Ислъэмейдэс ныбжьыщIэхэм папщIэ
2018-08-16
- Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм дэс щIалэгъуалэм я жэрдэмкIэ жылэм и ипщэ Iыхьэм ухуэн щыщIадзащ спорт утыкушхуэ.
- Iуэхум жыджэру хэтщ ислъэмейдэс куэд. Абыхэм мылъкукIэ хуабжьу закъыщIигъэкъуащ спорт утыкур ухуэнымрэ ар зыхуей псомкIи къызэгъэпыщынымрэ сом мин 900 хухэзыха Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм хэт Быф Анатолэ.
- Депутатым пщэрылъ щищIри ухуэныгъэр зэрекIуэкIым еплъыну къуажэм кIуащ и дэIэпыкъуэгъу Къаскъул Аслъэн. Абы къыхигъэщащ спорт утыкур цIыху куэд зэкIуэлIэн щIыпIэ хъуну и фIэщ зэрыхъур икIи я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэну, Iэпкълъэпкъыр щапсыхьыну щIалэгъуалэм Iэмал гъуэзэджэхэр дяпэкIэ зэраIэнур.
- Ислъэмей къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъы Аслъэн жылэм къыбгъэдэкIыу Быф Анатолэ фIыщIэ ин хуищIащ къытщIэхъуэ щIэблэм я зыужьыныгъэм папщIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ спорт утыкур ухуэнымкIэ щIэгъэкъуэн къазэрыхуэхъуам къыхэкIыу.
- Темыр Дисанэ.