ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2017-01-28

  • Апхуэдэщ   Абыдэр
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Дзэлыкъуэ куейм щыщ Къармэхьэблэ къуажэм лIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм я пэщIэдзэм къыщалъхуа щIалэ цIыкIум зэман дэкIмэ «ЩIы хъурейм и щытыкIэр зыубзыху цIыху» цIэр къыфIащыну хэт и гугъэнт? Абыдэхэ Тажудинрэ Женярэ я бынитхум языхэз Мусэщ зи гугъу тщIыр, медицинэ щIэныгъэхэм я докторырщ, профессорырщ, урысей, дунейпсо академиехэм хэтырщ, ЩIДАА-м и академик цIэрыIуэрщ.
  • Абыдэ Мусэ

    Къуажэм дэт курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Мусэ фельдшер IэщIагъэм щыхуеджащ Налшык дэт медучилищэм. И IэщIагъэм хуэдэ дыдэу спортымрэ жылагъуэ Iуэхухэмрэ дахьэх щIалэщIэр медицинэ щIэныгъэм епха къэхутэныгъэ хьэлэмэтхэм щыдахьэхар дзэм къулыкъу щыщищIэ илъэсхэрщ. Абы мурад ищIащ къулыкъур зэфIэкIа нэужь и щIэныгъэм хигъэхъуэну. Апхуэдэуи ищIащ: ар щIэтIысхьащ Сеченовым и цIэр зэрихьэу Москва дэт Езанэ медицинэ институтым. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэта щхьэкIэ, абдежым къыщыувыIакъым Абыдэр. Узыфэ зэрыцIалэхэм япыщIа къэхутэныгъэхэм дахьэха IэщIагъэлI ныбжьыщIэр ординатурэ нэужьым щIэтIысхьащ зыщеджа институтым и аспирантурэм. 1984 гъэм абы игъэхьэзыращ и диссерта-цэ лэжьыгъэр, ар ехъулIэ-ныгъэкIэ пхигъэкIащ икIи къыфIащащ медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат цIэр.

