Дыгъэ Iэсэ — бын гъэса
2018-08-09
- ФIыуэ слъагъу усакIуэм къыфIэсхьэхуа псалъитI-щымкIэ къэIуэта хъунут зи гугъу фхуэсщIыну бзылъхугъэм и дунейр. Псалъащхьэм къыпызмыщэххэу сызэтеувыIэнрэ-тIэ, жыхуэсIэщ! Армырмэ, макъ жьгъей къарууншэхэм сахилъэхъэнщи, гупсысэ хъуаскIи схунэхьэсынкъым …
- ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ щыщ Къуэдзокъуэхэ Бубэрэ Нинэрэ япхъу ФатIимэ (Мэлейхэ я нысэщ) и илъэс щэ ныкъуэр мы махуэхэм догъэлъапIэ. Бзылъхугъэ хьэлэмэтыр лэжьакIуэшхуэщ. ЩIэблэр гъэсэным, егъэджэным хуэгъэпса IэнатIэм ар пэрытщ 1990 гъэ лъандэрэ. Куэд-мащIэми, абы щыщ илъэс 23-р ФатIимэ гуащIэеблэ имыщIэу «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм щилэжьащ.
- И IэщIагъэм нэхъ тедгъэчыныхьмэ, тхылъ тедзапIэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI тхылъхэр зыхуей хуэзауэ дунейм хэзышэ зытIущым Мэлей ФатIимэ язщ. Редакторщ ар. Къабзэ цIыкIурэ жинтым дэлъыжу сабийхэр зэрырагъаджэ тхылъхэм я къежьапIэмрэ ахэр къызыхахузыкI тхыгъэ «утхъуахэм» я пIалъэмрэ щыгъуазэр мащIэщ. А мащIэхэм яхь къалэным и жэуапырщ Мэлей ФатIимэ и щIэныгъэ IэнатIэр. Егъэлеиныгъэ хэмылъу пIуатэмэ, зэпэщу а IэнатIэр зэрехьэ. Ари тфIэмащIэу пытщэжынт: дахэу зэрехьэ… А бзылъхугъэ зэкIужым мыдахэу утыку зыгуэр ирихьэ хабзэкъым. И щхьэ зэрыхуэфащэу, гугъэзагъэу, теукIытэжынкIэ мышачэу дунейм тетщ ар.
- ФатIимэ езыри укIытэхщ. Хьэуэ, нэгъуэщIу жысIэнт: ар зэманым емыщхьыжу «зи нэ джыл» бзылъхугъэ зэтетщ. Бгъэчрэ жьэчкIэ жыхафэхэр фейдащэу зэпызытхъ утыкурыххэр ФатIимэ хуэдэхэм я щэнтеплъэм къигъэуIэбжьами сыт хъунт!
- БынитI ипIащ Мэлей ФатIимэ. Андемыркъан щIалэ балигъщ. Дзэ къулыкъур къыхихащи, и къалэн екIуу ехь. Iэминэщи, нобэ-пщэдей дохутыр IэнатIэм пэрыхьэнущ.
- ГъэщIэгъуэнракъэ, апхуэдиз щабагъ зыхэлъ бзылъхугъэм и бынитIыр, Iэдэ ткIийм къыдаха хуэдэ, псыхьащ. ИтIани, зыгуэрхэм ягъэщIагъуэу, Андемыркъан е Iэминэ щытхъуамэ, ФатIимэ мэукIытэ: «ФIымэ — я щхьэщ… Сэракъым. ГъащIэм къащыхуэщхьэпэнщ». Андемыркъан и цIэм хуэфащэу щIалэ тэмэмщ. Iэминэ нэмысыфIэ-Iущ цIыкIущ.
- Бзылъхугъэ цIыкIум и Iэужь нэхъ дахэхэм язщ мывэ зырызу, гугъу ехьу, теIэзэщIыхьыжу, игъафIэу, зыщимыгъэнщIу иухуа унэ жьэгу лъапсэр.
- ФатIимэ и бжьэ матэхэм, зэщIэвууэ, фо дащIэ зейм ещхьыж бжьэ лэжьакIуэшхуэхэм. Къуэж-къуэпс цIынэу къихьурэ бзылъхугъэм игъэтIыса жыг хадэр зэщIыхьауэ мэгъагъэ. Хьэсэ цIыкIухэм хадэхэкI лIэужьыгъуэхэр щохъу. Мыри щIыдгъужынут: Мэлей ФатIимэ и Iэдакъэ къыщIокI сабийхэм папщIэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн-хэр.
