Макрон Эммануэль: Урысейр хэмыту зэпIэзэрыт хъунукъым
2017-06-01
- Урысейм и Президент Путин Владимир япэу хуэ-защ Франджым и Iэтащхьэу хаха Макрон Эммануэль и къулыкъущIэм пэрыува нэужь. Къэрал лIыщхьэхэр тепсэлъыхьащ лъэныкъуитIым я зэхущытыкIэхэм, Сириемрэ Украинэмрэ къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм. Президентхэр зэгурыIуащ зэкъуэту терорризмэм ебэнын папщIэ лэжьакIуэ гуп къызэрагъэпэщыну икIи акъылэгъу зэдэхъуащ норманд щытыкIэр къагъэщIэрэщIэжу Европэм Шынагъуэншагъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмкIэ IуэхущIапIэр (ОБСЕ) абы къыхашэну.
- Нэгъабэ жэпуэгъуэм Урысей щэнхабзэ цент- рыр къыщызэIуахым Пу-тин Владимир Париж къыщыпэплъащ. АрщхьэкIэ президенту щыта Олланд Франсуа и администрацэм ар зэрыфIэмыфIыр къыщищIэм ди лъэныкъуэр щIегъуэжащ. Къэралым и Iэтащхьэ къулыкъум зэрыпэрыувэу Макрон Эммануэль езым Путиныр Франджым иригъэблэгъащ. Урысейр абы зэ- рыпэплъэр лъэныкъуи-тIым я зэпыщIэныгъэхэм и напэкIуэцIыщIэ къызэIуахынымкIэ IэмалыфIущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ франджы унафэщIу щытар ягу къызэринэжар Урысейм кърищэну къызэригъэгугъа «Мистраль»-хэр зэриубыдыжамрэ 2016 гъэм и бжьыхьэм траухуауэ, Путин щыщIегъуэжа зэIущIэм Сирием фIэкIа темыпсэлъыхьыну зэрытригъэчыныхьамкIэщ.
- Макрон Эманнуэлрэ Путин Владимиррэ я зэIущIэр щекIуэкIар Версаль уардэунэрщ, император хьэщIэщу щытарщ. Музей комплексыр зыплъыхьакIуэхэм папщIэ зэхуащIат, арщхьэкIэ пэшхэм щIэз хъуат УФ-м, Франджым, нэгъуэщI къэралхэм я хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр.
- Зэпсэлъэныгъэхэр сыхьэтищым нэблагъэкIэ екIуэкIащ икIи абы иужь-кIэ зэгъусэу журналитс- хэм яIущIащ. Франджым и президентым и къэпсэлъэныгъэм ягу къыщигъэкIыжащ илъэс 300 ипэкIэ мыпхуэдэ лъэхъэнэм ирихьэлIэу урыс пащтыхь Пётр Езанэр Фраджым къэкIуауэ зэрыщытар икIи апхуэдэ дыдэу Версаль зэ-рекIуэлIар. Абы жиIащ франджы-урыс зэныбжьэгъугъэм и лъабжьэр а зэманым гъэтIылъа зэрыхъуар.
- Урысейм и Президентыр зэреплъымкIэ, лъэпкъитIым я зэдэлэжьэныгъэр куэдкIэ нэхъапэ щIидзащ.
- — ЩIэныгъэ зыбгъэдэлъ франджыхэр щыгъуазэщ урыс Аннэ — Франджым и пащтыхьу щытам; пщы Ярослав Iущым и пхъур и щхьэгъусэу щытащ Генрих I икIи и нэхъ мащIэу европей лъэпкъышхуи-тIым — Бурбонхэмрэ Валуахэмрэ — я лъабжьэр игъэтIылъри, Франджым и зыужьыныгъэм хэлъхьэ-ныгъэшхуэ хуищIащ. Абыхэм ящыщ зым иджыри Испанием тепщэр щиIыгъщ, — дыщIигъужащ Путин Владимир и лэжьэгъум жиIам.
- Псалъэмакъ
- зэIуха
- Урысеймрэ Франджымрэ я Iэтащхьэхэм жаIащ я еплъыкIэхэмкIэ зэрызэхъуэжар. ЛIыщхьитIри акъылэгъу зэдэхъуащ къэралитIми я къалэн нэхъыщхьэр терроризмэм ебэныныр арауэ зэрыщытыр. Макрон Эммануэль къыхилъхьащ террорым зэкъуэту ебэнын папщIэ урысей-франджы лэжьакIуэ гуп къызэрагъэпэщыну.
- КъищынэмыщIауэ, къэралитIым я президентхэр зэгурыIуащ гуманитар, экономикэ унэтIыныгъэхэм щаIэ зэпыщIэныгъэхэр ирагъэфIэкIуэну.