  • АдэкIи и къэхутэныгъэм пищащ щIэныгъэлIым. Ар елэжьащ вирус узыфэ зэрыцIалэхэм я къежьэкIэмрэ абыхэм Iэпкълъэпкъым зэрызыщаужь щIыкIэмрэ хэлъ щхьэхуэныгъэ куэдым, ипэкIэ щIэныгъэм и «нэху» ятримыдзауэ. Абы къихутащ вирус лъабжьэ зиIэ узыфэхэм, лышх узым, цIыхум и Iэпкълъэпкъым щыщ Iыхьэ зэхуэмыдэхэм къайуалIэ уз зэрыцIалэхэм япэщIэтын папщIэ къэгъэсэбэпыпхъэ хущхъуэхэр, Iэмалхэр. Апхуэдэхэщ «Галавит», «Тамерит» препаратхэр. А псори Абыдэм къыщигъэлъэгъуащ 1994 гъэм игъэхьэзыра икIи ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIа доктор диссертацэм. Абы гулъытэшхуэ хуащIауэ щытащ щIэныгъэлIхэм.
  • Абыдэм и IэзэкIэ мардэр нобэ шэщIауэ къыщагъэсэбэп медицинэм. Дохутыр IэкIуэлъакIуэм, профессор Iэзэм и деж къокIуалIэ узым текIуэну гугъапIэ зимыIэжу къэна сымаджэ куэд. Медицинэм и зэфIэкI лъагэхэм фIэщхъуныгъэ къахилъхьэжарэ узыншэ хъужауэ абыхэм я нэхъыбапIэр гъащIэм хоувэж лъэ быдэкIэ. «Ину жысIэн дэнэ къэна, сегупсысын сошынэ уеблэмэ: сэ лышх узыр сиIэжкъым», «Си щытыкIэр псалъитIым къизгъэзэгъэнщ: насыпышхуэм сызэщIеIэтэ!», «Адыгэхэм апхуэдэ цIыху цIэрыIуэ, лъэкIыныгъэшхуэ зиIэ къызэрытхэкIам срогушхуэ!» — апхуэдэ псалъэхэр жаIэу зэхыбох Абыдэм и деж зыщызыгъэхъужа куэдым.
  • Зихуэдэ щымыIэ IэзэкIэмрэ хущхъуэхэмрэ лъэпкъ медицинэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ зэрыхуищIам папщIэ Абыдэ Мусэ къыхуагъэфэщащ къэралпсо, дунейпсо медицинэ зэгухьэныгъэхэм, академие зэмылIэужьыгъуэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр. ХущхъуэщIэхэр зэхэлъхьэным зэрелэжьам, ахэр медицинэ практикэм зэрыхигъэхьам папщIэ щIэныгъэлIым зыбжанэрэ къратащ Урысейпсо гъэлъэгъуэныгъэ центрым, Дунейпсо медицинэ академиехэм я дыщэ, дыжьын медалхэр, нэгъуэщI дамыгъэ лъапIэхэр.
  • Еш имыIэу ноби ирегъэкIуэкI Абыдэм къэхутэныгъэщIэхэр. Абы и унафэм щIэту IэщIагъэлI гупхэр йолэжь вирус лъабжьэ зиIэ жьэн узыр, тхьэмщIыгъум епха узыфэхэр гъэхъужыным. Абыдэр ядолажьэ медицинэ еджапIэ нэхъыщхьэ куэдым, университет зэмылIэужьыгъуэхэм, медицинэ институтхэм уз зэрыцIалэхэмкIэ яIэ кафедрэхэм. Абы и къалэмыпэм къыпыкIащ и къэхутэныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуа монографие зыбжанэ, иIэщ щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м щIигъу, хущхъуэгъуэщIэ къызэригупсысам щыхьэт техъуэ патенту 30-м нэс. Профессор цIэрыIуэм и мащIэкъым гъэсэнхэри. Абы и нэIэм щIэту гъэхьэзыра хъуащ доктор диссертацэу 4, кандидат лэжьыгъэу 10.
  • Дунейпсо цIэрыIуагъ иIэщ ди лъахэгъу щIэныгъэлIым. Апхуэдэу Урысей-швейцарие бизнес-клубым абы къыхуигъэфэщащ «И Iуэху зехьэкIэ пэрытым папщIэ» дыщэ медалыр. Социальнэ медицинэм щиIэ ехъулIэныгъэхэр къалъытэри, абы Германием къыщратащ Эрлих и цIэкIэ щыIэ щIыхь медалыр. «Досс-Астра» зыфIаща, вагъуэхэм я каталогым зэритымкIэ, хьэршым щыIэ вагъуэхэм ящыщ зым фIащащ «Абидофарма» цIэр.
  • 2003 гъэм Швейцарием щекIуэкIауэ щытащ «ЩIы хъурейм и щытыкIэр зыубзыху цIыху» дунейпсо зэпеуэр. Абы щытекIуауэ къалъытар икIи «Хрустальнэ лIыхъусэжь» кубокыр зыхуагъэфэщар адыгэлI щэджащэ Абыдэ Мусэщ. А цIэ лъагэр икIи лъапIэр Абыдэм къихьащ и псэ хьэлэл лэжьыгъэшхуэхэмкIэ, Iуэху зехьэкIэ пэрытымкIэ, цIыхум и узыншагъэм, гъащIэм папщIэ зэфIих Iуэхугъуэ дахэхэмкIэ.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ.
  •  
  • Лъэпкъ  щIэныгъэм  и гуащэ
  • Адыгэ лъэпкъым и япэ бзылъхугъэ еджагъэшхуэ, лъэпкъ литературэмрэ абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэмрэ егъэкIуэкIыным хуэлажьэ, щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и вице-президент Бэчыжь Лейлэ къызыхэкIа лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэм хуищIа хэлъхьэныгъэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ.
  •  
  • Бэчыжь Лейлэ

    Шэрджэс литературэм и тхыдэдж, критик цIэрыIуэ, Къандурым и цIэкIэ щыIэ дунейпсо саугъэтым и лауреат Бэчыжь Лейлэ Iэбубэчыр и пхъур Хьэбэз районым хыхьэ ПсэукIэ Дахэ къуажэм къыщалъхуащ. КъШР-м и къалащхьэ Черкесск дэт лъэпкъ еджапIэ-интернатыр къиуха иужь, Лейлэ Ленинград дэт къэрал университетым филологиемкIэ и факультетым щеджащ. Абы щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэту къызэригъэзэжрэ, Къэрэшей-Шэрджэс щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым щолажьэ, IуэрыIуатэмрэ литерату-

