ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэм теухуа и хъуэхъу

2017-07-11

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Си гуапэу сынывохъуэхъу махуэшхуэ лъапIэмкIэ — Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я урысейпсо махуэмкIэ!
  • ЛIэщIыгъуэ куэд лъандэрэ ди лъэпкъхэм къадекIуэкI хабзэщ унагъуэм, Iыхьлыхэм, благъэхэм гулъытэ сытым дежи яхуэщIыныр. Абы дэтхэнэми и зэхэщIыкIыр, гъэсэныгъэр, гурыщIэхэр къеIэт. Унагъуэ тэмэмхэм сабий насыпыфIэхэр къыщохъу, ахэр къэкIуэну зэманым хуэфащэу щагъасэ.
  • Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым зэкIэлъыкIуэу щызэфIагъэкI псэукIэм и фIагъыр къэIэтыным, бын куэд зиIэ унагъуэхэм ядэIэпыкъуным, узыншагъэр хъумэнымрэ егъэджэныгъэмрэ я IэнатIэхэр егъэфIэкIуэным пыщIа Iуэхухэр. ШколыщIэхэр, сабий садхэр, спорт комплексхэр, щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэт иджырей IуэхущIапIэхэр къызэ- Iуах.
  • Мы гуфIэгъуэ махуэм ди республикэм ис псоми насып, мамырыгъэ, фIыгъуэ, ефIэкIуэныгъэ яIэну си гуапэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым ис дэтхэнэ зы унагъуэми лъагъуныгъэ, зэгурыIуэныгъэ, пщIэмрэ нэмысымрэ илъыну сохъуэхъу.
  •  
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм
  • и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий.