Мамхэгъхэ я зэхуэс
2017-11-03
- Тхыдэм къызэрыхэщыжымкIэ, адыгэ лIакъуэхэм ящыщ мамхэгъхэр щыпсэуащ Куржыпсрэ Щхьэгуащэрэ я Iэгъуэблагъэм. Адыгэ ныпым тет вагъуэ пщыкIутIым я еянэ лIакъуэм сыт щыгъуи я гъуэгугъэлъагъуэу къадокIуэкI: «Зи блэкIар зыщIэм къэкIуэни иIэщ» жыIэгъуэр. Абы и щыхьэтми ярейт лъэпкъым иджыблагъэ Къэрэшей-Шэрджэсым къыщызэригъэпэща зэхуэсыр.
- Мамхэгъхэм я дуней тетыкIэу щытам къэзыхутэжа тхыдэтх Дьячков-Тарасов Александр мыпхуэдэу етх: «Кавказ зауэм щыгъуэ екIуэкIа зэхэуэ нэхъ гуащIэхэм я зым мамхэгъхэм щалъэкIащ бийр ирагъэкIуэтыну».
- ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 20-нэ гъэхэм Адыгейм къэхутакIуэ щыIа куржы бзэщIэныгъэлI Джанашие Симон мамхэгъ зауэлI-хэм яхужиIат «щыблэм хуэдэщ» псалъэхэр.
- «ЗэрытемыкIуэнур щынэрылъагъуми, мамхэгъыр зэи къикIуэтыр-къым. Захуагъэр зэхигъэкIыныр абы и хьэл нэхъыщхьэщ. Бжьэдыгъур мылъкум щIэкъуми, мамхэгъыр зыхуэпабгъэр зыщ — цIыхубэм пщIэ къыхуащIынырщ», — етх адэ-кIэ Джанашие.
- 1823 гъэм полковник Коцаревыр мамхэгъхэм я къуажэхэм теуа иужь, хэщIыныгъэшхуэ ягъуэтауэ щытащ. Абы иужькIэ, къэнэжахэм я нэхъыбэр Урыс-Кавказ зауэм и иужьрей илъэсхэм Уэс-мэн къэралыгъуэм Iэпхъуащ. АдэкIэ Тыркум, Щамым, Израилым, Иорданием, Филиппинхэм, Германием, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм, нэгъуэщI къэралхэм щызэбгрыдза хъуащ.
- Иджыпсту а пасэрей адыгэ лъэпкъым щыщхэр нэхъ зэрыIыгъыу щопсэу Урысей Федерацэм и къалэ зэхуэмыдэхэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгэ Республикэм.
- Хэгъэгуищым щикъу-хьа лъэпкъыр зэщIэбгъэуIуэныр Iуэху цIыкIутэкъым. АрщхьэкIэ Мамхэгъхэ Адемыркъан, Хьэсин, Ибрэхьим, Аслъэн, Зунель, Гуащэ, Марьят сымэ щхьэж и зэфIэкI халъхьэри, лIакъуэм я зэхуэс зэхашэфащ.
- … Щауэхэр шым тесу, адыгэ фащэхэр ящыгъыу, лъэпкъ шхыныгъуэхэр ягъэхьэзырауэ Мамхэгъ лъэпкъым щыщхэр Жьакуэ пэгъунэгъу «Беслъэн» зыгъэпсэхупIэм деж щапежьащ Къэбэрдеймрэ Адыгеймрэ къикIа я хьэщIэхэм. Жьакуэ дэс Мамхэгъхэм я нэхъыжьыфIхэу ФуIэдрэ Владимиррэ псалъэ гуапэкIэ зыхуагъэзащ я унэцIэджэгъухэм. «Мамхэгъ къафэ» пшыналъэм щIэту фIэхъусыр зэфIэкIа, зэхэплъа нэужь, бысым Iэнэм псори ирагъэблэгъащ, адыгэ хабзэм тету гъуор щэнейрэ къагъаджэри, зэхыхьэр езыгъэкIуэкIа Зуридэрэ Зурабрэ утыкум къихьащ.
