Мы махуэхэм
2019-01-12
- ЩIышылэм и 12, щэбэт
- Урысей Федерацэм и прокуратурэм и лэжьакIуэм и махуэщ. 1722 гъэм Пётр Езанэм къэрал органыщIэ — Урысейм и прокуратурэр — къызэригъэпэщащ. Урысейм и япэ прокурору ягъэуват Ягужинский Павел.
- 1820 гъэм Инджылызым къыщызэрагъэпэщащ Пащтыхьыгъуэм и астрономие зэгухьэныгъэ.
- 1922 гъэм Къэрэшей-Шэрджэс АО-р къэунэхуащ.
- 1936 гъэм «Локомотив» спорт зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
- 1945 гъэм советыдзэхэм Вислэ, Одер псыхэм деж щебгъэрыкIуэн щIадзащ. ЩIышылэм и 12 — мазаем и 3-хэм екIуэкIа а зауэшхуэм мыхьэнэшхуэ иIащ Польшэр фашистыдзэхэм къаIэщIэгъэкIыжынымкIэ.
- 1950 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищтащ Хэкум епцIыжахэм, нэгъуэщI щIэпхъаджагъэ хьэлъэ зылэжьахэм я судыр укIкIэ ящIэну хуит зыщI унафэ. Ди къэралыр абы тетащ 1996 гъэ пщIондэ.
- Франджы тхакIуэ, усакIуэ, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа таурыхъ куэд зи къалэмыпэм къыщIэкIа Перро Шарль къызэралъхурэ илъэс 391-рэ ирокъу.
- Америкэм щыщ тхакIуэ цIэрыIуэ Лондон Джек (и цIэ-унэцIэ дыдэр Джон ГриффитЧейнищ) къызэралъхурэ илъэси 143-рэ ирокъу.
- Совет физик цIэрыIуэ, СССР-м япэ атомнэ бомбэ щызыщIа гупым и унэтIакIуэу щыта Курчатов Игорь къызэралъхурэ илъэси 116-рэ ирокъу.
- Академик, Социалист Лэжьыгъэм тIэунейрэ и ЛIыхъужь Королёв Сергей къызэралъхурэ илъэси 112-рэ ирокъу.
- Техникэ щIэныгъэхэм я доктор, РСФСР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Къатхъэн Чэрим къызэралъхурэ илъэси 103-рэ ирокъу.
- Композитор, пианист цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист Паулс Раймонд и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу.
- ЩIДАА-м и академик, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Жылагъуэ палатэм хэт, Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и унафэщI Уэхъутэ Александр и ныбжьыр илъэс 71-рэ ирокъу.
- УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Урысей Федерацэм и Къэрал саугъэтым и лауреат Литвиновэ Ренатэ и ныбжьыр илъэс 52-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2 — 5, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.
- ЩIышылэм и 13, тхьэмахуэ
- Урысей Печатым и махуэщ. УФ-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1991 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м къищта унафэм ипкъ иткIэ ягъэуващ.
- 1703 гъэм Пётр Езанэм и унафэкIэ къыдэкIащ «Ведомости о военных и иных делах» урысейпсо газетым и япэ номерыр.
- 1830 гъэм «Литературная газета» газетым и япэ номерыр къыдэкIащ.
- 1858 гъэм къагъэсэбэпу щIадзащ япэ урысей пощт маркэр.
- 1872 гъэм Урысейм лэжьэн щыщIидзащ дуней щытыкIэм кIэлъыплъ, къэунэхуну махуэм ар зыхуэдэнур къэзыхутэ IуэхущIапIэм.
- 1874 гъэм Урысейм и пащтыхь Александр II къыдигъэкIащ «Дзэм къулыкъу щыщIэным теухуа Уставыр». Зи ныбжьыр илъэс 21-рэ ирикъуа цIыхухъум абы къалэн щищIырт къэралым къулыкъу хуищIэн хуейуэ.
- Физик цIэрыIуэ, СССР-мрэ Украинэмрэ щIэныгъэхэмкIэ я академиехэм я академик Лифшиц Илья къызэралъхурэ илъэси 101-рэ ирокъу.
- «Адыгэ псалъэ» газетым и къудамэм и унафэщI, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Уэрдокъуэ Женя къыщалъхуа махуэщ.
- Актрисэ, режиссёр, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Апексимовэ Иринэ и ныбжьыр илъэс 52-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2 — 3, жэщым щIыIэр градуси 4 — 2 щыхъунущ.
- ЩIышылэм и 14, блыщхьэ
- МахуэгъэпсыжьымкIэ (Юлиан еймкIэ) ИлъэсыщIэм и япэ махуэщ
- Узбекистаным щагъэлъапIэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэр
- 1700 гъэм Пётр Езанэм унафэ ищIащ европэ къэралхэм щыпсэухэм я щыгъынхэм хуэдэхэмкIэ пщы псоми захуэпэн хуейуэ.
- 1814 гъэм Санкт-Петербург къыщызэIуахащ Императорым и библиотекэр. Абы тхылъ къыIах хъунут апхуэдэ гупыж зыщI дэтхэнэми.
- 1921 гъэм Налшык къыщызэIуахащ къэрал библиотекэ.
- 1929 гъэм Москва областыр къызэрагъэпэщащ.
- Адыгэпщ, Урысейм и къэрал лэжьакIуэ, дзэ къулыкъущIэ Черкасский Дмитрий (Къанщауэ) къызэралъхурэ илъэс 438-рэ ирокъу.
- Адыгэ тхакIуэ ЩакIуэ Талъостэн къызэралъхурэ илъэси 129-рэ ирокъу.
- Совет тхакIуэ, Сталиным и цIэкIэ щыIа саугъэтыр зрата Рыбаков Анатолий (и унэцIэ дыдэр Наумовщ) къызэралъхурэ илъэси 107-рэ ирокъу.
- Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Шэвлокъуэ Валентин и ныбжьыр илъэс 83-рэ ирокъу.
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, уэрэджыIакIуэ Уэтэр Анатолэ къызэралъхурэ илъэс 78-рэ ирокъу.
- Совет хоккеист, Олимп джэгухэм тIэунейрэ (1972, 1976 гъэхэм) щытекIуа, дунейми Европэми мызэ-мытIэу я чемпиону щыта Харламов Валерий къызэралъхурэ илъэс 71-рэ ирокъу.
- Педагогикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Емуз Нинэ къыщалъхуа махуэщ.
- УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ Самохинэ Аннэ къызэралъхурэ илъэс 56-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 3, жэщым щIыIэр градуси 3 щыхъунущ.