ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Пхъум и щапхъэ

2017-11-25

  • Шэджэм къалэм дэс Къэшэж (Мамбэт) КIуатIэ, анэ гумащIэм, анэшхуэ IэфIым, унэгуащэ нэсым, гъащIэм щызыхуигъэувыжа къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщт быныр, абыхэм и быныжыр зыхуей хуэгъэзэныр, гъэсэныгъэ нэс ябгъэдэлъхьэныр.
  •  
  • КIуатIэ 1924 гъэм Шэджэм къыщалъхуащ. Ауэ, езым зэрыжиIэмкIэ, ятх илъэс бжыгъэм нэхърэ илъэситIкIэ нэхъыжьщ. А зэманым къаухыр класситI-щы школти, Шэджэм дэт еджапIэм и класситIыр кърихьэлIауэ щытащ. ИужькIэ колхозым щылэжьащ. Нанэм и ныбжьым, гъащIэ къекIуэкIыкIам теухуа и гукъэкIыж хъыбархэм уедэIуэну гъэщIэгъуэнщ.
  • Къэшэжхэ я лъэпкъыр Къармэхьэблэ дэсщ, ауэ унагъуэ ихьа нэужь, КIуатIэ и щхьэгъусэр и гъусэу ЛашкIутIэ, Бедыкъ, Былым къуажэхэм щыпсэуащ. ХьэкIашэрэ абырэ пхъуих зэдапIащ. Нэхъыжь дыдэр илъэс 74-рэ мэхъу, нэхъыщIэр — 57-рэ. Адэ-анэм я пщIантIэм къыдэнар япхъу нэхъыщIэращ.
  • «Анэм и хабзэр пхъум и щапхъэщ», — жыхуаIэращи, быну иIэм гъэсэныгъэ нэс ябгъэдэзылъхьэфа цIыхубзыр абы кърикIуахэм нобэ ирогуфIэ. Пхъуихри унагъуэ зырызу ягъэтIысыжащ, быным я быныжхэри яхэту. Зэщхьэгъусэхэр колхозым щыла-жьэу гъащIэр яхьащ. Хъыджэбзхэм IэщIагъэ, щIэныгъэ зрагъэгъуэтын хуей щыхъум, зыми пэрыуакъым, ягу дыхьэ унэтIыныгъэр къыхрагъэхащ. Иджыпсту пенсэ тIысыжа щхьэкIэ, ахэр псори лэжьыгъэ IэнатIэ Iутащ. Абыхэм яхэтщ банкым щылэжьаи, бухгалтеру, дохутыру, дэрбзэру щытаи. КIуатIэ пхъурылъхуу 14 иIэщ. Анэшхуэм и ущием щIапIыкIа ныбжьыщIэхэр унагъуэу тIысыжахэщ. Нанэ, нанэшхуэ Iумахуэм къыщIэуващ и пхъурылъхухэм я быну 20-рэ абыхэм я быныжу 4-рэ. Уи гур хохъуэ щIэблэр къызэхуэсыжарэ анэшхуэм къепщIэкIауэ бгъэдэсу щыплъагъум деж.
  • КIуатIэ и унагъуэр 1963 гъэм Шэджэм къэIэпхъуащ. Езы нанэм зэрыжиIэжымкIэ, ахэр зыдэтIысхьа хьэблэр зэрыIыгът, езым нэхъ щIалэ дэстэкъым. Иджы ар хьэблэм я нэхъыжьщ. Илъэс 50-м щIигъуауэ хьэблэм дэс цIыхубзым пщIэ къыхуащI, абы и деж чэнджэщакIуэ куэд къокIуэ. Гъунэгъу сабийхэм яхуэгуапэ нанэм абыхэм я гулъыти егъуэт.
  • Зи ныбжьыр илъэс 90-м щIигъуа нанэм и ущиехэм, хъыбархэм едаIуэ цIыкIухэм я гупсысэкIэм зэрызиужьым шэч къытехьэгъуейщ. «Уи унагъуэм нэхъыжь щIэмысми, хьэблэм апхуэдэ чэнджэщэгъу дэсыныр куэд и уасэщ, — жаIэ гъунэгъухэм КIуатIэ щхьэкIэ.
  • Анэм и махуэм ирихьэлIэу КIуатIэ дохъуэхъу и быным я гуфIэгъуэ илъагъуу илъэс куэдкIэ ящхьэщытыну. УсакIуэм зэрыжиIащи, ар уиIэху иджыри усабийщ.
  • БАКЪ Мадинэ.
  • Шэджэм  къалэ
  •  
  • КЪАГЪЫРМЭС Борис
  •  Си анэм деж
  •  
  • Шхын IэфIхэр Iэнэм
  •  къытеплъхьауэ,
  • Аргуэру дэ дызэбгъэдэсщ.
  • Гу махэ дыдэ укъэхъуауэ,
  • УолъэщI кIэпхынымкIэ уи нэпс.
  • «КъэкIуэж нэхъ щIэхыурэ,
  •  си щIалэ, —
  • ЖыбоIэ, — плъагъукъэ, жьы
  •  сыхъуащ.
  • Жыжьэж си гугъэкъым ажалыр,
  • ПщIыхьэпIэу уи адэри слъэгъуащ…
  • Шхэт уэ, едзакъэт. Сыт, на,
  •  къэзбжыр?..
  • Ди джэдхэр, дауи, тIысыжащ,
  • Згъэбыдэжынщ ди
  • джэдэщыбжэр», —
  • Уи псалъэр зэу щIэплъэфыжащ.
  • Ей, сянэ, сянэ! Уэ узахуэщ,
  • Солъагъу уи щхьэцу уэсу тхъуар.
  • Уимылъу сигу мыкIуа зы махуэ,
  • УзмыщI уи гугъэми хъымпIар.
  • Уи бын уи гъусэу мыпсэуныр
  • ЗищIысыр сэри зыхэсщIащ…
  • Збгынэнкъым, хьэуэ, сэ ди унэр,
  • Мис, ноби уэ сурихьэщIащ.
  • Уэ пщIэркъэ — гъащIэр
  •  жьапщэ инщи,
  • Дунейм цIыху цIыкIур щрекъухь,
  • Зэбгъэдырес, жьы хъуар
  •  гуэныхьщ».
  • Аращ зэманыр, хьэщIэм хуэдэу,
  • ДыкъыфхуокIуэж, фыдощI
  •  пIейтей.
  • ДыщыIэм махуэ — ар тфIэкуэду
  • Дожьэж, докIуэж адрей «дыдейм».
  • Узыншэу, мамэ! Умыдзыхэ,
  • Нэхъ мащIэу пщIыхьхэм егупсыс.
  • ТхьэмыщкIэр — быни зимыIэххэрщ.
  • Мы усэр уи къуэм уэ пхуеус.
  •  
  •  
  • МЫКЪУЭЖЬ Анатолэ
  • Анэ
  • ГъащIэр ехь
  • И быным тегужьеикIауэ:
  • Жьыр къепщамэ,
  • ФIощI ирихьэжьэн.
  • Къытехъуам уэлбанэ,
  • Унэм ар щIэкIауэ,
  • Псыдзэм ихьын фIэщIу,
  • Ныпежьэнщ.
  • Химыгъэхьэ жэщым,
  • Химыгъэхьэ щIыIэм —
  • ФIощIыр псоми
  • Зыгуэр къращIэн…
  • Дыгъэ закъуэрщ анэм
  • Дзыхь зыхуищIу щыIэр:
  • А тIум зэщхьщи аращ я хьэл-щэн.