Ди щэнхабзэм щIапIыкI
2018-04-21
- Адыгэ лъэпкъым и тхыдэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр яфIэгъэщIэгъуэну, ахэр хуэсакъыу яхъу-мэу ди щIэблэр гъэсэным, ди щIыналъэм и къулеягъэ нэхъыщхьэхэм щыгъуазэу, ахэр зэрырагъэфIэкIуэным хущIэкъуу къэгъэтэджыным хуэгъэпса Iуэхущ «Си бзэ — си псэ, си дуней» лъэпкъ зэпеуэм хыхьэу Къубэ-Тэбэ къуажэм и пэщIэдзэ еджапIэ-сабий гъэсапIэм щрагъэкIуэкIыр.
- Зи гугъу тщIы Iуэхум хухахащ тхьэмахуэм щыщу зы махуэ. Мэрем къэс зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр зэкIуалIэ гупым зэрыщыпсалъэр адыгэбзэ защIэщ; пэщIэдзэ клас-схэм щIэс цIыкIухэм проектым ехьэлIа лэжьыгъэхэр щыдрагъэкIуэкIыр шэджагъуэ нэужьырщ; егъэджакIуэхэр лъэпкъ щыгъыныгъуэхэмкIэ хуэпащ; пщэфIапIэм щагъэхьэзырыр адыгэ шхыныгъуэхэрщ.
- ЕгъэджэныгъэмкIэ IуэхущIапIэм адыгэ щэнхабзэм сабийхэр щыгъэгъуэзэным ехьэлIа лэжьыгъэ махуэ къэс ирегъэкIуэкI. Псалъэм и хьэтыркIэ, адыгэ фащэ зыщыгъ гуащэхэмкIэ ягъэджэгу, театр теплъэгъуэхэр ирагъэгъэув, лъэпкъ IэщIагъэхэм хуэIэпщIэлъапщIэхэм ящIа хьэпшыпхэр ирагъэлъагъу, адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэм, лъэпкъ IуэрыIуатэм щыщ тхыгъэхэм къоджэ, адыгэ макъамэхэм, уэрэдхэм йодаIуэ, къофэ, макъамэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр зрагъэлъагъу.
- ИСТЭПАН Залинэ.