ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Налшык къалэ округым  и щIыналъэ администрацэм  и Iэтащхьэ  Ахъуэхъу  Таймураз

2018-06-09

  • Налшык къалэ округым щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ и советым и депутатхэм дыгъуасэ ирагъэкIуэкIа сессием конкурс Iуэхухэм къарикIуахэм щыхэплъэжри, къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и къулыкъум ягъэуващ Ахъуэхъу Таймураз.

  • Мы къулыкъум увын папщIэ конкурсым хэтащ къалэм дэт еджапIэ №31-м и унафэщI Егъуэж Анзор, республикэ клиникэ сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Мыкъуэ Мурат, федеральнэ налог къулыкъущIапIэм Налшык къалэм дэт и IуэхущIапIэ №2-м и унафэщI Нало Залымджэрий, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмкIэ, филологиемкIэ, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и институтым и унафэщI Тамазэ Муслъим, «Гарант-Сервис УК» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм и генеральнэ директор Урысбий Iэюб, къалэ паркым и унафэщIым зэIузэпэщ лэжьыгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и къуэдзэ Шымэзокъуэ Мусэ сымэ.
  • Къалэм и Iэтащхьэм щIэуэ ягъэувам депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым зегъэужьыным зэщIыгъуу елэжьыну зэрыщыгугъыр къыхигъэщащ.
  • * * *
  • Ахъуэхъу Таймураз Борис и къуэр 1971 гъэм Бахъсэн къалэм къыщалъхуащ. Ломоносов М. В. и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетым социологиемкIэ и факультетымрэ Бэрбэч Хь. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и юридическэ факультетымрэ фIы дыдэу къиухащ.
  • Абы лэжьэн 1996 гъэм щIидзащ. Федеральнэ хабзэхъумэ, налог органхэм къулыкъу щищIащ. 2015 гъэм и гъатхэпэ мазэм КъБР-м лэжьыгъэмкIэ, цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэу ягъэуващ. 2015 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм щегъэжьауэ Федеральнэ казнайчествэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщIу лэжьащ. 2016 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэу, 2017 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэу ягъэуващ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ
  • я пресс-IуэхущIапIэ.