2017-05-19
- Европэм визэншэу кIуэну хуит ящI
- Европарламентым и зэхуэсым дыгъуасэ Iэ щытрадзащ Украинэм щыпсэухэр ЕС-м и къэралхэм визэншэу ихьэну хуит зыщI тхылъхэм.
- ЩыIэ хабзэм ипкъ иткIэ, а унафэр Европэ Зэгухьэныгъэм и официальнэ къыдэкIыгъуэм къытрадзэрэ махуэ тIощI дэкIмэщ абы къару щигъуэтынур. Ар зытехуэу къалъытэр мэкъуауэгъуэм и 11-рщ.
- Къащта унафэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, Украинэм и цIыхухэр илъэс ныкъуэм къриубыдэу махуэ 90-кIэ щыIэну визэншэу кIуэ хъунущ Шенген зонэм хиубыдэ къэрал 26-м, абыхэм ЕС-м хэмыт Исландиери, Лихтенштейнри, Норвегиери, Швейцариери хыхьэу. Апхуэдэу украинхэр а къэралхэм кIуэну хуит щащIри щыубзыхуащ унафэм. Ахэр зыплъыхьакIуэ, я Iыхьлыхэм деж лъагъунлъагъу, е я узыншагъэм кIэлъагъэплъыну кIуэ хъу-ну аращ. Лэжьэн е еджэн щхьэусыгъуэ яIэмэ, абы папщIэ визэ къыIахын хуейщ.
- Iэпхъуэшапхъуэр куэдыщэ хъурэ абы гугъуехьхэр къыдэкIуэу хуежьэмэ, Украинэм хуащIа апхуэдэ дэчыхыр Iуахыжыну зэрыхуитри къыщыгъэлъэгъуащ унафэм.
- Мардэм хуэдэ тIощIкIэ щIегъу
- Зи хьэуар нэхъ фIей дыдэ къалэхэм хабжэ Китайм и щыхьэр Пекин.
- ЦIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу пкъыгъуэу абы хэлъыр хуэдэ тIощIкIэ нэхъыбэщ зэрыщытын хуей мардэм нэхърэ. Къалащхьэм и унафэщIхэм цIыхухэм зыхуагъазэ, Iэмал иIэмэ, щIыбым нэхъ мащIэрэ дэтыну. КъыщIэкIын хуей хъуми, маскэхэр зы- Iуалъхьэну.
- Дохутырхэм къызэралъытэмкIэ, хьэуам хэлъ пкъыгъуэ мыхъумыщIэхэр цIыхум и Iэпкълъэпкъым куэдыIуэу хыхьэмэ, абыхэм узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къэгъэхъеинущ, гумрэ лъынтхуэхэмрэ къеуэлIэнкIэ хъунухэри яхэту.