Адыгэ узэщIакIуэ Къуэдзокъуэ Лэкъумэн къызэралъхурэ илъэс 200 ирокъу
2018-08-09
- Мурад абрагъуэхэм зи псэр етауэ щыта
- 1837 гъэм Московскэ университетым и тхылъ тедзапIэм урысыбзэкIэ къыщыдэкIащ тхылъ пIащIэ цIыкIу, и жинтым «Шэрджэс ныбжьыщIэм и усэхэр» жиIэу тету. Илъэсищэрэ плIыщI-рэ дэкIа нэужь, а тхылъыр архив хъумапIэ гуэрым къыщигъуэтыжащ тхыдэдж цIэрыIуэ, щIэныгъэхэм я доктор Къумыкъу Тыгъуэн.
- Къуэдзокъуэ Лэкъумэн 1818 гъэм Абыкъухьэблэ адыгэ къуажэм къыщалъхуащ. Абы и адэ Мыхьэмэт уэркъ лъэпкът, лIы губзыгъэу къыщIэкIынти, щIэныгъэм хуэплъэрт. 1830 гъэм ар Бытырбыху макIуэ, Кавказ бгырысхэм я эскадрон ныкъуэкIэ зэджэм къулыкъу щищIэну. Къуэдзокъуэ Мыхьэмэт и узыншагъэм къызэремызэгъым къыхэкIыу 1848 гъэм къулыкъур къегъанэ, куэд дэмыкIыуи, 1849 гъэм жэпуэгъуэм и 12-м, ар дунейм йохыж. Мыхьэмэт къыщIэнауэ щытащ и щхьэгъусэ ХьэIишэтрэ бынихрэ. Нэхъыжь дыдэр Лэкъумэнт.
- Лэкъумэн илъэсихым иту урыс усакIуэ Хомяков Алексей и анэр Псыхуабэ къыщыхуозэри, абы къан ещI, Мэзкуу здешэ, 1830 гъэм чыристан диным йохьэри Дмитрий цIэр къыфIащ. Унагъуэ зыхыхьар щIалэм икъукIэ къыхуогумащIэ, быным ещхьу къалъагъу, а зэманым зэрыхабзэти, инджылыз гъэсакIуэ гуэри къыхуащтэ. Бынунэр СарэкIэ зэджэу щыта а цIыхубзым теухуауэ Къуэдзокъуэм итхыжыгъащ: «Абы гуапагъэрэ гумащIагъэу сэ къысхуиIар къызыбгъэдэкIын щыIэкъым, зи бын хуэгумыгъуэ анэм фIэкIа».
- ПIалъэр къыщысым, щIалэр ират а гъэхэм цIэрыIуэу щыта еджапIэ гуэрым. Мыбы Лэкъумэн щедж урысыбзэр, латиныр, алыджыбзэр, франджыбзэр, нэмыцэбзэр, инджылызыбзэр, дин Iуэхур, физикэр, логикэр, риторикэр, географиер, статистикэр, тхыдэр, математикэр, щыгъуазэ зыхуещI сурэт щIынымрэ музыкэм-рэ. ЕджапIэр 1834 гъэм зэпэщу къиуха нэужь, ар Мэзкуу университетым щIотIысхьэри, еджакIуэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщ мэхъу, урыс, хамэ къэрал литературэхэр куууэ зрегъащIэ, щIэныгъэшхуэ зэрызригъэгъуэтыным йолIалIэ. Абы университетыр къеух «студент нэгъэса» цIэр иIэу, щалъхуа хэкум къегъэзэж икIи, зэрыхуагъэфащэмкIэ, Кавказым щыхуозэ М. Ю. Лермонтовым.
- Бытырбыху щыдэса лъэхъэнэм Къуэдзокъуэр литературэм пы- щIа цIыхухэм гъунэгъу яхуохъури, и дуней еплъыкIэри нэхъ зэроу-быд. Абы теухуауэ 1911 гъэм М. Абаевым итхыгъащ: «Лэкъумэн и щIалэгъуэр лIэщIыгъуэ блэкIам и 40 гъэхэм литературэм псэ хэзылъхьэ цIыхухэм япыщIауэ иригъэкIуэкIащ, щIэныгъэшхуи иIащ, и гупсысэхэри демократием хуэунэтIауэ щытагъэнущ». А зэманым зи татуугъуэу щыта цIыху пэрыт-хэр къэплъытэмэ, Къуэдзокъуэр щыгъуазэ мыхъуу къэнакъым Белинский Виссарион, Лермонтов Михаил хуэдэхэм я тхыгъэхэм, 30 — 40 гъэхэм екIуэкIа бэнэныгъэм. А псом, Андроников Ираклий зэрыжиIэмкIэ, хэхъукIын хуеящ акъыл ехьэжьарэ щIэныгъэшхуэрэ зиIэ цIыху. Пэж дыдэуи, Лермонтовым и цIыхугъэу щыта щIалэм егъэлеяуэ зиужьырт. Ар хуэшэрыуэт Урысеймрэ къухьэпIэ къэралхэмрэ я литературэм, урысыбзэм апхуэдизкIэ хуэIэзэти, франджыбзэкIэ тха лэжьыгъэхэр щыстудентами зэридзэкIыфырт .