- -Хьэкъыу спхыкIащ Урысеймрэ Франджымрэ я еплъыкIэхэр иджырей политикэ щытыкIэм нэхърэ зэрынэхъ лъагэр. Псом нэхърэ нэхъыфIу ар къызыгурыIуэр, щытыкIэ гугъум емылъытауэ Уры-сейм жыджэру щылажьэ франджы бизнесырщ, — жиIащ Путин Владимир икIи къыхигъэщащ илъэс блэкIам къриубыдэу къэралхэм я сату зэпыщIэныгъэр процент 14-кIэ, мы гъэм и япэ мазищым процент 23,7-кIэ зэрыхэхъуар.
- Путин Владимирри Макрон Эммануэли Сирием къыщекIуэкI щытыкIэм хуаIэ еплъыкIэхэм я нэхъыбэр зэхуэдэщ. ЛIыщхьитIри и телъхьэщ а къэралыр зыуэ къызэтенэным. Ауэ франджы Iэтащхьэм трегъэчыныхь Асад Башар хэмыту демокра-тие къэралыгъуэ абы щызэфIэгъэувэным. Макрон зэрыжиIэмкIэ, щIыналъэм химие Iэщэр къыщыгъэ- сэбэпыныр къемызэгъыххэщ. Путин Владимир и псалъэхэм къызэрыхэщамкIэ, и нэгу къыхущIэгъэхьэркъым террорист гупхэр щылъэщ щIыналъэм и къэрал щытыкIэр зэтепкъутэурэ терроризмэм узэребэныну щIы- кIэр. УнафэщIхэр зэгурыIуащ «норманд зэхэтыкIэр» къагъэщIэрэщIэжыну. Мы махуэхэм УФ-м, Франджым, Германием, Украинэм я Iэтащхьэхэр иджыри зэ телефонкIэ зэпсэлъэнущ. Макрон Эммануэль жиIащ Донбассым зэпэщIэтыныгъэр щыужьыхмэ, УФ-м хуэгъэза санкцэхэр Iуахыжыну.
- Пресс-конференц нэужьым президентхэр еплъащ Пётр Езанэр Франджым зэрыкIуауэ щытам хухахауэ къызэрагъэпэща гъэлъэгъуэныгъэм.
- ЩIэныгъэлIхэм я еплъыкIэхэр
- Федерацэм и Сове-тым дунейпсо IуэхухэмкIэ комитетым и унафэщI Косачёв Константин «Изветия»-м игу къигъэкIыжащ хэхыныгъэхэм ипэ къихуэу Макрон Эммануэль Урысейм теухуауэ сакъыпэу зэрыщытар.
- — Сыщыуэну сыхуейкъым, ауэ нобэрей зэIущIэм къызэригъэлъэгъуам тепщIыхьмэ, Макрон нэхъапэм жиIахэр хэхыныгъэхэм зэрыщытекIуэн Iэмалщ. Президент къулыкъум пэрыува нэужь, абы лэжьыгъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэр гугъэфIхэр уэзыгъэщIщ. ЗэкIэ апхуэдэ еплъыкIэщ хузиIэр, — къыхигъэщащ сенаторым.
- Къэрал Думэм дунейпсо IуэхухэмкIэ и комите-тым и тхьэмадэ Слуцкий Леонид зэреплъымкIэ, зэIущIэм кърикIуахэр къэплъытэ хъунущ урысей-франджы зэпыщIэныгъэхэм ипэкIэ яча лъэбакъуэу.
- — Къыхэзгъэщыну сыхуейт, Европэм и къэкIуэнумрэ дуней псор зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэмрэ Мэзкуур хэмыту зэрыпхузэпкърымыхынур Макрон къызэрилъытар. Абы гугъэфIхэр уегъэщI лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ къекIуэкIа ди зэхущытыкIэхэр ефIэкIуэну Iэмал зэрыщыIэм, — дыщIигъужащ абы.
- Франджы-урысей къэпщытакIуэ центрым и унафэщI Дюбьен Арно иджырей зэIущIэм мыхьэнэш-хуэ иIэу Пётр Езанэр Франджым зэрыкIуауэ щытам пэджэжу къилъытащ.
- — ЛъэныкъуитIми я къалэн нэхъыщхьэр я еплъыкIэхэм темыкIыу иджырей щытыкIэм къикIынырщ. СызэреплъымкIэ, зэтемыхуэныгъэ щыщыIэ унэтIыныгъэхэр зэпIэзэрыт зыщIыр ипэкIэ кIуэтэнущ, — хуигъэфэщащ франджы щIэныгъэлIым.
- Изотов Сергей.
- «Изветия»