ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъэкIуэну зэманым псэуну щIэблэм яхуэгъэза тхыгъэхэр

2018-12-22

  • Зэман зызыхъуэжым цIыхухэм я псэукIэми, зэхэтыкIэми зыдехъуэж. ЩIэх-щIэхыурэ зэхыбох нэхъыжьхэр щIалэгъуалэм я хуэхъущIэу, я дуней тетыкIэм, зыхуэпэкIэм, я хьэл-щэным дагъуэ хуащIу. ЖыпIэнурамэ, сыт зэмани урохьэлIэ гупсысэкIэкIи IуэхущIафэкIи удэзымыхьэх, уеблэмэ гущыкIыгъуэ ныбжьыщIэхэм. КъызэрыслъытэмкIэ, къызыхэхъукI гъащIэм и гъуджэщ зи щIалэгъуэр. КъэкIуэну гъащIэр зэрыщытынур абыхэм щелъытакIэ, жылагъуэм и къалэнщ абыхэм яхуэфащэ гулъытэ яхуищIыну, зрикIуэну гъуэгур яхухишыну.

  • Вэрокъуэ Алинэ

  • Лу Ренат

  • Куэду уи гур хэзыгъахъуэ, гупсысэкIэ хьэлэмэтхэр къэзыгъэлъагъуэ яхэтщ нобэрей ди ныбжьыщIэхэм. Абыхэм ящыщщ Налшык къалэ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт, «Сабий зэчиифIэхэм я академие «ДыгъафIэ къалэм» щеджэхэр. Нэхъри щIэгъэхуэбжьауэ предметхэр зэраджым хуэдэу, абыхэм я акъылми я бзэми хьэлэмэту зрагъэужь, балигъ гупсысэкIэ ядыболъагъу, иджырей зэманым хуэфэщэн, лъэпкъым и къэкIуэнур зыщыгугъын щIэблэу къызэрытэджым шэч къытепхьэркъым.
  • ФIагъыу яхэлъым щыщщ а ныбжьыщIэ цIыкIухэм я анэдэлъхубзэр фIыуэ зэралъагъур, я тхыбзэри жьэрыIуатэбзэм хуэдэу зэрышэрыуэр. Ди газетым и щIэджыкIакIуэхэр щыгъуазэ сщIыну си гуапэщ «ДыгъафIэ къалэм» и 11-нэ классым щеджэ Вэрокъуэ Алинэрэ 10-нэ классым щIэс Лу Ренатрэ я тхыгъэхэм.
  • «Илъэс тIощIитI хуэдэ дэкIмэ, псэуну ныбжьыщIэхэм яхуэгъэза псалъэ» ятхыну пщэрылъ зыхуащIа еджакIуэхэм я лэжьыгъэхэм щыщщ къыкIэлъыкIуэну тхыгъитIыр.
  • Вэрокъуэ Алинэ:
  • «Сэлам узох, си ныбжьэгъущIэ! Си Iэрытхыу уэ къыпIэрыхьам умыпIащIэу нэкIэ ирижэт. Мыбы щIэлъ гупсысэр къыбгурыIуэн папщIэ, ар зэрытха бзэр пщIэн хуейщ! УарихьэлIэрэ къызэрыгуэкI, уэ пцIыху псалъэхэм? Хьэмэрэ къыбгурымыIуэ хамэбзэу щыт, зэгуэр пIурылъауэ иджы хамэ пхуэхъуауэ зи еджэкIи псалъэхэм къарыкI мыхьэнэи уи дежкIэ гурыIуэгъуейуэ?
  • УехъулIащ, си Iэрытхым уеджэну пхузэфIэкIамэ: ар блэкIа гъащIэм щыщ зы мащIэ тIэкIум нэIуасэ ухуэзыщI гъуэгуанэгъэлъагъуэщ, ауэ къызэрыгуэкI ныбжьыщIэм и IэдакъэщIэкIщ. Си гугъэщ уэ ущыгъуазэу мыпхуэдэ жыIэгъуэм: щIэныгъэр — къарущ. Къарури зэщхьэщокI къикI мыхьэнэкIэ, къызэщIиубыдэ IуэхугъуэкIэ. Хэт ищIэрэ, бзэ щымыIэжхэм елэжь щIэныгъэлI къэплъыхъуэнкIэ хъунущ, мы си тхыгъэр зэрытха бзэр къэпхутэн папщIэ. Е а зэманым лъэпкъыбзэ кIуэдыжхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащIу щIадзэнкIэ хъунущ, ауэ ари зыхузэфIэкIынур щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ, мылъкуаблэу щымыт гуэрщ, и къэкIуэным игъэпIейтейрэ къызыхэкIам и хабзэ, нэмыс, и хьэл-щэн гуэрхэр зэрыхузэфIэкIкIэ ихъумэжыныр и нэрыгъыу. Дауи, сэ сыщыгъуазэкъым а зэманым ирихьэлIэу бзэм къыщыщIынкIэ хъунум, ауэ си гупсысэр къэсIуэтауэ аращ, сызытепсэлъыхьым куу дыдэу сыпхрымыплъыфми.
