Зеиншэхэм я дэрэжэгъуэ
2017-06-10
- Ди къэралым гулъытэшхуэ щыхуащI зеиншэхэмрэ адэ-анэхэм ямыпIыж сабийхэмрэ псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным. Ар щIагъэбыдащ 1996 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыдэкIа федеральнэ закон №159 ФЗ-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №2-РЗ-уэ 2012 гъэм мазаем и 17-м къыдэкIамкIэрэ. Апхуэдэ цIыхухэр псэупIэкIэ къызэрагъэпэщ я ныбжьыр илъэс 18 ирикъуа иужькIэ. А Iуэху хъарзынэм егъэщIылIа гуфIэгъуэ зэхыхьэ щекIуэкIащ Лэскэн районым хыхьэ Анзорей къуажэм.
- ЗэIущIэм кърихьэлIащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Геккиев СулътIан, Лэскэн щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Инжыджокъуэ Сэфарбий, къулыкъущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр. ФэтэркIэ ягъэгуфIахэр цIыхуи 3 хъурт. Геккиев СулътIан абыхэм ехъуэхъуащ насып, узыншагъэ яIэну, гъащIэм ехъулIэныгъэхэр къыщахьыну. Ар диIыгъащ щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэми.
- Геккиев СулътIанрэ Инжыджокъуэ Сэфарбийрэ фэтэрхэм я IункIыбзэIуххэр иратащ апхуэдэ щIыхь зылъысахэу Апекъуэ Марат, КIунтIыщ Мэрем, Табыл Аслъэн сымэ.
- ЗэIущIэм и кIэухым хьэщIэхэм къаплъыхьащ псэупIэхэр. Дэтхэнэ фэтэрми метр зэбгъузэнатIэ 34-рэ къокI. Ахэр сыт и лъэныкъуэкIи къызэгъэпэщащ.
- ГЪУКIАКЪУЭ Инал.