- БлэкIа лIэщIыгъуэм и 30 — 60 гъэхэм Къэбэрдейм щIэныгъэр тепщэ щыщIын лэжьыгъэм бжьыпэр щызыIыгъар Нэгумэ Шорэрэ ХьэтIохъущокъуэ Къазийрэщ. Къуэдзокъуэр ягуохьэ абыхэм. Ар, лъэкI псори къигъэсэбэпурэ, куэдкIэ дамэгъу хуэхъуащ ХьэтIохъущокъуэм: дзэм къулыкъу щищIэну ираджэ хъумэ, пIалъэкIэ къригъэлырт, и тхыгъэхэр дунейм къытехьэнымкIэ дэIэпыкъурт. Къуэдзокъуэмрэ ХьэтIохъущокъуэмрэ куэдрэ я чэнджэщ зэрахьэлIэрт хэкум и псэукIэмрэ и культурэмрэ егъэфIэкIуэным пыщIа лэжьыгъэхэмкIэ.
- 1866 гъэм Iуэху къаIэтауэ щы-тащ адыгэбзэрэ тхэкIэмрэ къуажэхэм щезыгъэджыфын цIыху щагъэхьэзыр школ къызэIуахыну. А Iуэхум хэлIыфIыхьащ Къуэдзокъуэр. Ар унафэщIхэм йолъэIури ХьэтIохъущокъуэр Налшык къегъанэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ «а IуэхуитIыр — школ къызэIухынымрэ дзэм къулыкъу щыщIэнымрэ — зэдэхьыгъуейт, а тIум нэхъапэ игъэщыпхъэри къыхэпхыну тынштэкъым». А письмом Тэрч областым и Iэтащхьэм къытретхэ ХьэтIохъущокъуэр Къэбэрдейм къэнэну хуиту. Дзэм и къулыкъущIэхэр зыкIи хуейтэкъым Бгырысхэм я школи я щIэныгъи; Къуэдзокъуэр дэIэпыкъуэгъу мыхъуамэ, ХьэтIохъущокъуэм къиIэта Iуэхури лъэлъэжат.
- Къуэдзокъуэр куэд еджэ цIыхут. Къулыкъум къыдэмыхуэ пэтми, ар Тхылъым бгъэдэс зэпытт, дэнэкIи къыщыдэкIыу хъуар къыIэры-хьэрт, езыри мыувыIэу газетхэм- рэ журналхэмрэ тхэрт. И тхыгъэхэр политикэм, экономикэм, нэгъуэщI Iуэху зэшыгъуэхэм теухуа пэтми, Къуэдзокъуэм икъукIэ берычэту къигъэсэбэпырт литературэ тхэкIэм и фащэхэр, абы и сэбэпкIэ, зытепсэлъыхьыр дапщэщи нэгум къыщIэувэрт, еджэхэм псэкIэ зыхащIэрт. Абы и тхыгъэхэм хэпхъат Франджым, Инджылызым, нэгъуэщI къэралхэм я литературэ-хэм щыщ псэлъафэхэмрэ нэщэ-нэхэмрэ. Псом хуэмыдэжу IуэхугъуитIым хуэнэхъуеиншэт Къуэ-дзокъуэр: мэкъумэш IэщIагъэм цIыхухэр хуегъэджэнымрэ бгырыс гуащIэрыпсэухэр щIэныгъэм хуэгъэтэджынымрэ.
- 1867 гъэм Владикавказ ремесленнэ еджапIэ къыщызэIуаха нэужь, Къуэдзокъуэм и щIапIэр абы щеджэхэм яхуеутIыпщри, щIэныгъэр нэрылъагъуу къызэрагъэсэбэп Iэмалхэм ирегъасэ. ЕджапIэм зи нэIэ тетхэм ящыщт езы Къуэдзокъуэр. Зэгуэр абы и унафэщI ящIынуи къаIэтыгъащ. 1887 гъэм училищэм абы ирет щIыуэ дестынибгъум нызэрыхьэс, хадэ бэгъуа тету, псэуалъэри Iэмэпсымэри и гъусэу. А псори зэхэту сом миниплI и уасэт. Кав- каз округым и унафэщIым абы щхьэкIэ фIыщIэшхуэ къыхуищIыгъащ Къуэдзокъуэм. ЕтIуанэ мураду Къуэдзокъуэм иIащ бгырысхэр урысыбзэм ешэлIэныр. «Урысыбзэр шэрыуэу щIэнымрэ сэ- бэп къэзыхь наукэхэр джынымрэ Кавказым ис лъэпкъхэм я дежкIэ гъэтIылъыпIэ зимыIэ къалэнщ», — жиIэрт абы емышу.
