ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Сэ зыкъэслъыхъуэжу»

2019-03-12

  • Мейкъуапэ дэт «Полиграф-ЮГ» тхылъ тедзапIэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ илъэс куэд щIауэ США-м щыпсэу адыгэ тхакIуэ Натхъуэ Къадыр «Сэ зыкъэслъыхъуэжу» («В поисках себя») зыфIища и тхылъыр.

  • «Сэилъэс куэд къэзгъэщIащ, пщIэ зыхуэсщI тхылъеджэ, — зыкъыщытхуегъазэ тхьэмадэм и IэдакъэщIэкIым и пэублэм. — Бэлыхь куэд зышэча си лъэпкъри, Урысейм щыпсэу адрей лъэпкъхэри гугъу дыдэ ще-хьа лъэхъэнэм сыхиубыдащ сэ. А псом си гъащIэми, узыщIэхъуэпсын куэд зымылъэгъуа си ныбжьэгъухэм я псэукIэми лъэужь IупщI къытринащ. Иджы, жьыхуегъэзэкI сыхъуу илъэс блэкIахэм я къэпщытэжыгъуэр къызэры-
  • сар щызыхэсщIэм, сигу къэкIащ нэгъуэщI лъэхъэнэм хиубыда зи зэманыгъуэхэм си нэгу щIэкIахэмкIэ садэгуэшэну, къэскIуа гъуэгуанэ мытыншым щызэхуэсхьэса гукъэкIыжхэм хэзгъэплъэну».
  • Езыр къыщыхъуа ХьэтIрамтIыгу къуажэм, и адэ-анэхэу Гуащэмахуэрэ Исхьэкърэ я деж къыщрегъажьэ-ри, Къадыр нобэ щыпсэу Нью-Йорк къыщыхутэн и пэкIэ и нэгу щIэкIахэр къытхуеIуатэ. США-м щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу лэжьа, «Адыгэ вагъуэ» («Circassian star») журналыр илъэс куэдкIэ къыдэзыгъэкIа, хэхэс гъащIэм пыщIа гугъуехь псори илрэ и фэкIэ зыхэзыщIа лIы губзыгъэм и гукъэкIыжхэр нэхъри нэхъ щIэщыгъуэ ящI ар цIыху щхьэхуитым, зымыдэн гуэрым хуемыплъэкIым зэритхам. Тхылъыр гъэнщIащ сурэтхэмрэ дэфтэрхэмкIэ, тхылъеджэм гу къабзэкIэ зыхуэзыгъазэ тхакIуэм и бзэ тыншкIэ ар тхащ.
  • «СыщыадыгэкIэ, ауэ тIэкIуи сыщыамериканкIэ, сыныволъэIу адыгэ хабзэм сызэре-бэкъуам щхьэкIэ къысхуэвгъэгъуну, — щетх Къадыр пэублэм и кIэухым. — ЦIыхухэм зэхахыу, зи гугъу сщIы илъэсхэм сыт щыгъуи къыскъуэта, си псэм пэсщI си щхьэгъусэ Сухьэд фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейт, сыту жыпIэмэ, абы и лъагъуныгъэр зыхэзмыщIамэ, сытримыгъэгушхуамэ, зыри къызэхъулIэххэну-тэкъым. Мы тхылъыр зыхуэзгъэфащэри Сухьэдщ».
  • Зи гугъу тщIы тхылъым щыщ напэкIуэцIхэр дымыгъэгувэу ди щIэджыкIакIуэ-хэм папщIэ адыгэбзэм къидгъэзэгъэну ди мурадщ.
  •  
  • ЧЭРИМ  Марианнэ.