- Къыщалъхуа махуэмрэ зэIузэпэщу къикIуа теуэгъуэмрэ дгъэлъапIэу дэри Къуэдзокъуэхэ я пхъум дыхуохъуахъуэ… Узэрытлъагъу фIымрэ дахэмрэ гъунапкъэ ямыгъуэтурэ уи хъуэпсапIэхэм я гъуэтыгъуэ лъахэр Тхьэм иузэщI! Узыншагъэ — дыгъэ Iэсэ — бын гъэсауэ къэкIуэнур къыпхуэупсэ!
- КЪАРМЭ Iэсият.
- Мэлей ФатIимэ
- БлэкIа лIэщIыгъуэм псэуа анэшхуэхэм фэеплъ яхузощI
- Гущэкъу уэрэд
- ЩIалэ цIыкIум щIын иуха сурэтым лъэбакъуитI-щыкIэ къыбгъэдокIуэт. И щхьэц Iув кIыр къехуэхар и Iэпэ лэч защIэхэмкIэ дрилъэщIеижурэ и IэдакъэщIэкIым йоплъыж. Ещхьу пIэрэ? Хьэмэрэ емыщхь? Емыщхьми, сурэтыр къызэхъулIа? Езым илъэгъуамэ, сыту пIэрэт жиIэнур?
- Сурэтым къищырт адыгэ фызыжь. Нэгу угъурлыт. МащIэ дыдэу зэтеха и Iупэхэм зыгуэр къаIущэщырт. И нэ гуапэхэр, зэгуэр удзыфафэу щытар, мащIэу текIыжат.
- ЩIалэ цIыкIум анэшхуэм и сурэт ищIам йоплъыж. БгъэдокIуатэри, зы щIыпIэм деж лэч тIэкIу щецIэлъыж, адрейм деж IэпапIэ хуэдиз щыкIэрегъэкIыж. Анэшхуэм и нитIым щIоплъэ… пэжу пIэрэ? Къысщыхъурэ?
- И Iэ ижьыр и жьэпкъым щIегъакъуэри, сурэтым гупсэхуу йоплъ. «Нанэ и нэм гукъанэ гуэр щIэслъагъуэрэ, жызоIэ. Зыгуэр игу къеуэрэ? НэщхъыфIэу сыхуейщ, жысIэурэ нэщхъей сфIэхъуа? СытеIэзэщIыхьыжын и нэхэм? Е хуэмейрэ?»
- Лэч зэмыфэгъухэр къещтэ, зэхелъхьэри, хуэсакъыурэ щабэу чэтэным щехуэ. КъыIуокIуэтри йоплъыж. Игу ирихьыркъым. Хьэуэ, хъуакъым. ПIащIэу трегъэкIыж. Шэнт лъахъшэ къещтэри, сурэтым и пащхьэм йотIысхьэ. «Си адэ шыпхъу нэхъыжьыр ещхьу жаIэти, абы тесщIыкIащ. Бостей джэдгыныфэр, ныкъуэтекIыж хъуа и кIэпхын къуэлэнышхуэр, и щысыкIэр, и плъэкIэр, и Iэхэр… Нанэ и дунейр ихъуэжащ, сэ сыкъытемыхьэ щIыкIэ. И нэ къыхуикIырт къысIуплъэну, гущэм сыхипхэну, сыщIиупскIэну, гущэкъу уэрэдым сыщIигъэжеикIыну, ауэ… И Iупэхэр мащIэу зэтехащ. Сыту пIэрэ къиIущэщыр. Гущэкъу уэрэду пIэрэ? Сыхипхэнут гущэм… СыщIиупскIэнут… Сэращ, сэращ мы сурэтым къыхуэтыр!»
- Шэнт цIыкIур щхьэпридзу зэуэ къыщолъэт, лэчхэр къепхъуатэри, гупсысэхэр лъэщIэмыхьэу и Iэпэхэр сурэтым ирожэ.
- — Умыгузавэт уэ, тIэкIунитIэ къыспэплъэж. Мис иджыпсту нэзгъэсынущ, – мэIущащэ щIалэ цIыкIур.
- И щхьэц гуэрыр къехуэхащ. Гу лъитэххэркъым. ПогуфIыкI. И Iэпэхэр, нэр темыпыIэу, сурэтым ирокIуэ, ирожэ.
- — Иджыпсту, куэд къэнэжакъым. Зы джэдуукIэ хуэдизщ.
- ИкIэм-икIэжым иужьрей дыдэу лэч защIэ и Iэпэхэр чэтэным ирегъажэ.
- — Суха хуэдэщ.
- КъыIуокIуэтыжри… сурэтым къощ: анэшхуэм гущэ къуапэр иIыгъыу и къуэрылъхур щIегъэхъае, гущэкъу уэрэдри щабэу къеIущэщ.
- Дуней гуфIэгъуэм щIалэ цIыкIур зэрехьэ: анэшхуэр къыхуэарэзыщ.