ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэпеуэм фыхэтыну фыхуеймэ

2018-07-05

  • «ВагъуэщIэ» («Новая звезда») урысейпсо макъамэ зэхьэзэхуэм и еплIанэ зэхыхьэм хэтыну хуейхэр къыхахын щIадзэ. Абы я зэфIэкI щагъэлъэгъуэнущ Урысейм и щIыналъэ 85-м я лIыкIуэхэм. ТекIуэныгъэр къэзыхьауэ къалъытэну щIыналъэр зи артистыр финалым нэсу телевизореплъхэм Iэ нэхъыбэ зыхуаIэтырщ.

  • ЛъэIу тхылъхэр Iах Урысей Федерацэм и цIыхуу зи ныбжьыр илъэс 18-м къыщыщIэдзауэ 45-м (ирикъуахэри хиубыдэу) нэсхэм, музыкальнэ гупхэр цIыхуих нэхъыбэ хъу хъунукъым. Зэхьэзэхуэм зэрыхэтыну хуитыр УФ-м и щIыналъэхэм щыщу ар щытхам е къыщалъхуам къабгъэдэкIыущ.
  • Зэпеуэм ухэтыну узэрыхуеймкIэ лъэIу тхылъыр зэрыптхыну щIыкIэр къыщыпхуэщIэнущ бланкри къыпхуихынущ https://vk.com/doc-78615465-464544657 интернет напэкIуэцIым. Бгъэхьэзыра анкетэмрэ зэхьэзэхуэм щыбгъэлъэгъуэну лэжьыгъэмрэ [email protected]. электроннэ хэщIапIэм ебгъэхьын хуейщ. Тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэу («темэ» жыхуиIэм и деж) къыщыгъэлъэгъуэн хуейщ: «ВагъуэщIэ 4, цIэр, унэцIэр, адэцIэр / гупмэ, абы и цIэр, зи цIэкIэ утыку къихьэ къалэр / ар зыхиубыдэ щIыналъэр» (Псалъэм и хьэтыркIэ, «ВагъуэщIэ 4, Иванов Иван Иван и къуэ, Белгород / Белгород область»). ЖыхуэтIа псори (анкетэри, бгъэлъэгъуэну лэжьыгъэри, ар къыщагъуэтынури) зы тхыгъэм итын хуейщ.
  • ИСТЭПАН Залинэ.