- 1882 гъэм абы и узыншагъэр нэхъыкIэ мэхъу… Къуэдзокъуэм и гъащIэр зэриуха щIыкIэр иджыри тэмэму зэIубз хъуакъым. 1887-1888 гъэхэм къыдэкIа «Кавказский календарь»-м ар ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа комиссэм и унафэщIу итщ, 1889 гъэм а къулыкъур «зеиншэу» къонэ, 1891 гъэм а календарым иратха цIыхухэм Къуэдзокъуэр хэтыжкъым. Къумыкъу Тыгъуэн зэритхымкIэ, Къуэдзокъуэ Лэкъумэн 1893 гъэм Владикавказ щылIащ.
- УНИВЕРСИТЕТЫР къиухыу щалъхуа хэкум къигъэзэжа нэ- ужь, ар гурэ псэкIэ дихьэхауэ йолэжь и лъэпкъым и псэукIэр куууэ джыным, хэкур зыхуэныкъуэмрэ зыхуэкъуагуэмрэ къыгурыIуэным. Къуэдзокъуэм тыншу гъунэгъу захуещI щIыпIэм ис бгырыс пэрытхэмрэ урыс цIыху хьэлэлхэмрэ, абыхэм я жэрдэ- мыр къигъэсэбэпурэ тхыдэр щызэхуэхьэса архивхэр щIеджыкI, уэрэдыжь, хъыбарыжь хуэдэхэр етхыж, тыркубзэмрэ тэтэрыбзэм-рэ зрегъащIэ, анэдэлъхубзэр едж. А IуэхухэмкIэ Къуэдзокъуэм дэIэпыкъуэгъушхуэ къыхуэхъуахэм ящыщщ Нэгумэ Шорэ. Мыбы и чэнджэщкIэщ щIалэм адыгэб- зэр джын зэрыщIидзар. ИужькIэ, бзэм и щэхухэр къищIа нэужь, Къуэдзокъуэрщ Шорэ и лэжьыгъэхэр япэ дыдэ щIиджыкIыу зэпкърызыхар. Адыгэ щIалэм и мурадащ бгырысхэм я гъащIэм теухуа лэжьыгъэшхуэ итхыну. Кавказым щрихьэкIа илъэс ныкъуэм къриубыдэу абы куэд хузэфIэ- кIащ хэкур джынымкIэ, абы и этнографиемрэ тхыдэмрэ епха нэщэнэхэр зэхуэхьэсынымкIэ.
- Къуэдзокъуэм и усэхэр зэ еплъыгъуэкIэ къыпщохъу Кавказым щригъэкIуэкIа гъащIэмрэ лэжьыгъэхэмрэ зыкIи емыпхауэ. Пэжу, усэхэм хэткъым Кавказым и теплъэгъуэ нэрылъагъуи, бгырыс псэукIэм пыщIа фащэ щхьэхуи, а зэманым екIуэкIа гъащIэм и дамыгъэ гуэрхэри. Усэхэм я Iэпкълъэпкъыр къызэщIиубыдэу зы зыщIыр мурад абрагъуэхэмрэ хъуэпсапIэ жыжьэхэмрэ зи псэр ета щIалэрщ. Мыбы и гупсысэхэм-рэ и дуней еплъыкIэмрэ къыбгурыIуэн щхьэкIэ, гу лъытапхъэщ 30 — 40 гъэхэм щыгъуэ урыс романтизмэм игъафIэу щыта макъамэхэм Къуэдзокъуэм и усэхэр зэрыщIэтэджыкIым. Романтизмэм къыдалъхуа псэлъафэхэмрэ нагъыщэхэмрэ щымыгъуазэм деж-кIэ абы и лирическэ лIыхъужьыр пщIыхьэпIэ мыIупщIым къыхэтэджыкI хуэдэщ. А цIыхум езым и гъащIэ нэрылъагъу имыIэжу, лъэпкъ гуэри къыхэмыкIауэ, къиIуатэ гупсысэхэм тегъэщIапIэ гуэри ямыIэу, къезыхуэкI хъуэпсапIэхэри убыдыпIэншэу, пкъыншэ-псэншэу къыщыхъунщ усэхэр зытхам и гъащIэм щымыгъуазэм.
- Сэ икъукIэ сыдихьэхауэ икIи сфIэгъэщIэгъуэну зэздзэкIащ Къуэдзокъуэ Лэкъумэн и усэхэр. СызыщIэхъуэпса дахагъэм схунэмыгъэсами, си гуапэт си лэжьыгъэр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми тхылъеджэхэм гунэс ящыхъуну.
- СОКЪУР Мусэрбий. 1989
- Къуэдзокъуэ Лэкъумэн
- Псы цIыкIу
- Къум дэгу мэзыншэу губгъуэ
- джафэм
- И псыпэр пIащIэу ныпхегъэкI.
- Гъуэгу нашэкъашэм и унафэм
- ТекIын а псыпэм хулъэмыкI.
- Зэшыгъуэщ, фэншэщ пшахъуэщI
- губгъуэр.
- Ауэ псы цIыкIум макъ тхьэгъуш
- Дунейм хуегъаджэ и
- щIэщыгъуэу,
- КъыфIэщIу къумыр къигъэуш.
- А макъыр зыхищIэнущ псэкIэ,
- Къихьам къум нэщIым
- хьэщIэ гуэр.
- Псы цIыкIум къекIуэлIэн
- хулъэкIым,
- ЩIэнами, щIэкIыжынущ лъэр.
