ЗэгурыIуэм и лъабжьэр
2018-11-17
- ЩэкIуэгъуэм и 12 — 15-хэм Налшык къалэм щекIуэкIащ «Щэнхабзэр зэгурыIуэм и лъабжьэщ» зэхыхьэр. Абы хэтащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм, Осетие Ипщэм, Абхъазым я лIыкIуэхэр (библиотекэхэм, музейхэм я лэжьакIуэхэр, художественнэ гупхэм я унафэщI-хэр, н).
- ЩэкIуэгъуэм и 13-м хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ «стIол хъурей» щрагъэкIуэкIащ Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм, терроризмэм пэщIэтынымкIэ лэжьыгъэм щытепсэлъыхьу. Апхуэдэуи ахэр зэчэнджэщащ щIыналъэхэм я щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм зэфIагъэкIымрэ щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэнымкIэ щIапхъэм теухуауэ.
- Пщыхьэщхьэм Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм пшыхь гукъинэж щекIуэкIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэр хэту.
- Япэ къатым хьэщIэхэр щеплъащ Кавказым и сурэтыщIхэм-рэ Налшык къалэм ГъуазджэхэмкIэ и сабий школ №1-м и гъэсэнхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм.
- — КъБР-м и Парламентым къыбгъэдэкIыу фIэхъус гуапэкIэ зыфхузогъазэ мы зэхыхьэм и къызэгъэпэщакIуэхэми абы хэтхэми. Мы Iуэхур мыхьэнэшхуэ зиIэщ, Кавказым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм дызэрешалIэри, — жиIащ КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ и комитетым и унафэщI Пащты Борис. — Шэч хэмылъу, мыпхуэдэ зэхыхьэхэм лъэпкъ зэхущытыкIэхэр ирагъэфIакIуэ. Нобэ дригушхуэу жытIэфынущ, дыкъызыхэкIа лъэпкъым емылъытауэ, Кавказым щыпсэухэр дызэкъуэту, дызэныбжьэгъуу дыкъызэрызэдэгъуэгурыкIуэр. Дуней псом едгъэлъагъуфыну, щапхъэ яхуэхъуну щэнхабзэ къулей диIэщ. Аращ ди къарум и хэкIы-пIэ нэхъыщхьэри.
- ХьэщIэхэм къыхагъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрырагъэблэгъар зэрагуапэр. Зэхыхьэм щыжаIащ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я Iэтащхьэхэм 2019 гъэр Зэныбжьэгъугъэм и илъэсу зэрагъэувам и фIыщIэкIэ нэхъыфIыжу ахэр зэрызэкIэлъыкIуэнур. Лъэпкъхэр зэгурыIуэу, мамыру зэдэпсэуным нэхърэ нэхъапэ зэрыщымыIэр жаIащ.
- Пшыхьым хэтащ уэрэджыIа- кIуэ Балъкъызхэ Тимуррэ Гюльшахрэ, Теунэ Жэмал, Жыгуэ Джамболэт, Иуан Каринэ, Амщокъуэ Амырхъан, Атмурзаев Эльдар сымэ, къафэ дахэхэр ягъэлъэгъуащ «Нартхасэ», «Стимул», «Импульс», «Салам», «Ассорти», «Эльбрус», «Данс степ» гупхэм, нэгъуэщIхэми.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.