ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Индие Республикэр

2018-09-08

  • Индием иIыгъ щIым и инагъкIэ дуней псом ебланэ увыпIэр щиубыду арами, щыпсэу цIыхухэм я бжыгъэкIэ етIуанэщ, абы и лъэныкъуэкIэ япэ ищыфар Китайрщ. Хуэгъэфэщауэ къызэрабжамкIэ, Индием цIыху мелард 1,2-рэ щопсэу.
  • Индием диным ехьэлIа махуэшхуэ яIэщ, илъэс ­12-м зэ ягъэлъапIэу. Зи чэзу Кумбха-мела махуэшхуэр 2013 гъэм щIышылэм и 14-м ягъэлъэпIащ. А махуэм индуист щихъым я щхьэр хуагъэщхъыну Аллахабад щызэхуэсат цIыху мелуани 100-м щIигъу.  

  • Дунеягъэм и пкъыгъуиплIыр (мафIэр, щIыр, хьэ­уар, псыр) ямыуфIеин папщIэ, дунейм ехыжам и хьэдэр щIым щIалъхьэркъым, атIэ «щэхум и чэщанэм» тралъхьэри, къуалэбзухэм яшхыж. Абы къыщIэна ­къупщхьэлъапщхьэр псыкъуийм ирадзыхыж.
  • Индие унагъуэм и унэгуащэм и щхьэгъусэм и цIэр ину жиIэу хабзэкъым.
  • Индиер шахматым и хэкущ. Абыхэм нэхъапэм зэреджэу щытар «чатцранга»-щ, гупиплI ищIыкIа дзэ къикIыу аращ. Шахмат фигурэхэри плIыуэ гуэшащ.
  • Щыгъыным и щIыкIэми и плъыфэми куэд къыбжеIэ. Уеблэмэ индие бзылъхугъэм и щхьэцыр зэрызэщIэкъуам къуегъащIэ абы и дуней тетыкIэр зыхуэдэр.
  • Индусхэм я процент 80-м зэрахьэр индуизмырщ. Муслъымэнхэм етIуанэ увыпIэр щаубыд къэралым, абыхэм я бжыгъэр процент 13-м ноблагъэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, муслъымэн нэхъыбэ дыдэ щыпсэу къэралхэм я ещанэщ Индиер, ар къакIэлъокIуэ Индонезиемрэ Пакистанымрэ.
  • Дуней псом щынэхъ ин дыдэ кино-индустриер — Болливудщ — ар Мумбай щыIэщ. Болливуд щытраха фильм псори, фэ зэрыфщIэщи, мюзиклщ.
  • Къэралым зэрихьэ цIэр къызытекIар Индус псырщ. Ар санскритыбзэкIэ «синдху»-щ, «псы» къикIыу аращ.
  • Индием щынэхъ пашэ спорт лIэужьыгъуэр — крикетщ, британхэм къабгъэдэкIауэ аращ.
  • Индием къэралыбзитI щызокIуэ: хинди, инджылыз. КъищынэмыщIауэ, Правительствэм бзэ 17 къегъэлъагъуэ. Апхуэдэуи диалект 1650-кIэ щопсалъэ мы къэралым.
  • Я нэхъыбэ индусхэм шхэн ипэ къихуэу я Iэр, я напэр, я лъакъуэр ятхьэщI. Зэрышхэр, Iэмал имыIэу, я Iэ ижьымкIэщ. Бзылъхугъэхэр Iэнэм щыпэрытIысхьэр цIыхухъухэр къэтэджыжа нэужькIэщ.
  • Гузэвэгъуэ зиIэ цIыхухэм IэлъэщI, щыгъын фIыцIэкъым къагъэсэбэпыр, атIэ хужьщ. Зи щхьэ­гъусэр дунейм ехыжа бзылъхугъэм хужьыбзэу зе­хуапэ.
  • Къэрал псом сыхьэт бжыгъэр щызэтохуэ.
  • ШыщхьэуIум и 15-р Щхьэхуитыныгъэм и махуэщ. А махуэм 1947 гъэм Индиемрэ Пакистанымрэ къэрал зырызу зэхэкIауэ щытащ. Абы щыгъуэм цIыху мелуан 1,2-р Iэпхъуауэ щытащ, къэхъуа зэрыхьзэрийм цIыху мелуаным нэблагъэ хэкIуэдащ.
  • ИнджылызыбзэкIэ псалъэ лъэпкъ нэхъ ин дыдэу дуней псом къыщалъытэ индусхэр.
  • 1986 гъэ пщIондэ Индием фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ налкъут щумыгъуэту щытащ.
  • Хэплъэгъуэ Iуэхуи яIэщ индусхэм: индие штати 8-м къулейсыз нэхъыбэ щопсэу, африкэ къэрал 26-м тхьэмыщкIэу яIэм нэхърэ.
  • 20 лIэщыгъуэм и япэ Iыхьэм хъыджэбз цIыкIухэм я ныбжьыр 13 зэрырикъуу лIы иратырт.
  • Турист куэдым фIыуэ ялъагъу Гоа штатыр Индием ей щыхъуар 1961 гъэращ. Ар Португалием хыхьэу щыта, къазэуа къалэщ.

 

Къэбарт  Мирэ.