  • Мы сатырхэм унэсауэ уеджэмэ, ар ехъулIэныгъэшхуэщ уи дежкIи си дежкIи. Си тхыгъэмкIэ мурадышхуэ субзыхуауэ щымытми, абы мыхьэнэ гуэр иIэу къызолъытэ. Сэ сытепсэлъыхьыну сыхуейт цIыхухэр куэд щIауэ зыгъэпIейтей, сэри гуныкъуэгъуэ къызэзыт, си псэр куэд щIауэ зэхэзехуэн зыщI Iуэхугъуэхэм. Сыхуейт си псэм а и пIейтеигъэр мыбы еджэм дежи нэсхьэсыну, зыхезгъэщIэну.
  • ИщхьэIуэкIи зэрыжысIащи, сэ иджыри сыныбжьыщIэ цIыкIущ, икIи сызытепсэлъыхьыну сызыхуейр куууэ, и щIэм нэсу къысхуэмыIуэтэнкIи хъунщ. Ауэ уэ зыгуэрым удихьэхмэ (шэч абы къытесхьэркъым), гугъу лъэпкъ удемыхьу узыхуеину псори архивхэм, щIэныгъэ литературэхэм къыщыбгъуэтыфынущ. Си упщIэхэр зэкIэлъыкIуэу, я мыхьэнэкIи зэпхауэ щытщи, сэ упщIэхэр узот, уэ абыхэм жэуап къахуболъыхъуэ. Япэ упщIэм етIуанэри епхащ и гупсысэкIэ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм арэзы утехъуэрэ? Си гугъэщ дызэгурыIуауэ.
  • КъэкIуэнум сегупсысурэ, япэу сигу къэкIа упщIэр мыращ: тхылъымпIэр къызэрывгъэсэбэпыр мащIэ хъуа хьэмэрэ къэвмыгъэсэбэпыжыххэрэ? Е «гаджет» жыхуэтIэу иджыпсту дызэщIэзыщтар щытепщэ зэман? СызэригугъэмкIэ, абыхэм я уасэр нэхъ пудынущ, тхылъым нэхърэ. Къулеягъыу къалъытэу пIэрэ къалэм жыг хадэ цIыкIу ущиIэныр? Къалэ паркым къыщыфкIухьын папщIэ уасэ щIэфтрэ, музейм е зоопаркым фызэрыкIуэм хуэдэу? Арауэ щытмэ, абы къыщIах ахъшэр щIыналъэр нэхъ дахэ щIыным, щIыуэпсыр егъэфIэкIуэным трагъэкIуадэу жаIэрэ? Си гугъэщ, «трагъэкIуадэ» псалъэм щIэлъ гупсысэр гурыIуэгъуэ пщыхъуауэ. ЩIыуэпсым и дэтхэнэ зы Iыхьэри зыр адрейм пыщIащ: зым ныкъусаныгъэ гуэр къылъысмэ, адрейми абы и зэраныгъэ йокI.
  • Тхылъ Плъыжьым ихуахэм я бжыгъэр дэнэ нэса? Тхылъ ФIыцIэм и инагъым зихъуэжакъэ? Сыт уэ пщIэр, къаплъэнхэм е аслъэнхэм ятеухуауэ? Сыт хэхауэ абыхэм я цIэ къыщIисIуар? Ахэращ япэ дыдэу сигу здэжэр къэкIуэнум сыщегупсыскIэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ къэхъугъэм абыхэм нэхъ псэущхьэ дахэрэ зэкIужрэ яхэмыту къысщохъу. А псэущхьэхэм дунейр къызэригъэщIрэ яхуэлъэщ цIыхухэри. Жэуап гуэр яхьу пIэрэ ахэр къэзыукIхэм? Сыт хуэдэ тезыру пIэрэ абыхэм тралъхьэр? Сыт хьэкIэкхъуэкIэхэр апхуэдэу кIуэдыжыным щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэ хуэхъур? Дунейм и къэхъукъащIэ IэубыдыпIэншэхэра хьэмэрэ цIыхухэм я гущIэгъуншагъэра? КъэкIуэну зэманым къыщыхутэну хуей дэтхэнэ зы ныбжьыщIэми хуэдэу, сэри сыхуейщ тхылъеджэм и гъуэгур хузэIузыхыу абы и акъылым зезыгъэужьхэм ящыщ зы сыхъуну».
