КНР-мрэ КъБР-мрэ я зэпыщIэныгъэхэр ирагъэфIакIуэ
2018-08-04
- Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щызэIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ КНР-м и чрезвычайнэ икIи полномочнэ лIыкIуэу УФ-м щыIэ Хуэй Лирэ. ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэ Умаханов Ильяс, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., Къэрал Думэм и депутатхэр, районхэмрэ къалэхэмрэ я Iэтащхьэхэр, министерствэхэм, ведомствэхэм я унафэщIхэр, хьэрычэтыщIэ Iуэхум пэрытхэр, нэгъуэщIхэри.
- ЗэIущIэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Юрий жиIащ УФ-м и къэрал щIыб политикэм дежкIэ урысей-китай зэдэлэжьэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- — Китайр Урысейм нэхъ убгъуауэ къыдэлажьэхэм ящыщщ, — жиIащ КIуэкIуэм. — КъэралитIым я унафэщIхэми къыхагъэщ зэхъуэкIыныгъэ куэд щекIуэкI ди лъэхъэнэм я зэдэлэжьэкIэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр. ИкIи абы ипкъ иткIэ, 2018 — 2019 гъэхэр урысей-китай щIыналъэ зэдэлэжьэныгъэм хухахащ унафэщIхэм. Си гуапэ хъууэ къыхэзгъэщыну сыхуейщ Къэбэр-дей-Балъкъэрымрэ Китаймрэ я зэпыщIэныгъэм зиужь зэпыту зэрыщытыр. Абы щыхьэт тохъуэ инвестицэ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ зэгурыIуэныгъэ зыбжанэ зэрызэтщIылIар, сату Iуэхур зэрефIэкIуар. Абы и лъэныкъуэкIэ увыпIэшхуэ зыубыдхэм ящыщщ ди зэхуэдэ проектыр, «Этана» промыш- леннэ IуэхущIапIэ иныр зэрыдухуэр. Ар къызэIутхмэ, и сэбэп зэкIынур Къэбэрдей-Балъкъэрым и закъуэкъым, атIэ Урысейм и Ипщэ лъэныкъуэми лъэIэсынущ.
- КIуэкIуэр тепсэлъыхьащ иджыпсту абы и ухуэныгъэр къэралитIми я къулыкъущIапIэхэм я нэIэ щIэту зэрекIуэкIым, ди республикэм щагъэзэщIэну нэгъуэщI зэгурыIуэныгъэхэри зэрызэращIылIам.
- Хуэй Ли къыхигъэщащ иужьрей зэманым Урысеймрэ Китаймрэ я зэдэлэжьэныгъэр хъарзынэу зэрефIакIуэр, абы нэхъри зебгъэужь зэрыхъунур. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр УФ-м и хэгъэгу нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Абы ипкъ иткIэ ди зэдэлэжьэныгъэм хыхьэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэр къэдгъэлъагъуэ хъунущ. Ди мурадщ ди зэпыщIэныгъэр нэхъри едгъэфIэкIуэну, абы папщIэ фи хэгъэгум и хъугъуэфIы- гъуэ псоми нэхъыфIу зыщыдгъэгъуэзэну дыхуейщ», — жиIащ Хуэй Ли.
- КъБР-м и экономикэ, турист Iэмалхэр КНР-м и Посольствэу Москва щыIэм щагъэлъэгъуэныр зэрыфIэигъуэр жиIащ хьэщIэм икIи дызыхуэкъулейр я нэкIэ ялъагъуну зэрыхуейр къыхигъэщащ. «Ди посольствэм КъБР-м теухуа зэIущIэ къыщызэдгъэпэщу абы къедгъэблагъэ хъунущ Москва щыIэ къэрал, уней компаниехэм я лIыкIуэхэр, Москва къыщызэIуаха Китай банкхэм я лэжьакIуэхэр, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр. Апхуэдэу нэхъыбэм фыкъацIыхунущ икIи сэбэп хъунущ», — пищащ Хуэй Ли.
- УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и къуэдзэ Умаханов Ильяс игъэбелджылащ зэхуэза лъэныкъуитIым фIагъ куэд къызыпэкIуэну зэгурыIуэныгъэхэр зэрызэращIылIэнур и фIэщ зэрыхъур, къэралитIым я зэдэлэжьэныгъэм ар къаруущIэ хуэхъуну зэрыщыгугъыр.
- «Этана» промышленнэ IуэхущIапIэм и ухуэныгъэр КъБР-м зэрыщекIуэкIым зэпкърыхауэ тепсэлъыхьащ абы и унафэщI Iэщын Сергей. Апхуэдэу ди республикэм и инвестицэ экономикэ лъэкIыныгъэхэр хьэщIэхэм я пащхьэ кърихьащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Бо- рис.
- ЛъэныкъуитIым я лIыкIуэхэм а махуэм Iэ щIадзащ сатум, промышленностым, туризмэм зэрызрагъэужьыну зэгурыIуэныгъищым.
- КIуэкIуэ Юрийрэ Хуэй Лирэ журналистхэм щепсалъэм къыхагъэщащ къэралитIым я зэдэлэжьэныгъэм Китай, Урысей хэгъэгухэр къыхыхьэн зэрыхуейр.
- — Фэ фи мэкъумэш, туризм, нэгъуэщI IэнатIэхэм хъарзынэу заужьащ, абыхэмкIэ Китай хэгъэгухэм фадэлэжьэнымкIэ Посольствэр сэбэп хъунущ, — жиIащ Хуэй. — Къапщтэмэ, зы проект ехьэжьа иджыпсту щаухуэ КъБР-м, ар щапхъэ зытехыпхъэ Iуэхуу сыт щыгъуи къэбгъэлъагъуэ хъунущ. Дэ дыхуейт иджыри фиIэ Iэмалхэр ди нэкIэ зэдгъэлъагъуу, зэгурыIуэныгъэщIэхэр зэтщIылIэну. Нэхъыщхьэращи, КIуэкIуэ Юрийрэ республикэ унафэщIхэмрэ жэрдэм яIэщ хамэ къэралхэм ядэлэжьэну, а Iуэхум нэхъри зрагъэужьыну. Сэ абыкIэ сэбэп сыхъунущ.
- КъБР-м и Iэтащхьэм дыщIигъуащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ ирагъэжьа «Этана» проектым, доллар зы мелард зыхалъхьам, и япэ Iыхьэр 2020 гъэм и кIэм нагъэсыну, нэхъыбэж къызэщIэзыубыдэ адрей Iыхьэхэр чэзууэ ягъэзэщIэну зэрихъуэпсапIэр, ар лъэныкъуитIми я фейдэ къызыхэкIыну хьэрычэт Iуэху ину зэрыщытыр.
- НэщIэпыджэ Замирэ.