Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и зи чэзу зэIущIэр Мэхъэчкъалэ щригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек
2018-10-11
- Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и зи чэзу зэIущIэр а комитетым и тхьэмадэ, Урысейм и ФСБ-м и унафэщI Бортников Александр иджыблагъэ Мэхъэчкъалэ щригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
- ЗэIущIэм щыхэплъащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIыналъэм терроризмэм пыщIауэ къыщыхъу щIэпхъэджагъэхэр хуэдитIым щIигъукIэ зыгъэмэщIа Iэмалхэр, профилактикэ Iуэхухэр адэкIи къызэрагъэсэбэпынум.
- Комитетым и зэIущIэр къыщызэIуихым Бортников Александр къигъэлъэгъуащ IэнатIэ псори зэгъэуIуауэ зэрызэдэлэжьам и фIыгъэкIэ щэхурылажьэ бандэхэм нэгъуэщI къэралхэм къикIыу къыIэрыхьэ дэIэпыкъуныгъэр къызэрызэпаудар, апхуэдэу абыхэм я финанс зэфIэкIхэр зэрамыIэжыр. ШынагъуэншагъэмкIэ органхэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ дызэрыт илъэсым терроризмэм пыщIа щIэпхъаджагъэу 6 къызэпаудащ, щIэпхъаджащIэу 63-рэ, абыхэм я дэIэпыкъуэгъуу 142-р яубыдащ, боевик 50 яукIащ.
- Ауэ абыхэм къадэкIуэу, къигъэлъэгъуащ Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и тхьэмадэм дунейпсо террорист зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэм Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэм зыщиубгъункIэ шынагъуэ зэрыщыIэр. Мыбдеж щIэгъэкъуэн къащIынкIэ хъунущ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и къэралхэм щекIуэкIа зауэхэм хэтахэм ящыщу къэзыгъэзэжхэр.
- Терроризмэм и идеологиер щIалэгъуалэм я деж щыпхыгъэкIыным елэжьхэр мащIэкъым. Террористхэр хущIокъу залымыгъэ Iуэхухэр лэжьыным балигъ мыхъуахэр къыхашэну.
- Терроризмэм и шынагъуэхэр и зэманым къыщIэгъэщынымкIэ, профилактикэ лэжьыгъэр егъэфIэкIуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ щIыналъэм щыIэ щытыкIэм зэпымыууэ кIэлъыплъыным. Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и тхьэмадэм Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэхэм я унафэщIхэр къыхуриджащ а Iуэхум гулъытэ хэха хуащIыну, муниципалитетхэм террорым пэщIэтынымкIэ щыIэ комиссэхэм зыхуэфащэ дэIэпыкъуныгъэ зэпымыууэ иратыну.
- ЗэIущIэм апхуэдэу щыхэплъащ терроризмэм пэщIэтынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхухэми.
- Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и зэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэр, Урысей Федерацэм и субъект щхьэхуэхэм террорым пэщIэтынымкIэ щыIэ комиссэхэм я унафэщIхэр, гъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ органхэм, хабзэхъумэ органхэм я унафэщIхэр.
- КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.