрыхузэфIэкIкIэ Iуэху къиинхэм къапикIухьу.
- — Сабийхэр революцэмкIи къэралым къыщекIуэкI мыхъумыщIэхэмкIи къуаншэкъым, — жиIэрт абы. — Сабийр сабийуэ къэнэн хуейщ, и ныбжьым елъытауэ илъагъун, зыхищIэн хуей псори къахузэдгъэпэщыну ди къалэнщ. Дэ псори сабиигъуэм дыкъыхэкIащ. Ар зыщывмыгъэгъупщи, псори тэмэм хъунущ.
- Зы Iуэхум, зы лэжьапIэм и къару зэ-ман кIыхькIэ ирихьэлIэну Iэмал иIакъым Владимир. Ауэ сыт хуэдэ къалэн пщэрылъ къыщащIами, ар нэсу, зыхуей хуэзэу зэрызэфIихыным сытым дежи яужь итащ, ар мыIейуи зэрызригъэхъулIэфу щытам пцIы хэлъкъым.
- Шумахуэ Владимир и зэфIэкIхэр, зэрыгумызагъэр, и щIэныгъэр къалъытэри, Лениныр къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу къыдагъэкIа «И лэжьыгъэфIым папщIэ» медалыр 1970 гъэм къратауэ щытащ. 1985 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и унафэ- кIэ, абы къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. Апхуэдэуи абы къыхуагъэфэщащ «Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» (2001), «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист» (2016) щIыхьыцIэхэр.
- Зи зэфIэкIри, Iуэху бгъэдыхьэкIэри щапхъэ, цIыху гумащIэ, сытым дежи зыкъыпщIигъэкъуэну хьэзыр, унагъуэлI щыпкъэ Шумахуэ Владимир Салмэн и къуэм ди хъуэхъу псалъэ зыхедгъэхыну сыт нэхъри нэхъ къэтщтэнт. Ауэ, гъащIэм зэрихабзэщи, ар нобэ къытхэтыжкъым, абы дыхуэфащэу, и фэеплъыр дгъэлъапIэу, ар тщымыгъупщэу дыпсэуну си гуапэщ.
- КЪУДЕЙ Владимир.