- Лъэпкъ жыгыжь иным и
- зы къудамэу,
- Вагъуэ 12-м и зы нэщанэ,
- Кавказ къэухьым
- хэзэрыхьауэ,
- Мамхэгъ унэцIэр
- зезыхьэ лъэпкъ!
- Зэман блэкIахэм
- лIыгъэу зефхьахэр
- Тхыдэм дэ нобэ
- къытхуеIуэтэж.
- Дэнэ гъунапкъэ
- фыщымыIами,
- Фэ фи унэцIэр
- фымыгъэпуд!
- Быдэу дэ нобэ
- дызэрыубыдмэ —
- Лъэщу ди лъэпкъыр
- дунейм тетынщ,
- ЛIыгъэ дэ зетхьэу
- ди цIэр жедгъэIэм —
- Мамхэгъ унэцIэр ену
- псэунщ!
- Лъэпкъ зэхыхьэм и щIыхькIэ, Мамхэгъхэ я нысэ Гуащэ (КIэщтхэ япхъу) зэхилъхьа мы усэр псоми я гум дыхьащ. Зэхуэсым хэтхэм ягу къагъэкIыжащ лъэпкъым и цIэр фIыкIэ зыгъэIуа я лIыхъужьхэр, Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм адыгэ Хэкур хъумэным зи псэ щIэзыта-хэр. Абыхэм я фэеплъым удз гъэгъа- хэр тралъхьэну щIалэгъуалэ гуп, хьэщIэхэм я лIыкIуэхэри яхэту, ягъэкIуащ.
- Мамхэгъхэр япэу зэхыхьэу арати, Къэбэрдеймрэ Адыгеймрэ цIыху куэд къикIыфакъым. ЛIакъуэ зэхуэсым къеблэгъа ди лъэпкъэгъухэм я па-шэт Мамхэгъ Хьэчимрэ (Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ), Мамхэгъ Аслъэнрэ (Адыгэ Республикэ).
- Мамхэгъ лIакъуэм и нэхъыбэр мы зэманым щыпсэу Жьакуэ къуажэм и тхыдэр, ахэр абы къызэрыщыхутам и гугъу ищIу къэпсэлъащ тхыдэдж, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Мамхэгъ Владимир. Тхьэмадэм жиIэр нэрылъагъу ящIу видеоролик ягъэхьэзы-рат Мамхэгъ Азэмэтрэ Акъ Арсенрэ.
- Лъэпкъым я нэхъыжь дыдэ ФуIэд къыщыпсалъэм дэтхэнэри къыхуриджащ, зэбгрыдзауэ зэрыпсэум емылъытауэ, нэхъыбэрэ зэхыхьэну, лIакъуэр зэкъуэт хъужыну.
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и егъэджакIуэ Мамхэгъ Астемыр тепсэлъыхьащ лIакъуэм и къекIуэкIыкIам теухуауэ Урысеймрэ Куржымрэ я дэфтэр хъумапIэхэм (архивхэм) къыщигъуэтахэм.
- Абы и ужькIэ псалъэ иратащ Беслъэней къуажэм щыщ, Мамхэгъхэ я пхъурылъху, Урысей Федерацэм щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр. Къызэрырагъэблэгъам папщIэ фIыщIэ яхуищIри, Александр жиIащ и анэшыр Бибэрдкъуажэ дэс Мамхэгъ абазэхэр зэрыарар. Уэхъутэм кIэщIу яхуиIуэтащ мы зэманым Бибэрдкъуажэ дэс Мамхэгъхэр къызытекIахэм я цIэхэр, ахэр уэркъ лъэпкъыу зэрыщытам щыхьэт техъуэ архив тхыгъэхэр къызэригъуэтыжар. Апхуэдэуи къыхигъэщащ Бибэрдкъуажэ дэс Мамхэгъхэм я лъэпкъ жыгыр зэритхыжар. Щхьэхуэу Александр фIыщIэ хуищIащ Мамхэгъ Астемыр, Уэхъутэ лIакъуэм и тхыдэр зэрыт архив тхыгъэхэр къызэригъуэтыжам папщIэ.
