ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зэныбжьэгъугъэм и пшыхь

2017-11-30

  • Къэрал Музыкэ театрым иджыблагъэ щекIуэкIащ  Кавказ Ищхъэрэм и къэфакIуэ ансамблхэм я Зэныбжьэгъугъэм и  фестиваль. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-мрэ УФ-мрэ цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къыщалъытэ «Нал цIыкIу» сабий ансамб-          лыр  илъэс 30 зэрырикъум и щIыхькIэ.
  •  
  • Зэныбжьэгъугъэ фестивалым кърагъэблэгъащ щIыналъэ, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэмрэ фестивалхэмрэ зи зэфIэкIхэр къыщалъыта, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Шэшэным, Ингушым, Осетие Ищхъэрэ — Аланием, Дагъыстэным, Къэбэрдей-Балъкъэрым я къэфакIуэ гупхэр. Гъуазджэм и зэхыхьэ гуапэм ныбжьыщIэ 450-м нэблагъэ зэхуишэсащ.
  • Фестивалыр ягъэбжьыфIащ цIыхубэ къафэхэмкIэ 2016 гъэм екIуэкIа дуней- псо зэхьэзэхуэм пашэ щыхъуа, КъБР-мрэ УФ-мрэ цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къыщалъытэ «Кавказ пшэплъхэр» (художественнэ унафэщIыр УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тхьэмокъуэ Мартинщ), «Пщэдджыжь вагъуэ» урысейпсо зэпеуэм, Сочэ къафэхэмкIэ щекIуэ-кIа олимпиадэм я лауреат «Озорные девчата» (художественнэ унафэщIыр Тариевэ Тамарэщ), урысей-псо, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм я Гран-прир къэзыхьа, Дагъыстэным и «Кавказым и щIэблэр» сабий-ныбжьыщIэ ансамблыр (художественнэ унафэщIыр Дагъыстэным егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Казимовэ Марьямщ), 2016 гъэм Батуми къалэм щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм и Гран-прир зыхуагъэфэща, къафэхэмкIэ щапхъэу къалъытэ «Эльбрус» ансамблыр (художественнэ унафэщIыр УФ-м щIыхь зиIэ и артист Соттаев Къанщауэщ), Адыгейм и «Мейкъуапэ и пшэплъхэр» сабий ансамблыр (художественнэ унафэщIыр Адыгэ Республикэм и цIыхубэ артист, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Наниз Айдэмырщ), Осетие Ищхъэрэ — Аланием Сабий творчествэмкIэ и республикэ унэм и «Маленький джигит» ансамблыр (художественнэ  унафэщIыр         УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Осетие Ищхъэрэ — Аланием егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Кокаев Таймуразщ), Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ и «Вагъуэ цIыкIу» (художествен-нэ унафэщIыр Къурашэ  Эдикщ), КъШР-м и «Ридадэ» (художественнэ унафэщIыр Тание Валерэщ), Шэшэным и «Даймохк» (художественнэ унафэщIыр УФ-м щIыхь зиIэ и артист Ахмадов Рамзанщ), дуней-псо фестивалхэм я лауреат, дунейпсо зэпеуэхэм я Гран-прир зыбжанэрэ зыхуагъэфэща, Сочэ къалэм щекIуэкIа XVIII дунейпсо щIалэгъуалэ фестивалым хэта «Нал цIыкIу» ансамблхэр (художественнэ унафэщIыр Ингуш, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Куэшей Аликщ), нэгъуэщIхэми.
  • НыбжьыщIэхэм удахьэ-хыу къагъэлъэгъуащ Кавказым ис лъэпкъхэм я къафэ лIэужьыгъуэхэм я дахагъэмрэ уардагъэмрэ,   утыку итыкIэр. ЩIэблэм къафэ гъуазджэр я псэм зэрыхэлъымрэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ а щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэм и курыхыр зэрахъумэмрэ уримыгушхуэн плъэкIыртэкъым. ЩIалэ къуданхэмрэ пщащэ зэкIужхэмрэ къафэм щаIэ зэфIэкIхэр зэрагъэлъагъуэм къыдэкIуэу Iэмал яIащ гъунэгъу лъэпкъхэм я щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зыхагъэгъуэзэну, зыр адрейм дэгуэшэну. НыбжьыщIэхэр нэхъ гъунэгъуу зэрыцIыхуащ, зэпсэлъащ, я зэныбжьэгъугъэр нэхъри ягъэбыдэну, дяпэ-кIи зэкIэлъыкIуэну зэгурыIуащ.
  • КъБР-м ЦIыхубэ творчествэмкIэ и методикэ центрым и унафэщI Жылэ Анатолэ «Нал цIыкIу» ансамблым и художественнэ унафэщI Куэшей Алик иритащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и щIыхь тхылъыр.
  • Куэшейм фIыщIэ яхуи-щIащ пшыхьыр къызэзы-гъэпэщахэмрэ абы хэтахэмрэ. Фестивалыр зыгъэдэха къэфакIуэ гупхэр ягъэпэжащ, фIыщIэ тхылъхэр, кубокхэр иратащ.
  •  
  • ТЕКIУЖЬ  Заретэ.
  • Сурэтхэр   Къарей  Элинэ  трихащ.