- Пшахъуалъэ гъуэгукIэ къумыжь
- псэншэм
- Нэрыгъыу щхьэ укъилъэда?
- Сыт зыхуэпабгъэр уи псэ зэшыр?
- Мураду батэр зыхуэбгъэшыр
- Къэплъагъуу уи гур хуэлыда?
- . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . .
- Модэ жыжьэу къыр задэжьхэм
- АдэкIэ хышхуэр щоукъубей;
- И толъкъунхэр къызэдэжэм,
- Iуфэ гъагъэр яугъуей.
- Псы щымыIэ, хым хуемыIэ,
- Зэрынэсуи — хокIуэдэж…
- Мы псы цIыкIури, псэху имыIэу,
- Губгъуэм пхожри, хым мэкIуэж.
- Жэщ
- Махуэм псэху имыIэу лажьэри,
- Дуней псор хыхьакIэщ пщIыхь.
- Уэгур нэхущ, мыбауэ жьапщэри,
- Лъэ макъ гуэри къэмыцырхъ.
- КъэIукъым бзум я лъатэ макъи,
- Я уэрэди зэхыумых.
- Мазэр плъыр мыгъуэлъщи,
- сакъыу
- Гуэл жеяхэм къахуоплъых.
- Гуащэ фагъуэрщ вагъуэ бынхэм
- Жей имыIэу къахэнар.
- Уафэ губгъуэм иIэ гъунэ? —
- КIуэнырщ, кIуэнырщ къыхуэнар.
- Жэщ вагъуэбэм зиущэхуамэ,
- Сыт дахагъкIэ къыпэхъун?
- Мазэм и фэр тIэкIу пихуамэ,
- Щхьэусыгъуэ иIэ хъунщ…
- СфIэфIщ си нэгум мазэр къипсэу
- Жэщ даущым сыхэтын.
- Фагъуэ пэтми, ар си гъусэм
- Си хъуэпсапIэр сфIощI згъуэтын.
- СфIощIыр мазэр тхьэусыхэу
- Къылъысахэм хуэшхыдэж,
- Ар бзаджащIэм къахуеплъыхыу
- Iуэху фIей куэдым къатебгэж.
- Абдеж си гур ходзэкъыкIыр,
- КъысхуэмыщIэу къыщыщIар.
- Си бгъэр хьэлъэу хощэтыкIыр,
- Схуэмыубыду нэпс къепщIар.
- Ауэ мес, мэлыдыр вагъуэр,
- Я нэ цIыкIухэр ягъэджэгу.
- Уи щхьэр, жаIэ, щхьэ уи жагъуэ?
- Нэщхъеягъуэр щIы уи лъэгу!
- Гукъыдэжым къегъэзэжыр,
- Бгъэри хуиту мэбэуэж.
- Мурад IэфIхэр зэщIонэжри,
- Бзийхэм пшагъуэр ныхесхьэж.
- Ауэ нурыр куэдрэ блэркъым:
- Махуэр къосри, уэгу пхъэнкIам
- Иреху вагъуэр зигъэуэркъыу,
- СIэщIех гугъэуи сIункIар…
- Жэщ вагъуэбэм зиущэхуамэ,
- Сыт дахагъкIэ къыпэхъун?
- Мазэм и фэр пихупамэ,
- Щхьэусыгъуэ иIэ хъунщ…
- Гъэр щIалэм и пщIыхь
- Сыщалъхуа Хэкуу адэжь лъахэ!
- Услъагъужыну пIэрэ зэ?
- Куэд щIауэ си гум щызгъэфIахэр
- СхуащIакIэщ нобэ дэкъузэн.
- Дахагъэт, гъащIэт, лъагъуныгъэт
- ИгъащIэм си псэм и нэрыгъыр.
- А хъуэпсхэм сэ сызэщIаIыгъэу
- Уэгу щхъуантIэм куэдрэ
- сыдоплъей.
- Хьэтыр схуищIэнкIэ
- сыщыгугъыу
- Iустазу сиIар мы дунейрщ.
- Уэгу щхъуантIэ хуиту
- гъунапкъэншэр
- Гурылъхэм лъахэ яхуэхъун?
- Си хэкурщ си насып мыгуэшыр —
- Абы дахагъкIэ сыт пэхъун?!
- Хьэуэ, щыIэнкъым щIы хъурейм
- Апхуэдэ пшэплъ, апхуэдэ уэгу,
- Апхуэдэу хъупIэхэр щыбей,
- Апхуэдэу фIыгъуэхэр зи нэгу!
- . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . .
- Ныбжьэгъу пэжагъкIэ
- збгъэдэтахэ!
- Дапщэщ дызэрыгъуэтыжын?
- IэфIагъыу ди псэм
- щыдгъэфIахэр,
- Мурад мыункIыфIу
- къытхуэблахэр —
- Дапщэщи зэхуэтIуэтэжын?
- . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . .
- Сыщалъхуа Хэку, сыщалъхуа
- Хэку!
- Дапщэщ сыдыхьэжын уи жьэгу?
- . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . . .
