Нобэ
2017-06-01
- Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
- Адэ-анэм я дунейпсо махуэщ
- Шэм и дунейпсо махуэщ
- Урысейм и Ищхъэрэ флотым и махуэщ
- Правительственнэ связь IэнатIэр къыщызэрагъэпэща (1931 гъэм) махуэщ
- Алтай Республикэм хыхьэу Бгырыс-Алтай автоном область къыщызэрагъэпэща махуэщ
- Австралиер къыщызэIуаха махуэщ
- Тунисым и Конституцэм и махуэщ
- 1806 гъэм архитектор Джакомо Кваренги Петербург ухуэн щыщIригъэдзауэ щытащ Смольнэ институтым и унэр.
- 1862 гъэм США-м цIыхухэр щагъэпщылIыну зэрыхуимытым теухуа унафэ къы- щыдэкIащ.
- 1892 гъэм Урысейм щыяпэу Киев электричествэкIэ зекIуэ трамвай щаутIыпщащ.
- 1921 гъэм «Красная Кабарда» (иджы «Кабардино-Балкарская правда») газетым и япэ номерыр къыдэкIащ.
- 1924 гъэм «Къэрэхьэлъкъ» (иджы «Адыгэ псалъэ»), «Заман» газетхэм я япэ номерхэр къыдэкIащ.
- Нэмыцэ физик, математик, бзэщIэныгъэлI, философ цIэрыIуэ Лейбниц Готфрид къызэралъхурэ илъэс 371-рэ ирокъу. Пётр Езанэм и лъэIукIэ абы зэхилъхьауэ щытащ егъэджэныгъэмрэ къэрал зехьэкIэмрэ зэрызрагъэужьыну щIыкIэм теухуа проектхэр.
- Пётр I ипхъу Елизаветэ пащтыхь гуащэм и зэманым Урысейм и къэрал щIыб политикэр зыунэтIу щыта, дипломат, генерал-фельдмаршал Бестужев-Рюмин Алексей къызэралъхурэ илъэс 324-рэ ирокъу.
- Урыс композитор щэджащэ Глинкэ Михаил къызэралъхурэ илъэс 213-рэ ирокъу. 1833 гъэм абы итха «Патриотическая песня» макъамэр Урысей Федерацэм и къэрал гимну щытащ 1991 — 2000 гъэхэм.
- США-м щыщ, дуней псом щынэхъ цIэрыIуэ дыдэ киноактрисэхэм хабжэу щыта Монро Мэрилин (и цIэ-унэцIэ дыдэр Нормэ Джин Мортенсонщ) къызэралъхурэ илъэс 91-рэ ирокъу.
- Адыгэ Республикэм щыщ гъавэгъэкI цIэрыIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Еныкъуэ Исхьэкъ къызэралъхурэ илъэс 90 ирокъу.
- Биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Шортэн Тамарэ къыщалъхуа махуэщ.
- Актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ, СССР-м и Къэрал саугъэтыр зрата Симоновэ Евгение и ныбжьыр илъэс 62-рэ ирокъу.
- Къэрал къулыкъущIэ, Урысейм и Олимп комитетым и президент, УФ-м и Къэрал Думэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Жуков Александр и ныбжьыр илъэс 61-рэ ирокъу.
- Хоккеист, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Олимп джэгухэм тIэунейрэ я чемпион Крутов Владимир къызэралъхурэ илъэс 56-рэ ирокъу.
- Израилым щыпсэу жылагъуэ лэжьакIуэ, Кфар-Камэ къуажэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Нэпсо Зэчрей и ныбжьыр илъэс 38-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ, уэшх къыщешхынущ. Хуабэрмахуэм градус 19 — 21-рэ, жэщым градус 13 — 14 щыхъунущ.