  • Лу Ренат:
  • «Си тхыгъэр зыхуэгъэзар къэкIуэну щIэблэрщ. Сэ Къэрэгъэш къуажэ цIыкIум сыкъыдэкIащ. Сыт хуэдэ лъэхъэнэми цIыхухэр тхыдэм дехьэх. Сэри абыхэм сащыщщ. Сыдихьэхыу соджэ къэралхэм, лъэпкъхэм я тхыдэм теухуа гъэщIэгъуэн куэдым, апхуэдэу цIыху щхьэхуэхэм я гукъэкIыжхэми сыдехьэх. Абыхэм уи пащхьэ къыщызэIуах Iуэхугъуэ куэдым я къекIуэкIыкIар, цIыхухэм я псэукIа, я зэхэтыкIа, уеблэмэ я зыхуэпэкIэу щытахэр.
  • Къапщтэмэ, илъэс тIощIитI хуэдэ дэкIмэ, ди гъащIэм къыпхуэмыцIыхужу зэрызихъуэжынум шэч къытесхьэркъым. «Сыту пIэрэ тхыдэмкIэ тхылъхэм иратхэнур, хъыбару жаIэжынухэм нэхъ къыщыхагъэщынур сыт хуэдэ Iуэхугъуэхэрауэ пIэрэ?» — жысIэу согупсыс. А къэкIуэну зэманым хэпсэухьыну си ныбжь еджакIуэ цIыкIухэм си сабиигъуэм сахутепсэлъыхьын хуей хъумэ, сыту пIэрэ яжесIэфынур? ЩIэх-щIэхыурэ согупсыс абы, сигукIэ зэхызолъхьэ псалъэмакъ екIуэкIынур:
  • — Зэман тынштэкъым ар. Пэжщ, дызэщыхуэпыкIат, ерыскъыр пэрыхьэтт, дызыхуэныкъуэ щыIэтэкъым. Ауэ зэхъуэкIыныгъэхэр щIэх-щIэхыурэ щекIуэкI зэманти, абыхэм балигъи сабии зэхэзещхъуэн ящIырт. Телевизорыр, телефоныр, компьютерыр щытепщэ лъэхъэнэт. Ауэ абы сэбэпынагъыу хэлъым хуэдизкIи зэран къытхуэхъурт. Хьэуам зэрыхуэныкъуэм хуэдизкIэ а зи гугъу сщIахэм дахьэхыр куэд хъурт, зэман куэдыIуэ трагъэкIуадэрт.
  • КъинэмыщIауэ, гъэсэныгъэ тэмэм зыхэмылъ зиIэ щIалэгъуалэ куэдрэ урихьэлIэрт. КъуейщIеягъыу яхэлъым, зэраныгъэу зэрахьэм ищIыIужкIэ, адэ-анэм «я пщэдыкъ дэсыр» гъунэжт, абыхэм къалэжьа мылъкум хэджэгухьу. Уеблэмэ, фадафэхэм, тутынафэхэм уарихьэлIэрт. Къэзыухъуреихь щIыуэпсым и къабзагъыр къызыфIэмыIуэхухэр сыту куэд хъурэт! Абыхэм ткIийуэ япэщIэт цIыху щхьэхуэхэр, IуэхущIапIэ гуэрхэр мыхъуатэмэ, ди щIы хъурейр пхъэнкIийм зэщIиблэнкIэ хъунт.
  • ЦIыхухэм я зэхущытыкIам ущIэупщIэмэ, нэхъыбэу узрихьэлIэр щхьэхуещэхэрат, нэгъуэщIым и гукъеуэмрэ гузэвэгъуэмрэ зыхэзымыщIэхэрт. Абы къыдэкIуэу жумартагъ, гущIэгъу зыхэлъри мащIэтэкъым, абы и лъэныкъуэкIэ цIыхухэм щапхъэ яхуэхъу куэди щыIэт.
  • АдэкIи зезгъэубгъуфынут си хъыбарым, ауэ си фIэщ хъуркъым мы «зи щхьэфэ сиIэба» Iуэхугъуэхэр къэкIуэну щIэблэм яфIэгъэщIэгъуэныну. Абы къыхэкIыу, чэнджэщ зыбжанэкIэ захуэзгъэзэнут щIалэгъуалэм: нэхъыжьхэм я жыIэ фытет, «дыадыгэщ» жыфIэу фыкIийуэ фыдэмыту, адыгагъэр зэрыфхэлъым щыхьэт техъуэ Iуэхухэр влэжь, сэбэп фызэрыхъуным яужь фит! ЩIыуэпсыр фхъумэ!».
  • ЩОДЖЭН Iэминат.