Саугъэтхэр къызэрагъэсэбэпынум топсэлъыхь
2018-02-27
- КъБР-м и Жылагъуэ палатэм иджыблагъэ щедэIуащ УФ-м и Президентым и саугъэтхэр зыт фондым 2017 гъэм иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу щытекIуахэм ягъэзэщIэну лэжьыгъэхэр зытеухуам. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэхэу Аттаев Жэмал, Федченкэ Людмилэ, граждан жылагъуэм, лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэм зегъэужьынымкIэ комиссэм и тхьэмадэ Маслов Николай, республикэм мылъку къэлэжьыным темыщIыхьауэ щылажьэ IуэхущIапIэхэм (НКО) я лIыкIуэхэр.
- Аттаев Жэмал къыщыпсалъэм къыхигъэщащ УФ-м и Президентым и саугъэтхэр зыт фондым иригъэкIуэкIа зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщигъэлъэгъуа ехъулIэныгъэм арэзы укъызэрищIыр, абы республикэм щыIэ НКО-хэм я лэжьыгъипщI — псоми зэхэту сом мелуан 20-м щIигъу хуэзэу — зэрыпхагъэкIыфар. «Нобэ дынывохъуэхъу фи IуэхущIафэм апхуэдэ гулъытэшхуэ къызэрыхуащIам папщIэ. Фи ехъулIэныгъэр щыхьэт тохъуэ цIыхум, хуеймэ, сытри зэрызригъэхъулIэфынум. Иджы, нэхъыщхьэращи, пщэрылъ зыщыфщIыжа къалэнхэр зыхуей хуэзауэ вгъэзэщIэныр къыф-пэщылъщ. Ди гуапэщ КъБР-м и Жылагъуэ пала-тэм хэтхэу Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ Гуппоев Тимур- рэ ягъэхьэзыра лэжьыгъэхэр мы Iуэхум къызэрыщалъытар», — жиIащ Аттаевым.
- КъБР-м и Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, «Гу къабзэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафIэщIым Сыжажэ Алим къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ лъэпкъ, дин зэхущытыкIэхэр ирагъэфIэкIуэн мурадкIэ ягъэхьэзыра «Дызэгъусэщ» Iуэхум. А щIалэгъуалэ зэхыхьэр 2018 гъэм бадзэуэгъуэм и кIэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэ зыгъэпсэхупIэхэм я зым къыщызэрагъэпэщыну я мурадщ. Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, 2015 гъэм япэу апхуэдэ Iуэху ирагъэкIуэкIауэ щытащ. Махуиблым тещIыхьауэ щытыну Iуэхум мы гъэм ныбжьыщIи 124-рэ хэтынущ.
- — ЗэрыгурыIуэгъуэщи, цIыху псори зэхуэдэкъым. АрщхьэкIэ, абы емылъытауэ, лъэпкъ зэхэгъэж ямыщIын папщIэ, диныр я тегъэщIапIэу зэныкъуэкъу къэмыхъун щхьэкIэ, щIалэгъуалэм щIэх-щIэхыурэ лэжьыгъэ ядегъэкIуэкIыпхъэщ. КъагурыгъэIуэн хуейщ лъапIэныгъэ яхуэхъупхъэр, щапхъэ зытрахыпхъэр. Абы и лъэныкъуэкIэ мы гъэм етIуанэу едгъэкIуэкIыну Iуэхум и сэбэпынагъыр нэрылъагъуу къызолъытэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм ящыщ щIалэгъуалэм зы Iуэху зэрызэдедгъащIэм и фIыгъэкIэ зым адрейм и щэнхабзэм, хабзэм, гупсысэм пщIэ хуащI мэхъури. Абыхэм загъэпсэху къудей мыхъуу, едгъэджэнущ, проект гъэщIэгъуэнхэм едгъэлэжьынущ, — жиIащ Сыжажэм.
- Зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм защIэзыгъакъуэ «Гугъэ» жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Емуз Иринэ жиIащ УФ-м и Президентым и саугъэт къахьамкIэ цIыхур и узыншагъэм кIэлъызыгъэплъыж программэ хэхахэр зэрагъэзэщIэнур. IуэхущIапIэр ядолажьэ сабий ныкъуэдыкъуэхэм я Iэпкълъэпкъым зэрызегъэужьыпхъэ IэмалхэмкIэ, къищынэмыщIауэ, абыхэм я адэ-анэхэм я гугъуе-хьыр дагъэпсынщIэн папщIэ, IэщIагъэлIхэр ирагъэпсалъэ. «Гугъэ» жылагъуэ IуэхущIапIэм 2010 гъэм къыщыщIэдзауэ сабийхэр хуегъасэ шы тесыкIэм, ар ныкъуэдыкъуэхэмкIэ сэбэпышхуэу къалъытэри. Мы Iэмалыр къагъэсэбэпыфын щхьэкIэ 2013, 2015 гъэхэм республикэ бюджетым щыщ ахъшэ IуэхущIапIэм къыхухагъэкIащ. «Гугъэм» Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым епхауэ къызэIуихащ адрей сабийхэм емыщхьу зызыужьхэм творчествэмкIэ я центр. Мы зэманым абы сабий 400-м и нэIэ трегъэт.
- КъБР-м баскетболымкIэ и федерацэм и уна- фэщI Къумыкъу Аслъэнджэрий тепсэлъыхьащ ахъшэ саугъэтыр зытрагъэкIуэдэну а спорт лIэужьыгъуэм щIыналъэм зэрызыщрагъэужьыну щIыкIэм.
- Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэ Савельев Георгий утыку кърихьащ «Урысейм и иджырей лIыхъужьхэр» щIалэгъуалэ проектыр зэрагъэзэщIэнур. Абыхэм я мурадщ щIалэгъуалэр лIыхъужьхэм IуагъэщIэну, апхуэдэ зэхыхьэу 20 Урысейм и щIыналъэхэм къыщызэрагъэпэщыну. Апхуэдэуи ар тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым туризмэм зыщегъэужьыным ехьэлIауэ лъэс зекIуэхэр япэм хуэдэу ирагъэжьэжын хуейуэ къызэралъытэм.
- УФ-м и Президентым и саугъэтхэр зыт фондым иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм пхыкIахэм щыщу ягъэзэщIэну проектхэм зэIущIэм щытепсэлъы-хьащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, жылагъуэ жэрдэмхэр къэзыIэт «Кавказ Ищхъэрэ» щIыналъэ зэхуаку центрым и унафэщI Давыдов Къантемыр, «Хэкупсэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэ Къагъырмэс Зали- нэ, Терроризмэмрэ экстремизмэмрэ пэщIэтынымкIэ щIэгъэкъуэн хъу «Мир дому твоему» жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Шыбзыхъуэ Суфэдин сымэ.
- БАГЪЭТЫР Луизэ.