- Ихуауэ бийхэм я IэмыщIэ
- Арт зэгупсысыр гъэр щIалэщIэр.
- Ауэ Морфейр абы къытоуэ,
- ЛъэмыкIыу напIэр фIызэтоуэ.
- Арыххэу щIалэр хэжеяуэ
- Елъагъу и Хэкум ихьэжауэ:
- И пащхьэм губгъуэр
- щощIэращIэ,
- Псынэпсу къабзэщ уафэ
- лъащIэр,
- Псэ пыт къыфIощIыр
- псыежэххэм,
- Хэкум и IэплIэр къызэIуехыр.
- Нэгу зэIухакIэ къыпежьауэ,
- Къудамэр жыгхэм къыхуаший,
- Гупсысэ Iэджэм а жыг жьауэм
- ЩагъэIущакIэщ щысабийм.
- Адэжь и унэр щIапIэм итщи,
- Ар щIалэм тыншу къегъуэтыж,
- Зэман блэкIахэм и щхьэ хуиту
- ИгъэлъэпIахэр игу къокIыж:
- Зэхуос аргуэру и ныбжьэгъухэр,
- IэфIагъкIэ зэ къыдэгуэшар;
- УпщIэн-усэныр ямыужэгъуу
- Я псэм ныхуахьыр къэкIуэжар.
- Гъэр щIалэм зыхуэмыубыдыжу
- IэщIокIыр псэр — лъэтэн къудейщ.
- Насып мыухыр и Iэдэжщи,
- ТIэкIу къозэвэкIыр мы дунейр.
- Йохъуэхъу ар Хэку
- къыздихьэжами…
- Ауэ, сыт, пщIыхьыр мэбзэхыж; ФIэфIат ар тIэкIу илъагъужамэ, АрщхьэкIэ, плъэкIмэ,
- къэубыдыж.
- Насып уэсэпсыр гъущыжащи,
- Зэрошх гъущI лъэхъур,
- зигъэхъейм.
- Хьэпс куум щыгызу щIидзэжами,
- Пэджэжкъым зыри щIалэ хейм.
- Бгырыс лъэпкъхэм я хабзэ убзыхуакIуэ
- 1838 гъэм университетыр къиуха нэужь, Къуэдзокъуэ Лэкъумэн Мэзкуу дэт уголовнэ судым и палатэм уват. Абы къыхэщт имыIэу мэзкуудэс къулыкъущIэм и гъащIэ тынш ирихьэкIыфынут, ауэ и натIэ хъуар нэгъуэщIщ.
-
1839 гъэм бадзэуэгъуэм и кIэм Къуэдзокъуэр Кав-каз Ищхъэрэм къоIэпхъуэжри, и къэбэрдей благъэхэр къегъуэтыж. Ар щIэхъуэпсырт цIыхубэ лэ-жьакIуэу, лъэпкъ узэщIакIуэу, бэ къыщхьэщыжакIуэу псэуну.
- «Дунейм теткъым сэркIэ нэхъ лъапIэ си лъэпкъышхуэр зыхуей хуэзгъэзэным нэхърэ, апхуэдэ щIыкIэкIэ, гъащIэ гъуэгуанэ зыкъи-зых къызэзмынэкIми, ар къызэрымыкIуэ гъуэгуанэ махуэ схуэхъунущ. Гум, ипэжыпIэкIэ, тхьэмыщкIэ мин зыбжанэм я фIыщIэр нэхъ фIэфIщ, «действительный статский советник» къулыкъум нэхърэ, — яхуитхырт абы Мэзкуу дэс и благъэхэмрэ и ныбжьэгъухэмрэ.
- Къуэдзокъуэр Псыхуабэ къыщоувыIэри, куэд дэмыкIыу щIэныгъэ зыбгъэдэлъ адыгэхэм — ПIалъэкIэ ла-жьэ Къэбэрдей хейщIапIэм и секретару лэжьа, адыгэ хабзэр зыджа Щэрдан Екъубрэ адыгэ узэщIыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Нэгумэ Шорэрэ — нэIуасэ яхуохъу.
- 1863 гъэм щIы Iуэху зезыхуэ IуэхущIапIэ псори зэхуащIыжу, а псори къызэщIэзыубыдэ, Тэрч областым «ЩIым теухуа хабзэхэм кIэлъыплъ комиссэ» къыщызэрагъэпэщым, унафэщIу Къуэдзокъуэ Лэкъумэн трагъэувэ. Нэхъыщхьэ ящIынумрэ Комиссэм хагъэхьэнухэмрэ щыхэдэм, Тэрч областым и тепщэ Лорис-Меликов Михаил а Iуэхум ткIий дыдэу бгъэдыхьат. Абы къызэрилъытэмкIэ, Комиссэм хэтынухэр щIэныгъи яIэу, зауэлIхэу, унафэ щIыкIи ящIэу щытын хуейт. Лорис-Меликовым Мэзкуу университетым къыщыдеджа икIи и ныбжьэгъуу щыта Къуэдзокъуэр къыхихащ. Езыр щэныфIагъыр щадж факультетым, Къуэдзокъуэр — философием и къудамэм щIэсу зэдеджахэт. Тэрч областым и унафэщIыр щыгъуазэт и ныбжьэгъум и акъылри и Iуэху зэфIэ-хыкIэри здынэсым. Кавказыдж цIэрыIуэ Кокиев Георгий зэрыжиIэмкIэ: «Къуэдзокъуэр Сословнэ комиссэм и унафэщIу зэрагъэувар емыгупсысу къащта унафэтэкъым. Езыр щыбгырыскIэ, абы нэхъ къезэгъри илъагъунут, бгырысхэм пащтыхьым и къулыкъущIэхэм хуамыщI дзыхьри зыхуригъэщIы-фынут. Пэжым и хьэтыр-кIэ, жыIэн хуейщ Къуэдзокъуэр щигъэувым тепщэгъуэр зэрыщымыуар. Абы утыку ирихьа дэфтэр зыбжанэр щыхьэт тохъуэ ар щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи — Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу бгырысхэм я псэукIэр къызыгурыIуэ цIыхуу зэрыщытам.
