ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Япэ гупхэр къащтэ

2017-06-10

  •  Ди республикэм ис сабийхэм мэкъуауэгъуэм щыщIэдзауэ зыщагъэпсэхуну гъэмахуэ лагерхэмрэ щIыпIэхэмрэ я щытыкIэр къапщытащ. Абыхэм я процент 95-р Iуэхум хуэхьэзыру жыпIэ хъунущ.
  •  
  • Мы илъэсым Урысейм гъэмахуэ лагеру мин 40-м нэблагъэ щылэ­жьэнущ. АрщхьэкIэ мэкъуауэгъуэм и пэщIэдзэхэм ирихьэлIэу абы ­щыщу 300-р иджыри зыхуей хуагъэзатэкъым. Лагерхэр и чэзум къы­зэIухынымкIэ жэуап псори зыхьынур егъэджэныгъэмкIэ министерст­вэхэрщ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэмахуэ лагерхэр къалэ, район псоми щылэжьэнущ. Япэ гупхэр мы махуэхэм къащтэ. Гъэ къэси хуэдэу, гулъытэ ягъуэтынущ унагъуэ хуэмыщIахэм, бынунагъуэшхуэхэм къахэкIа са­бийхэм.
  • Шэрэдж  Дисэ.