  • рэмкIэ къудамэм и унафэщIу. Абы къыдэкIуэу, 1983 гъэм къыщыщIэдзауэ КъШКъУ-м литературэмкIэ и кафедрэм и профессорщ, КъШР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и гуащэщ.
  • Бэчыжь Лейлэ адыгэ щIыналъищми, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу ди лъэп- къэгъухэми фIыуэ къыщацIыху. Абы и щхьэусыгъэр адыгэ IуэрыIуатэмрэ литературэмрэ джынымкIэ, ди лъэпкъ усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкI тхыгъэхэм уасэ тэрэз яхуэщIынымкIэ, литературэм зезытыну зи гугъэ щIэблэщIэр гъуэгу щыпкъэ тегъэхьэнымкIэ мы бзылъхугъэм куэд дыдэ зэрилэжьарщ. А псори Лейлэ щIыхузэфIэкIар анэдэлъхуу иIэ зэчиймрэ сыт хуэдэ гугъуехь хуэзами къимыкIуэтурэ зригъэгъуэта щIэныгъэшхуэмрэ я фIыгъэщ.
  • Бэчыжьым и Iэдакъэм къыщIэкIыу япэ дыдэу дунейм къытехьауэ щытар «Шэрджэс литературэм и тхыдэм и напэкIуэцIхэр» зыфIища тхыгъэращ. Ауэ ар тхылъ щхьэхуэу къыдэкIыным и пэкIэ, Лейлэ къыщигъэсэбэпауэ щытащ адыгэ литературэмрэ гъуазджэмрэ я махуэхэу 1957 гъэм Москва къалэм щекIуэкIам щищIыгъа докладым.
  • Университетыр къэзыухагъащIэ бзылъхугъэ ныбжьыщIэм ди литературэм теухуауэ абдеж къыщипсэлъам къыхэща щIэныгъэр, акъылыр, зэчийр нэгъэсауэ гъэщIэгъуэн ящыхъуауэ щытащ урыс тхакIуэ цIэрыIуэхэу Михалков Сергейрэ Сартаков Сергейрэ.
  • НапэкIуэцI плIыщI нэхъ мыхъу япэ тхылъ пIащIэ цIыкIур Бэчыжь Лейлэ угъурлыуэ къыхущIэкIри, абыкIэ щIэныгъэм щыхиша лъагъуэр иужькIэ еджагъэшхуэм и гъуэгу бгъуфIэ хуит хъуащ. Иужьрей илъэс 54-м къриубыдэу ди литературэм и тхыдэмрэ адыгэ, абазэ, нэгъуей, къэрэшей тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI тхыгъэхэмрэ ятехуауэ лэжьыгъэшхуэ зыбжанэ итхащ икIи къыдигъэкIащ Лейлэ.
  • Абыхэм ящыщщ «Шэрджэс усакIуэ Гъуэщокъуэ Хъусин» (1962), «Шэрджэс совет литературэр» (1964), «Адыгэ литературэм и прозаическэ жанрхэм я зыужьыкIэмрэ ахэр зытет лъэпкъ дахэгъэпс хабзэхэмрэ» (1972), «ЛIыхъужь эпосым къыщыщIэдзауэ романым нэс» (1974), «Псалъэм и жэуаплыгъэр» (1978), нэгъуэщIхэри. Абыхэм нэмыщI, Бэчыжьыр ящыщщ 80 гъэхэм Москва къыщыдэкIауэ щыта «Совет лъэпкъыбэ литературэм и тхыдэр» (то- митху мэхъу), «Совет романыр» тхылъхэр зытха еджагъэшхуэхэм.
  • Бэчыжь Лейлэ и гуащIэшхуэ хэлъщ Кавказ зауэжьым и зэранкIэ къэрал щэ ныкъуэм щIигъум щикъухьа хъуа ди лъэпкъэгъухэм къахэкIа тхакIуэхэм, усакIуэ цIэрыIуэхэм я творчествэр хэкужьым щыпсэухэм ягъэцIыхуным хуэгъэзауэ ди щIэныгъэлIхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэ иным. Псалъэм папщIэ, Иорданием щыпсэу адыгэ тхакIуэшхуэ Къандур Мухьэдин и «Кавказ» роман-трилогиер къыщыдэкIам япэ дыдэ ар зэпкърызыхыу, и рецензэ убгъуа ди къэралым къыщытрезыгъэдзахэм ящыщщ Бэчыжьыр.
  • Апхуэдэ къабзэу, хэхэсу псэу адыгэхэм ятеухуащ Лейлэ жэрдэмщIакIуэ зыхуэхъуу 1991 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм Черкесск къалэм щрагъэкIуэкIауэ щыта «Кавказ лъэпкъхэм хамэщIхэм щаIэ щэнхабзэр» щIэныгъэ конференцыр. Апхуэдэ конференц бжыгъэу Бэчыжьыр зыхэлэжьыхьар куэд мэхъу. Дэтхэнэми абы хелъхьэ лъэпкъым хуэгъэза и гупсысэ куур, хамэ къэрал куэдым щыпсэу адыгэхэм къагъэщI литературэм ди лъэпкъ IуэрыIуатэр зэришхэпсым и гугъу ищI зэпытщ.
  • ИщхьэкIэ зэрыщыжытIащи, Бэчыжь Лейлэ къаруушхуэ тригъэкIуэдащ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжауэ къыдэгъэкIыным. Апхуэдэ лэжьыгъэм и мызакъуэу, Лейлэ жыджэру хэтщ адыгэм теухуауэ кърахьэжьэ сыт хуэдэ Iуэхуми. Абы хузэфIокI лъэпкъым и Iуэхухэм и гуащIэ Iыхьэ хилъхьэн.
  • Къэбарт Мирэ.
  •  
  • Абыкъу зэшыпхъухэр
  • Абыкъу зэшыпхъухэм я къекIуэкIыкIар быдэу епхащ совет зэманыр къэунэхуа нэужь екIуэкIа «цIыхугъэкIуэдым». Хэкум ирагъэкIахэм ящыщт зэшыпхъуитIым я адэм и адэ Хьэмиди, я анэм и адэ Дым Iэдэм и къуэш Николаи.
  •  
  • Абыкъу ФатIимэ

