ПсэупIэ унэхэр ират
2017-04-22
- КъБР-м и Правительствэм 2013 гъэм къыдигъэкIа «Сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я жьауэм щIэмытыжхэмрэ псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ» унафэм ипкъ иткIэ, лэжьыгъэшхуэ йокIуэкI. Абы и щыхьэту, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ — КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Емуз Нинэ фэтэрыщIэхэм я IункIыбзэIуххэр яритащ ахэр зыхуагъэфэща цIыхуи 6-м. Апхуэдэхэщ Бахъсэн, Шэджэм къалэхэм щыщхэу Мысост Анесэ, Бырхьэм Хъусен, Умар (Джэрыджэ) Алинэ, Хосаевэ (Дидиговэ) Iэминат, ХъутIэ Расул, Тхьэмокъуэ Марат сымэ.
- ГуфIэгъуэ зэIущIэр къызэIуихащ Емуз Нинэ.
- — Ди къэралыр, республикэр хущIокъу щытыкIэ гугъум ихуа дэтхэнэми зыщIэгъэкъуэным. Сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я жьауэм щIэмытыжхэмрэ псэупIэ унэкIэ къызэгъэпэщынми гулъытэшхуэ егъуэт, — жиIащ Емузым. — ФэтэрыщIэхэм я IункIыбзэIуххэр нобэ зратахэм си гуа- пэу сынывохъуэхъу фи гъащIэм фIы и лъэныкъуэкIэ абы зыкъыдигъэзэну, гуфIэгъуэрэ дэрэжэгъуэрэ фыщымыщIэу, узыншагъэ быдэ фиIэу фыщыпсэуну.
- Зэхуэсым хэтащ Бахъсэн къалэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Мамхэгъ Хьэчим. Ари гуапэу ехъуэхъуащ псэупIэщIэ зратахэм.
- — Уи унэ, уи плIанэпэ уиIэжу упсэуныр куэд и уасэщ, — къыхигъэщащ абы. — Къэралыр нобэ къызэрыфхуэупса псэупIэхэм фIыгъуэ куэд къыфхудэкIуэну, фи гугъэмрэ мурадхэмрэ къывэхъулIэну си гуапэщ. Нобэ хуэдэ махуэ фи гъащIэм къриубыдэн папщIэ лэжьыгъэшхуэ зэфIахащ ди республикэм и унафэщIхэм, КъБР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэм, ухуакIуэхэм, Къаздэхъу Хьэталий я пашэу, нэгъуэщIхэми. Абыхэми фIыщIэ ин яхудощI.
- Насыпышхуэ къайуэлIауэ къалъытащ фэтэрыщIэхэм я IункIыбзэIуххэр зрата цIыхухэми.
- — Куэд лъандэрэ дызыпэплъа гуфIэгъуэщ нобэ дызыхэтыр, — жиIащ псэупIэ зратахэм ящыщ Умар Алинэ. — Дыщыпсэун унэ дыщиIэкIэ, адрей лъэпощхьэпохэм нэхъ пэлъэщыгъуафIэ хъунущ иджы. Дэ тхуэдэ зеиншэхэм гулъытэ яхуэзыщI, апхуэдэ Программэ хэха зыубзыхуа ди Правительствэм фыщIэшхуэ худощI.
- КъБР-м псори зэхэту щопсэу сабий зеиншэ 90. Республикэ Программэм ипкъ иткIэ, апхуэдэ псэупIэщIэхэмкIэ мы зэман благъэм иджыри къызэрагъэпэщынущ къэна цIыху 84-ри.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.