ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-02-14

  • Мазаем и 14, махуэку
  • ЗэгуэкIуахэм я дунейпсо махуэщ
  • Тхылъхэр саугъэт щIыным и дунейпсо махуэщ
  • Компьютерхэр зэпкърызылъхьэхэм, ахэр зэтезыухуэхэм я махуэщ
  • 1848 гъэм зэращIылIа мамырыгъэ зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ Мексикэм Техас штатыр США-м иритащ.

  • 1918 гъэм «ЛэжьакIуэхэмрэ мэкъумэшыщIэхэмрэ я социалистическэ Флот Плъыжьым теухуауэ» унафэр ЦIыхубэ комиссархэм я советым къыдигъэкIащ. СССР-м и Дзэ-Тенджыз Флотыр къыщызэрагъэпэща махуэу ягъэлъапIэу щытащ.
  • 1918 гъэм Совет Урысейр григориан махуэгъэпсым техьащ.
  • 1943 гъэм советыдзэхэм Ворошиловград, Дон Iус Ростов къалэхэр фашистхэм къыIэщIагъэкIыжащ.
  • 1945 гъэм США-м и кхъухьлъатэхэм Прагэ къалэм лагъымхэр щрадзыхащ. Iуэхур зэхагъэкIа нэужькIэ наIуэ къызэрыхъуамкIэ, кхъухьлъатэхэр здэкIуэр Дрезден къалэрт, ауэ гъуащэри, Прагэ щхьэщыхьауэ арат. Абы щыгъуэ мамыру псэу цIыху 701-рэ хэкIуэдауэ, 1184-рэ уIэгъэ хъуауэ щытащ.
  • 1952 гъэм Норвегием и къалащхьэ Ослэ къыщызэIуахащ VI ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр мазаем и 25 пщIондэ екIуэкIащ.
  • 1988 гъэм Ленинград ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и библиотекэм мафIэсышхуэ дыдэ къыщыхъуащ. Абы хисхьауэ щытащ тхылъ мелуаниплI.
  • 2005 гъэм иджыпсту цIыху куэд дыдэм къагъэсэбэп хъуа YouTube сервисыр къызэрагъэпэщащ.
  • Кавказым и тхыдэдж, адыгэхэм куэдрэ ятетхыхьа генерал-лейтенант Потто Василий къызэралъхурэ илъэси 183-рэ ирокъу.
  • Франджы сурэтыщI цIэрыIуэ Моне Клод къызэралъхурэ илъэси 179-рэ ирокъу.
  • Урысей еджагъэшхуэ, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, СССР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Капицэ Сергей къызэралъхурэ илъэс 91-рэ ирокъу.
  • Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, 1997 — 2000 гъэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу щыта Акъбащ Борис къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
  • УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, дунейпсо зэпеуэ куэдым я лауреату щыта Герман Аннэ къызэралъхурэ илъэс 83-рэ ирокъу.
  • Совет актёр, кинорежиссёр, УФ-м и цIыхубэ артист Ерёменкэ Николай къызэралъхурэ илъэс 70 ирокъу.
  • КъБР-м промышленностымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, политик Атэлыкъ Анатолий къызэралъхурэ илъэс 68-рэ ирокъу.
  • УФ-м и Къэрал Думэм и депутат, «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» фракцэм и унафэщI Миронов Сергей и ныбжьыр илъэс 66-рэ ирокъу.
  • Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Батыр Умар и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу.
  • «Советская молодёжь» газетым жэуап зыхь и секретарь, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Къардэн Маринэ къыщалъхуа махуэщ.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ, къешх-къесу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 3 — 6, жэщым 1 градус щыхъунущ.
  • Мазаем и 15, мэрем
  • Лышх узыр зэфыкI сабийхэм ядэIэпыкъуным и дунейпсо махуэщ
  • Урысей Федерацэмрэ Беларусь Республикэмрэ щагъэлъапIэ я къалэн ягъэзащIэу нэгъуэщI къэралхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэр
  • Сербие Республикэм и къэралыгъуэм и махуэщ
  • Канадэм и лъэпкъ ныпым и махуэщ (ар 1965 гъэм къащтауэ щытащ)
  • США-м и президентхэм я махуэщ
  • 1895 гъэм макъамэм щыхурагъаджэ урысей академиер, абы и къызэгъэпэщакIуэ Гнесин зэшыпхъухэм я цIэхэр зезыхьэр, къызэIуахащ.
  • 1919 гъэм Петроград театрыщIэ къыщызэIуахащ. Иджыпсту ар Товстоногов Георгий и цIэр зезыхьэ Драмэ Театр Инырщ (БДТ).
  • 1921 гъэм НКВД-м хыхьэу гъунапкъэхъумэ дзэхэр къызэрагъэпэщащ.
  • 1947 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIащ совет цIыхухэм нэгъуэщI къэралхэм щыщхэм нэчыхь хуаIэну хуит зымыщI унафэ.
  • 1957 гъэм Громыкэ Андрей СССР-м нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министру ягъэуващ. Илъэс щэщIым нэблагъэкIэ тетащ ар а къулыкъум.
  • 1960 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
  • 1976 гъэм Инсбрук (Австрие) щызэхуащIыжащ ХII ЩIымахуэ Олимпиадэр.
  • 1989 гъэм советыдзэхэр Афганистаным къишыжыныр зэфIэкIащ. Абы 1988 гъэм накъыгъэм и 15-м щIадзат.
  • 1994 гъэм УФ-м и президент къулыкъум и дамыгъэу къыщащтат Урысей Федерацэм и Президентым и Штандартыр — мыхьэнэ хэха зиIэ ныпыр.
  • Италием щыщ, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа щIэныгъэлI щэджащэ Галилей Галилео къызэралъхурэ илъэс 455-рэ ирокъу.
  • Тэтэр усакIуэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь Джалиль Муса къызэралъхурэ илъэси 113-рэ ирокъу.
  • Япэ адыгэ сурэтыщI-скульптор Къалмыкъ Фёдор къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
  • Къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-мрэ КъШР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Зумакулов Борис и ныбжьыр илъэс 79-рэ ирокъу.
  • Мэкъумэш щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шыдакъ Рашид и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
  • Израилым щыпсэу адыгэхэм ящыщ, щIэныгъэхэм я доктор, Кавказымрэ Шэрджэс щIыналъэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Хъун Яхья и ныбжьыр илъэс 49-рэ ирокъу.
  • Дунейм и щытыкIэнур
  • «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ, къешх-къесу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 1 — 2, жэщым 1 градус щыхъунущ.