- Адыгэ Республикэм и Куэшхьэблэ администрацэм и лэжьакIуэ Мам- хэгъ Рэмэзан къэпсэлъа нэужь, бзылъхугъэхэм къабгъэдэкIыу утыкум къихьащ Мамхэгъхэ япхъу Лэхъанэ (Чэнджэщауэхэ я нысэщ). Ныбжь зиIэ сурэтыжьхэр игъэлъагъуэурэ, къызыхэкIа унагъуэм и къекIуэкIыкIам тепсэлъыхьащ ар. Мамхэгъхэ я нысэ Марьят (Дэбагъуэхэ япхъущ) зыхэс лъэпкъым хуэхъуэхъуащ щIэблэм я гъэсэныгъэмкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ мыпхуэдэ зэхуэсхэр дяпэкIи зэпамыгъэууэ ирагъэкIуэкIыну.
- Хьэбэз районым щыщ Куэшхьэблэ къуажэм дэс Мамхэгъхэм къабгъэдэкIыу къэпсэлъа Валерэ лъэпкъыр къыхуриджащ зэгурыIуэ-зэдэIуэжу, зым адрейм зыщIигъакъуэу, зэрыщIэу псэуну.
- ПсыкIэху жылагъуэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим къыхигъэщащ я лъэпкъым и тхыдэм теухуа тхылъ гъэхьэзырауэ къыдэгъэкIын зэрыхуейр.
- Махуэр хъуэхъукIэ гъэнщIауэ щытащ. Зэхуэсыр ягъэдэхащ Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жумай Алий, ди республикэм и мызакъуэу, Къэбэрдейм, Адыгейм, Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ — Аланием щы-цIэрыIуэ музыкантхэу Сэнэшокъуэ Зуридэрэ Хьэмыкъуэ Азэмэтрэ, уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ Цагъэ Арсен сымэ. Апхуэдэуи Мамхэгъ Карини лъэпкъым зы уэрэдкIэ хуэупсащ.
- Зэхуэсыр ягу нэхъ къинэжын хуэдэу, абы хэтахэм хуагуэшащ Мамхэгъ лъэпкъым и дамыгъэр зытет фэеплъ саугъэтхэр.
- КъищынэмыщIауэ, зэхуэсым унафэ щащIащ хэгъэгухэм щыщхэр сыт щыгъуи зэкIэлъыкIуэну, лъэпкъым теухуа тхылъ къыдагъэкIыну, щIэблэр дэтхэнэ я Iуэхуми къыхашэну, хамэ къэралхэм щыпсэу Мамхэгъхэм зыпащIэну, илъэсищ нэхъыбэ дэмыкIыу зэхуэс ящIыну.
- ЩIалэгъуалэм екIуэкIа Iуэхум теухуауэ къагурыIуам дыщыщIэупщIэм, Мамхэгъ Беслъэн къыджиIащ: «Нобэрей ди зэхуэсым иIэ мыхьэнэр, шэч хэмылъу, инщ. Лъэпкъ хабзэр яхъумэу, абы тету ди нэхъыжьыфIхэр къызэрыгъуэгурыкIуар ди щапхъэщи, абыхэм дахуэфащэу дыщытын зэрыхуейр, нэхъыфIым дызэрыхущIэкъупхъэр хьэкъыу тпхыкIащ».
- Адыгэм и сыт хуэдэ гуфIэгъуэ зэхыхьэри зэрызэхуащIыж хабзэщи, Мамхэгъхэ я лъэпкъ зэхуэсыр яухащ удж хъурейкIэ.
- Мамхэгъ Зуридэ,
- Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ
- щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
- Мамхэгъ Бэллэ,
- Къэрэшей-Шэрджэс
- телевиденэм и журналист.