Министрым егъэгушхуэ
2018-08-07
- КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и унэм министр Хьэсанэ Ислъам щаIущIащ зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуахэм дзюдомкIэ Азием и кубокыр къэхьыным теухуауэ Бишкек щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм.
- Зэхьэзэхуэм хэтащ Корее Ипщэм, Пакистаным, Индием, Къэзахъстаным, Узбекистаным, Африкэ Ипщэ Республикэм, Зимбабвем, Сауд Хьэрыпым, Китайм, Азербайджаным, Урысейм щыщ спортсмен ныбжьыщIэ 350-м щIигъу. Дунейпсо класс зиIэ спортым и мастер Джэданэ Залым и гъэсэнхэр УФ-м и командэ къыхэхам и гъусэу абы щыIащ икIи цIыхуищым дыжьын медалхэр къахьащ, зым жэзыр къылъысащ. Щыбэна гупхэм етIуанэ щыхъуащ Шэджэм БетIал (кг 50), Ало Мухьэмэд (кг 66-рэ), Къэбардэ БетIал (кг 73-рэ). Зи хьэлъагъыр килограмм 73-м нэблагъэхэм я деж ещанэ увыпIэм къыщыувыIащ Мырзэбэч Ильяс.
- Мэзкуу Къанщобий.