ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIэрэф Къамболэт ящыгъупщэркъым

2017-10-14

  • КъБКъУ-м мы махуэхэм щокIуэкI еджапIэ нэхъыщхьэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 85-рэ щрикъум теухуа дауэдапщэ-хэр. Абыхэм хиубыдэ IуэхугъуэфIщ университетым и ректору 1965 — 1973 гъэхэм лэжьа КIэрэф Къамболэт Наурыз и къуэм фэеплъ бюст къызэрыхузэIуахар. Ар щагъэуващ КъБкъУ-м Физикэмрэ математикэмкIэ и институтым и холлым деж.
  •  
  • Зи зэфIэкI лъагэхэмкIэ ди республикэми къэрал- ми щыцIэрыIуэ щIэныгъэлI щыпкъэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран, адыгэхэм ящыщу щIэныгъэхэм я доктор цIэр япэ зыхуагъэфэща КIэрэф Къамболэт ди республи- кэм щIэныгъэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа хэкулIщ. Абы фэеплъ къыхузэIухыным хуэгъэпса зэIущIэм куэд кърихьэлIат. Апхуэдэхэт КъБР-м и Парламентым и депутат Щхьэгъэпсо Сэфарбий, университетым и ректор Алътуд Юрий, абы и президент Къарэмырзэ Барэсбий, КIэрэф лъэпкъым я лIыкIуэ гуп, Тэрч щIыналъэм и администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ КIэрэф Мурадин я пашэу, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Расторгуевэ Светланэ, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Къэжэр Артур, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Бетрожь Сослъэнбэч сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • — КIэрэф Къамболэт бгъэдэлъа зэфIэкIыр гъунапкъэншэт. Абы дэлэжьахэми иригъэджахэми ар ноби ягу илъщ щIэныгъэлI Iэзэу, цIыху щыпкъэу, унафэщI IэкIуэлъакIуэу, — къыхигъэщащ и къэпсэлъэныгъэм зэIущIэр къызэIузыха Алътуд Юрий. — Еджагъэшхуэм зэфIиха лэжьыгъэхэр гулъытэншэу къэнакъым. Абы къыхуагъэфэщащ СССР-м и къэрал дамыгъэ зыбжанэ, къратауэ щытащ РСФСР-м, КъБАССР-м я Совет Нэхъыщхьэхэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, ВДНХ-м, ВСНХ-м я дыщэ, дыжьын медалхэр. Апхуэдэу щIэныгъэлI, ЩIДАА-м и академик, КъБКъУ-м и профессор КIэрэф Къамболэт къыфIащащ УФ-м, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, щIыхь зиIэ я агроном, щIыхь зиIэ и нартыхугъэкI цIэ лъапIэхэр.
  • Алътудым жиIахэм пащэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ цIыху куэд. Ахэр тепсэлъыхьащ КIэрэфым университетым и зэфIэувэныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэр зэрыиным: Къамболэт и тетыгъуэращ абы IэщIагъэ куэдым щыхурагъаджэ щыхъуар, факультетыщIэхэр къыщызэIуахар, еджапIэ нэхъыщхьэм и Iэмалхэм хэпщIыкIыу зыщиужьар.
  • КIэрэфхэ я лъэпкъым къабгъэдэкIыу университетым и унафэщIхэм фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ икIи ехъулIэныгъэхэр зыIэрагъэхьэу иджыри куэдрэ лэжьэну ехъуэхъуащ КIэрэф Мурадин.
  • ИужькIэ Iэгуауэ иным щIэту бюстым и щхьэтепхъуэр трахащ. КIэрэфым и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьащ.
  •  
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.