КъБР-м и Iэтащхьэр Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щыхуэзащ бжыгъэхэр зи лъабжьэ творчествэмкIэ школыр къызэзыгъэпэща икIи абы и генеральнэ директор Абрамовэ Дарье
2018-06-09
- Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щыхуэзащ «Кодабра» бжыгъэхэр зи лъабжьэ школым и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI Абрамовэ Дарье.
- Псалъэмакъым хиубыдэу къаIэтащ Урысей Ипщэм щыяпэу бжыгъэхэр зи лъабжьэ щIэныгъэхэм сабийхэр щыхурагъаджэ школ республикэм къыщызэIухынымкIэ щыIэ Iэмалхэм.
- Бжыгъэхэр зи лъабжьэ экономикэм зыщиужь лъэхъэнэм, къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Юрий, икъукIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ цIыкIухэр пасэ дыдэу щIадзэу къэкIуэну зэманым къагъэсэбэпыну технологиехэм щыхурагъэджэн IуэхущIапIэ къызэгъэпэщыным.
- «Иджырей зэманым дэтхэнэ сабийми хищIыкIын хуейщ бжыгъэхэр зи лъабжьэ щIэныгъэм. ЦIыхум и акъылыр пэщIэдзэ классхэм щызэтоувэ, абы къыхэкIыу сабийхэр илъэси 6 ныбжьым щегъэжьауэ а Iуэхум хурагъаджэу щIадзэн хуейщ. ЩIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт иджырей центхэр мы зэманым зыщылажьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым а Iуэхур дэгъэкIынымкIэ Iэмал псори щыIэщ», — къыхигъэщхьэхукIащ Абрамовэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.