Афияным зыщахъумэным къыхураджэ
2019-01-12
- «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ я шынагъуэншагъэмрэ теухуауэ» урысейпсо акцэм и етIуанэ Iыхьэм хиубыдэ Iуэху Дзэлыкъуэ районым щекIуэкIащ», — къет КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэм.
- КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зегъэкIуэным кIэлъыплъынымкIэ и управленэмрэ Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районым щиIэ къудамэм Балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэмрэ я лэжьакIуэхэм Шордакъ къуажэм дэт школым щрагъэкIуэкIащ акъылыр зыгъэутхъуэ, узыншагъэм зэран хуэхъу веществохэр зэпхьэлIэ зэрымыхъунум, апхуэдэ щхъухьхэр къэзыгъэсэбэпхэм къащыщIынкIэ хъунухэм теухуа псалъэмакъ. Абы едэIуащ Шордакъ, Белокаменскэ къуажэхэм дэт еджапIэхэм я 9 — 11-нэ классхэм щIэсхэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ.
- ЗэIущIэм хэтахэм ягу къагъэкIыжащ наркотикыр хабзэм къемызэгъыу игъэкIыным пыщIа щIэпхъаджагъэ зылэжьхэм жэуаплыныгъэ зэрахьыр, тепсэлъыхьащ цIыхум и Iэпкълъэпкъыр зэтезыкъутэ наркотикхэкIхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ веществохэмрэ зэхьэлIэным кърикIуэхэм, апхуэдэуи ныбжьыщIэхэр зыщIэупщIахэм жэуап иратащ.
- — Ди къару псори хуэунэтIащ афияным пэщIэтыным, фэри апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэм фыхашэныр къэмыгъэхъуным. Зэ нэхъ мыхъуми наркотик зэфхьэлIэну къыфхуэзыгъэлъагъуэхэм фемыдаIуэ, абы фи къэкIуэну гъащIэр зэридзэкIынущ, — къыхагъэщащ абыхэм.
- ХьэщIэхэм ныбжьыщIэхэр къыхураджащ мыхъумыщIагъэхэм зыдрамыгъэхьэхыну.
- Бахъсэн Ланэ.