ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Путин Владимир: ЖылагъуэпалатэмIэнатIэпыухыкIа иIэнхуейти, а IэнатIэр абы иубыдащ

2017-06-28

  • Урысейм и Жылагъуэ палатэм и еханэ хэхыгъуэм КъБР-м къыбгъэдэкIыу хаха Нэхущ Заурбий иджыблагъэ хэтащ палатэм и япэ пленар зэхуэсым икIи ар къызэрыщыхъуар ди корреспондентым къихуиIуэтэжащ.
  •  
  • — УФ-м и Жылагъуэ палатэм и хэхыгъуэщIэр Iыхьищу гуэшауэ къызэрагъэпэщащ. Абы хэтхэм ящыщу цIыху 40-р Урысей Федерацэм и Президентым мы гъэм гъатхэпэм и 20-м къыдигъэкIа УказымкIэ хигъэхьащ, цIыху 84-р УФ-м и субъектхэм я жылагъуэ палатэхэм я лIыкIуэщ, цIыху 43-р IэIэткIэ къыхахащ сатум пымыщIа организацэхэм къагъэлъэгъуа кандидат 403-м. Зи полномочиехэр 2020 гъэм нэсыху зыгъэзэщIэну палатэм блэкIа зэхуэсыгъуэм хэтахэм я Iыхьэ щанэр къыхэнэжауэ аращ.
  • Мэкъуауэгъуэм и 19-м екIуэкIа япэ пленар зэIущIэм УФ-м и Жылагъуэ палатэм и секретару щыхахащ урысей журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, 1990 гъэ лъандэрэ «Эксперт» журналым и редактор нэхъыщхьэ, Стратегие жэрдэмхэмкIэ агентствэм проектыщIэхэр пхыгъэкIынымкIэ и эксперт советым и тхьэмадэ, Урысейпсо цIыхубэ фронтым и штаб нэхъыщхьэм хэт икIи «ЦIыхухэм я гъащIэм и фIагъыр» лэжьакIуэ гупым  хэтхэм я унафэщI, Урысей Федерацэм  и Правительствэм псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и IуэхухэмкIэ ведомствэхэм зэдай и лэжьакIуэ гупым хэт, Жылагъуэ проектхэр гъэхьэзырынымкIэ институ-тым и унафэщI, телевиденэм и Япэ ка- налым «Тхьэмахуэ зэман» программэр щезыгъэкIуэкI Фадеев Валерий.
  • Палатэм щIэуэ хагъэхьахэм яхэтщ дуней псом щыцIэрыIуэ цIыхухэр — «Художественнэ гимнастикэмкIэ урысейпсо федерацэм» и президент Виннер-Усмановэ Иринэ, «Лъэпкъым и узыншагъэмкIэ лигэ» зэгухьэныгъэм и президент, кардиохирург Бокерие Лео, «Урысейм машинэ зыщI и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм  я союз» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и академик Алешин Борис сымэ хуэдэхэр.
  • УФ-м и Жылагъуэ палатэм и еханэ зэхуэсыгъуэм хиубыдэу комиссэ 19 (блэкIа зэхуэсыгъуэм елъытауэ зыкIэ нэхъыбэ) иIэнущ. Абыхэм къызэщIаубыдэнущ граждан жылагъуэм зегъэужьыным, цIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэным япыщIа Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэр. Палатэм и зэфIэкIыр зыхуиунэтIыну Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ граждан зэдэIэпыкъужыныгъэм зегъэужьыныр, псэукIэр егъэфIэкIуэным пыщIа Iуэхухэм цIыхухэр нэхъ зыубгъуауэ къыхэшэныр, экономикэм сатум пымыщIа и IэнатIэм зегъэужьыныр, социальнэ Iуэхухэр дэгъэкIыным пыщIа зэгухьэныгъэхэм защIэгъэкъуэныр. ЩIэуэ мы гъэм къызэрагъэпэщащ псапащIэ IуэхухэмкIэ, граждан егъэджэныгъэмкIэ, социальнэ жэуаплыныгъэмкIэ комиссэ. Комиссэ щхьэхуэм и зэфIэкIыр хуэунэтIауэ щытынущ щIалэгъуалэ Iуэхухэм, щIэблэр хэкум хуэпэжу гъэсэным. Фадеев Валерий зэрыжиIамкIэ, Жылагъуэ палатэм и нэIэ тригъэтынущ цIыхухэр нэхъ хэхауэ зыгъэпIейтей Iуэхухэм: псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм, хэхъуэхэр къэралым и щIыналъэхэм захуагъэ хэлъу зэрытрагуашэм, цIыхухэр псэупIэкIэ, медицинэм и IуэхутхьэбзэхэмкIэ къызэ-рызэрагъэпэщым, нэгъуэщIхэми. Иджырей хэхыгъуэм хэтхэм апхуэдэу гулъытэшхуэ хуащIынущ къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зегъэужьыным цIыхухэр нэхъ зыубгъуауэ къыхэшэным. Абы и лъэныкъуэкIэ куэд зэфIигъэкIын хуейщ щIыналъэ зыужьыныгъэмрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ комиссэм. Япэхэми хуэдэу, ныкъуэдыкъуэхэм зыхуэфащэ Iэмалхэр къахузэгъэпэщыным, законопроектхэр пхыгъэкIыным, граждан жылагъуэ зыужьыныгъэм и стратегиер зэхэлъхьэным хуэгъэзауэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIынущ.
  • Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм и еханэ зэхуэсыгъуэм и пленар зэIущIэр щекIуэкIа етIуанэ махуэм абы хэтахэм Кремлым къащыхуэзащ Урысейм и Президен Путин Владимир. Псоми гуапэу къехъуэхъури, абы къыхигъэщхьэхукIащ «хуей хъумэ, дэтхэнэ зыри сыт хуэдэ министерствэми ведомствэми и Iэтащхьэу зэрыщытыфынур, властым и федеральнэ органхэми, щIыналъэ органхэми я лIыкIуэ органхэм зэрыщылэжьэфынур». Абы къыдэкIуэу къэралым и Iэтащхьэм жиIащ Жылагъуэ палатэм Правительствэм е Парламентым я лэжьыгъэр ирихьэкIыну къызэрыбгъэдэмыхуэр, абы езым и IэнатIэ пыухыкIа иIэн зэрыхуейр икIи а IэнатIэр абы зэриIыгъыр. Абыхэм ящыщщ властым и гъэзэщIакIуэ, лIыкIуэ органхэм я лэжьэкIэм и жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэр, зэман благъэми зэман нэхъ кIыхьми ятещIыхьа планхэр зэпкърыхыныр, а планхэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыныр, цIыхухэм быдэу япыщIауэ щытыныр икIи абыхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэгъэзауэ властым зэфIигъэкIхэм фIагъыу къапэкIуэр къапщытэныр. Путин Владимир нэхъ тегъэчыныхьауэ тепсэлъыхьащ министерствэхэм, ведомствэхэм я деж жылагъуэ советхэр къыщызэгъэпэщыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
  • Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм и секретарым и къэпсэлъэныгъэм къыхигъэщхьэхукIащ жылагъуэ кIэлъыплъыныгъэм теухуа законыр тэмэму къызэрилъытэр. Ауэ а документыр нэгъэсауэ сэбэпынагъ къихьу лажьэркъым, сыту жыпIэмэ абы и Iыхьэ щхьэхуэхэр пхыгъэкIыным тещIыхьа актхэр зэхалъхьакъым. ГъэзэщIакIуэ властым и федеральнэ органхэм я деж щыIэ жылагъуэ советхэм ятеухуауэ Фадеев Валерий къигъэлъэгъуащ палатэм и етхуанэ хэхыгъуэм хэтахэм я жэрдэмкIэ апхуэдэ жылагъуэ советхэм хыхьэхэм я процент 75-р УФ-м и Жылагъуэ палатэм къыбгъэдэкIын хуейуэ зэрагъэувар икIи ар хуабжьу сэбэп зэрыхъур. Апхуэдэу абы къыхигъэщхьэхукIащ щIыналъэхэм я жылагъуэ палатэхэм я зэфIэкIыр нэхъри къэIэтын зэрыхуейр.
  • «ТекIуэныгъэм и волонтёрхэр» урысейпсо жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и штаб нэхъыщхьэм и унафэщI Амельченковэ Ольгэ къиIэтащ ди къэралым и тхыдэр зэрырагъэдж щIыкIэр. Социологие къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, школакIуэхэмрэ студентхэмрэ ди блэкIар нэгъэсауэ ящIэркъым. Къэпсалъэм къыхигъэщхьэхукIащ школхэр къэзыуххэм Зыуэ щыт къэрал экзаменхэр тхыдэмкIэ фIэкIыпIэ имыIэу къыIахын хуейуэ, абы папщIэ а предметыр зэрырагъэдж щIыкIэр егъэфIэкIуапхъэу къызэрилъытэр.
  • Зэрыщыту къапщтэмэ, сэ къызэрыслъытэмкIэ, УФ-м и Жылагъуэ палатэм и еханэ хэхыгъуэм хэтхэм ирагъэкIуэкIа пленар зэIущIэм мыхьэнэшхуэ иIэнущ дызыхуэкIуэ илъэсхэм а жылагъуэ органым цIыхубэм я деж щиIэ пщIэмрэ мыхьэнэмрэ нэхъри къэIэтынымкIэ.
  •  
  • КъБР-м и Жылагъуэ палатэм
  • и пресс-IуэхущIапIэ.