- Къуэдзокъуэ Лэкъумэн иджыри Псыхуабэ щыщыIэ зэманым Кавказ лъэпкъ-хэм я хабзэхэр, IуэрыIуа-тэр, бзэхэр, унагъуэ псэукIэр иджат. Зэхуихьэса тхыгъэхэр тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIыжыну и мурада щхьэкIэ, щIэныгъэ Iуэху зепхуэну зэман куэд къыпхуигъанэртэкъым къулыкъум.
- Ар зи пашэ Комиссэм, Тэрч областым щыпсэухэм щIыр зэрызэрахьэ хабзэ-хэр къэзыгъэлъагъуэ дэфтэрхэр Кавказ тепщэгъуэм щыбгъэдилъхьэм, абы Iэмал игъуэтащ бгырысхэм я деж езыр зыхуей зэхъуэкIыныгъэхэр щыпхигъэкIыну. Комиссэм и лэжьыгъэр 1863 — 1869 гъэхэм зэрызэтеувар къыщигъэлъэгъуэж дэфтэрым IупщI пщещI Къуэдзокъуэм Къэбэрдей, Балъкъэр, Ингуш, Осетие, Шэшэн, Къумыкъу щIыналъэхэм я псэукIэр иригъэфIакIуэу лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэ-кIар. Лэжьыгъэм и ужь итыху, щIалэм Iуэхур сыт щыгъуи бгырыс лъэпкъхэм я хабзэхэм, я зэхэтыкIэм елъытауэ зехьэн хуейуэ къилъытэрт. Псалъэм папщIэ, щIым теухуа унафэ къыщащтэм, абы тригъэчыныхьырт щIыр цIыхубэм зэдайуэ фIэкIа ирамытыну, ар хабзэм къигъэуву жиIэрт, бгырыс уэркъхэм унейуэ етыныр фIэзахуэтэкъым. Къуэдзокъуэр гузавэрт щIыр щIэрыщIэу зрат къэбэрдей- хэм ар куэд дэмыкIыу нэгъуэщI лъэпкъхэм иращэнкIэ. «Сыт хуэдизыщI лIакъуэ хэIэтыкIахэм едмытми, мы зэманым абыхэм яхэлъ нэмысым, гъэсэныгъэм, я псэукIэм тепщIыхьмэ, ар щхьэпэ зыхуэхъунур закъуэтIакъуэххэщ. ПщIэншэу къаIэрыхьа щIыр цIыху 20-м щыщу 15-м къахуэгъэсэбэпынукъыми, пуду ящэжынущ».
- Къуэдзокъуэм жиIар пэж хъуащ. ЗэхъуэкIыныгъэхэр екIуэкIыху, къэбэрдей пщыхэмрэ уэркъхэмрэ ялъыса щIы дестынэ 56-р ящэ-жащ. Дестынэ 56-м щыщу 38-р къэIэпхъуахэм, нэхъыбэу Таврием (Кърымым) къиIэпхъукIахэм ящэхуащ. ЩIы зиIэхэм иджыри я хьэлт щIыр мылъку зыщI банкхэм халъхьэныр. УнафэщIхэм я пащхьэ ирихьа дэфтэрым Къуэдзокъуэм щыжеIэ: «Лъэпкъ цIыху-бэм защIэгъэкъуэн хуейщ, сыт хуэдэ лIакъуэм къыхэкIами. Ауэ зыдэIэпыкъун хуейр щIыр ирагъэфIа-кIуэу телэжьыхьынухэ-ращ». ЩIыр цIыхубэм зэдай ищIкIэрэ, къэбэрдейхэм ящIхэр лъэпкъым къыхуигъэнэжын Iуэхут зэрихуэр Къуэдзокъуэм. А щытыкIэм зэи зимыхъуэжыну жиIэртэкъым абы. И чэзу къэсмэ, Къэ-бэрдейми щIыр нэрыбгэ щхьэхуэхэм щызэрахьэфу хъуным щыгугъырт.
- «Къэбэрдейм щIыр цIыху щхьэхуэхэм щатегуэшэн хуейкъым зэрыжысIэм къикIыркъым ар сыт щыгъуи цIыхубэ мылъкуу къэгъэнэным фIэкIа сфIэмыкъабылу, Кавказ Ищхъэ-рэм и щIы бейхэм, зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ абы ис лъэпкъхэм — псом хуэмыдэу Къэбэрдейм — зыужьыпIэ етыныр сфIэмыфI хуэдэ. Фи фIэщ сщIыну сызыхуейр, нобэ щIыр къызэрагъэсэбэпынум теухуауэ щIэныгъэ мащIэ фIэкIа зэрамыIэм къыхэкIыу, абы и чэзур къызэрымыса къудейращ».
- УзэщIакIуэр зэреплъымкIэ, экономикэ и лъэныкъуэкIэ зыужьыныгъэ щыбгъуэтынур щIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ лъагагъ гуэр ягъуэту, езы лэжьыгъэми пщIэшхуэ иIэ хъуа нэужьщ. Экономикэм и лъабжьэу щыт щIымрэ мылъкумрэ лажьэркъым, цIыхубэм я псэукIэ хьэлымрэ щIыр къыщагъэщхьэпэкIэ зэрахьэ хабзэ-хэмрэ лъагапIэ гуэр темытмэ.
- «Дэни псэукIэр щебгъэфIэкIуэн папщIэ, — етх Къуэдзокъуэм, — япэрауэ, щIы ухуейщ. ЕтIуанэрауэ — абы утелэжьыхьын гукъыдэж. Ещанэу — Iуэхур зэрызепхьэн Iэзагърэ акъылрэ. ЕплIанэуи, ар зэрызэфIэпхын мылъку, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ахъшэ ухуейщ, ауэ етIуанэри, ещанэри, еплIанэри зиIэ адыгэ щымыIэмэ, сыт хуэдэ зыужьыныгъэ экономикэм зэрыщыгугъыпхъэр?»
- Бгырыс цIыхубэм я псэукIэр нэхъыкIэ щIэ- хъуам и щхьэусыгъуэу Къуэдзокъуэм къилъытэр Кавказ зауэрат. Къаруушхуэ тебгъэкIуэдэн хуейт зауэ зэманым зэтекъута псэукIэр зэфIэбгъэувэжыным.
- АЙЛАРОВЭ Светланэ,
- тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор,
- Осетие Ищхъэрэм и гуманитар, цIыхубэ къэпщытэныгъэхэм я институтым и щIэныгъэрылажьэ пашэ.
- Балъкъ шы заводыр къызэрызэрагъэпэщар
- XIX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм Къэбэрдейм шыхъуэу 192-рэ ист. Шы куэд зезыхуэхэм хабжэрт полковник ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ (300), Кушмэзокъуэ Кушмэзыкъуэ (200), Тыжь Пакъ (600), Тыжь Алий (500), подполковник Къэсейр (200), юнкер Шалборэмрэ и къуэшхэмрэ (1500), ХьэтIохъущокъуэ Бэчмырзэ (250), ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил (200), ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ (300), ТэукIэщ Цурэ (225). А гупым щыщт шы зехуэнкIэ щапхъэ къэзыгъэлъагъуэ Къуэдзокъуэри.
- 1866 гъэм мэлыжьыхь мазэм Къуэдзокъуэм Тэрч областым и унафэщIым лъэIукIэ зыхуегъазэ къэрал мылъкур зыIэщIэлъ департаментым щIыналъэм щызэрахуэ шыхэр «езыгъэфIэкIуэн шы лъэпкъыфI дыдэ зэригъэпэщын» папщIэ сом 10 000 къыхуригъэутIыпщыну.
- А тхыгъэм Къуэдзокъуэм щыжеIэ Къэбэрдейм щыIэу шищэ зэриIэр. НэгъуэщI дэфтэрхэм къыхощ абы 1863 гъэм зи бжыгъэр 250-м нэс шы гуартэ зэрихуэу щытауэ. Iуэхум шэч къызэрытрихьэр къыхигъэщу, къэрал мылъкур зыIэщIэлъ Кавказ тетым и департаментыр зезыхьэр Тэрч областым и унафэщIым йочэнджэщ: «Къуэдзокъуэр нэхъ ахъшэ мащIэкIэ а мурадым лъэмыIэсыфыну пIэрэ?» — жеIэ-ри.
- Къуэдзокъуэм 1867 гъэм мэлыжьыхьым Тэрч областым и унафэщIу лэжьа Лорис-Меликов Михаил и цIэкIэ игъэхьэзыра жэуапым щыжеIэ: «Къэбэрдейм шищэ ирикъу гуартэм ущелэжьыныр сом 10 000 нэхърэ нэхъ мащIэкIэ пхузэфIэкIынукъым». Уеблэмэ, ахъшэр зэ тыгъуэу иратын зэрыхуейр къыхегъэщ Къуэдзокъуэм. «НэгъуэщIу ахъшэр къысхуэгъэщхьэпэнукъым, — етх абы, сыту жыпIэмэ, хамэ къэралым хьэрып шитху къыщызмыщэхуу хъунукъым, абы сом 7000 текIуэдэнущ». АрщхьэкIэ езы Кавказ тепщэм Къэбэрдейм завод гуэрым къыщагъэхъуа шищ тыгъэ хуищIыныр нэхъ захуагъэу къилъытащ. Дэфтэрхэм ар къыхощ «пащтыхьым и хьэлэлагъым къыхэкIа тыгъэ» фIэщыгъэм щIэту.
