ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Сауд Хьэрыпым гуроIуэ

2017-06-01

  • ЩIыдагъэ
  • Китайм иджыблагъэ щызэхэта форумым хыхьэу Урысейм энергетикэмкIэ и министр Новак Александррэ Сауд Хьэрыпым щIыдагъэмкIэ и министр Хъалид аль-Фалихьрэ зэпсэлъэныгъэхэр ирагъэкIуэкIащ. Абы и гугъу щащIащ щIыдагъэ рынокыр зэпIэзэрыт щIа зэрыхъуну Iэмалхэм.
  •  
  • Зэпсэлъэныгъэм хэтахэм зэIущIэ нэужьым зэрыжаIамкIэ, зэгурыIуэныгъэм хэтхэм я деж къэралитIым я лIыкIуэхэм къыщыхалъхьэнущ щIыдагъэ къыщIэшыныр гъэмэщIэнымкIэ нэгъа-бэ къащта дэфтэрым и пIалъэм иджыри мазибгъукIэ къыпащэну.
  • Фигу къэдгъэкIыжынщи, ЩIыдагъэр къыщIэ-зыш къэралхэм я зэгухьэныгъэр (ОПЕК) нэгъабэ  икIэщIыпIэкIэ зэхуэсауэ щытащ уасэхэр зэрехуэхым къыхэкIыу. Абы щыгъуэм мы жэрдэмыр            къыхилъхьащ зэгухьэныгъэм и унафэщI, Ниге-          рием щIыдагъэмкIэ и министр Качикву Эммануэль. Iуэхум щхьэусыгъуэ хуэхъуащ, 2004 гъэ лъандэрэ къэмыхъуауэ, 1 баррелым и уасэр проценти 9-м щIигъукIэ ехыу, доллар 30,7-м хуэкIуауэ зэрыщы-тар. 
  • Урысеймрэ Сауд Хьэрыпымрэ я министрхэр акъылэгъу зэдэхъуащ рынокыр зэпIэзэрытын папщIэ щIыдагъэ гъэтIылъыгъэхэр иужьрей илъэситхум щыIам нэхърэ нэхъыбэ пщIы зэрымыхъунумкIэ икIи абы хуэунэтIа зэгурыIуэныгъэм и кIэухыр 2018 гъэм и гъатхэпэм и 31 пщIондэ ягъэIэпхъуащ. А еплъыкIэр утыку къыщралъхьащ мы гъэм накъыгъэм и 25-м Австрием и къалащхьэ Венэ щызэхэта ОПЕК-м и зэхуэсым.
  • «СызэреплъымкIэ, гугъэфIхэр пщIы хъунущ. АбыкIэ тегушхуэныгъэ къыдет а IуэхугъуэмкIэ ди лэжьэгъу нэхъыщхьэ Сауд Хьэрыпыр сыт и лъэныкъуэкIи дызэриакъылэгъум», — щыжиIащ Китайм зэрыщыIам кърикIуахэм теухуауэ Путин Влади- мир иригъэкIуэкIа пресс-конференцым.
  • КъэхутакIуэ IэнатIэ цIэрыIуэхэм я IэщIагъэлI-            хэм  къыхагъэщащ щIыдагъэ къыщIэшыныр зэрагъэмащIам и фIыгъэкIэ экономикэр зэпIэзэрытыныгъэм хуэкIуэ зэрыхъуар. Дунейпсо энергетикэ IуэхущIапIэм зэрыхуигъэфащэмкIэ, программэм и лэжьыгъэр мы гъэм и кIэух пщIондэ нэхъ мыхъуми иджыри ягъэIэпхъуэфмэ, щIэупщIэр къыхуагъэлъагъуэм нэхърэ нэхъыбэ хъунущ икIи щIыдагъэм и уасэм зиIэтыжыфынущ.
  •  
  • Сарханянц  Кирилл.
  • «Коммерсантъ»