- Къуэдзокъуэм шы завод къызэIуихыну гупыж зэрищIам ипкъ иткIэ «Къэбэрдейм къашэну шыхэр зыщIагъэувэн шэщрэ, ахэр шыхъуэхэм къызэрагъэщхьэпэну щIыкIэмрэ зэрелэжьынур къыщыгъэлъэгъуа дэфтэр» игъэхьэзырыну унафэ къыхуащI. А унафэр игъэзэщIэн папщIэ лэжьыгъэш-хуэ иригъэкIуэкIащ Лэкъумэн. Абы Налшык шыхъуэ пашэ-хэр ириджэри, шы гъэхъупIэ къызэрагъэпэщынум тригъэпсэлъыхьащ, ар къызэрагъэщхьэпэну щIыкIэхэри яубзыхуащ. Къуэдзокъуэм къызэрилъытэмкIэ, Iуэхур тыншу зэфIэкIын папщIэ, Балъкъ и Iуфэ сэмэгум, псоми яцIыху «Известный брод» къуэм километрищкIэ пэIэщIэу, шэщ щаухуэнрат нэхъыфIыр. Ухуэныгъэр адыгэ цIыхубэм зэ- халъха мылъкум къыхахыу Афэ Сэид жыхуаIэ адыгэ щIалэм иригъэкIуэкIыну унафэ къащтащ. Къэбэрдей шыхъуэхэм ахъшэр зытекIуадэм кIэлъыплъыну жэуаплыныгъэ зыбгъэдэлъ икIи зэгъэзахуэшхуэ зыхэлъ, Iуэхур нэгъэсауэ зыфIигъэкIыныр зи хьэл ротмистр Къармэм и пщэ далъхьэ- ну къыщыхалъхьэм, Къуэдзокъуэр абы арэзы техъуакъым, Къармэм шы гъэхъун Iуэхум зэрыхимыщIыкIым къыхэкIыу. Администрацэр Къуэдзокъуэм и акъылэгъу хъури, шыгъэхъупIэм и унафэр езым и пщэ къыдалъхьэжащ.
- 1870 гъэм и гъатхэм унафэр къащтащ. 1870 гъэм мэлыжьыхьым и 4-м Къуэдзокъуэм Тэрч тепщэгъуэм и унафэщIыр щыгъуазэ ещI гъатхэм къызэIуахыну шы заводыр хьэзыр хъун папщIэ зэфIагъэкIахэм. Шэщым пIалъэкIэ Балъкъ Iуфэ Iут Лафыщхьэблэр ирагъэубыдри, мэкъу, зэнтхъ, хьэуазэ ягъэхьэзырын щIадзэ, шыхэр къэзышэнухэр Харьков ягъакIуэ, шыхэм якIэлъыплъыну иджыри адыгэ щIалищ лэжьакIуэу къащтэ. Къуэдзокъуэр аргуэру мэлъаIуэ Къэбэрдей псапащIэ ахъшэм щыщу шы гъэхъупIэм илъэс къэс текIуэдапхъэ ахъшэр къыхуаутIыпщыну. Лорис-Меликовым Къэбэрдей округым и унафэщIым «зиусхьэн Къуэдзо- къуэм псапэ ахъшэм щыщу Къэбэрдейм шы гъэхъупIэ къыщызэIуахын папщIэ хуэзэр хухигъэкIыну» унафэ хуи-щIат, ауэ Iуэхур и пIэ икIыгъуейт. Гугъут шы завод зэбгъэпэщыныр. Языныкъуэ шыхъуэхэм заводым елэжьын Iуэхур я къалэну ялъытэжыххэртэкъым икIи къафIэIуэхутэкъым. 1872 гъэм мазаем къэбэрдей шыхъуэхэм къызэдащта унафэм ипкъ иткIэ, дестынэ 500-м нэс щIы, шитху, абыхэм ябгъэдэлъыпхъэ Iэмэпсымэхэр ахъшэм дэщIыгъуу Къуэдзокъуэм и IэмыщIэ иралъхьэ икIи «а махуэм къыщыщIэдзауэ илъэс къэс абы къыхуаутIыпщ сом 1730-р зэрыхуейуэ къигъэщхьэпэну хуит ящI». Езы Къуэдзокъуэм шищэм нэблагъэ шы щыпIыгъ хъун IуэхущIапIэ зэригъэпэщын папщIэ лъэкIыну псори ищIэну псалъэ итащ. Шы гъэхъупIэм и унафэщIу икIи и кIэлъыплъакIуэу щытар езым и хэгъэрей щIалэ, Нэгумэ Шорэ и къуэ Ерустэнщ.
- КЪУМЫКЪУ Тыгъуэн.
- «Дмитрий Кодзоков» тхылъым щыщ.