    Абыкъу Лейлэ

    Абыкъу ФатIимэ Азрэт и пхъур 1950 гъэм Ашхабад къыщалъхуащ, иджыпстуи а къалэм щопсэу. Гъуазджэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Абыкъу ФатIимэ илъэс куэдкIэ Ашхабад консерваторэм и проректору лэжьащ. ФатIимэ жану хэлэжьыхьащ тыркумэн щэнхабзэм зиужьыным, ар и критикэ тхыгъэхэмкIэ цIэрыIуэщ. Илъэс зыбжанэкIэ ФатIимэ щытащ Тыркумэн Республикэм и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу.

  • Абыкъу Лейлэ Азрэт и пхъур 1951 гъэм жэпэгъуэм и 16-м Ашхабад къыщалъхуащ. Абы 1972 гъэм Тыркумэн политехникэ институтым щIыдагъэм елэжьынымкIэ и факультетыр, 1980 гъэм — а къэралым геолог-къэлъыхъуэныгъэхэмкIэ аспирантурэр къыщиухащ, абдеж щыщIэдзауи щIэныгъэм и гъуэгуанэм къытекIакъым. Лейлэ и щIэныгъэ лэжьыгъэхэр къебжэкI къудейкIэ зэфIэзгъэкIынщ жыпIэми, езыр зыпыщIа Iуэхум теухуа защIэщи, IэщIагъэм щымыщым дежкIэ гурыIуэгъуафIэкъым. Абы геологием ехьэлIа Iуэхухэм ЭВМ-кIэ щелэжь IуэхущIапIэ къызэригъэпэщри, езыр абы и унафэщIу щытащ. И тхыгъи 100-м щIигъу УФ-мрэ хамэ къэралхэмрэ къыщыдэкI журнал пэрытхэм къытехуащ, и ехъулIэныгъэхэр езыр зыхэт къудамэм пыщIа дунейпсо зэхуэсхэм къыщагъэсэбэп. Дызэрыт зэманым геолог-минерал щIэныгъэхэм я доктор Абыкъу Лейлэ Газымрэ щIыдагъэмрэ щелэжь институтым (ИПГН РАН) и унафэщIу мэлажьэ.
  • Абыкъу лъэпкъым теухуа къыдэкIыгъуэр щыдгъэхьэзырым Абыкъу Лейлэ къытхуитхауэ щыта тхыгъэр гукъинэж тщыхъуащ:
  • «Пэжыр жысIэмэ, лъэпкъым и блэкIам теухуауэ сщIэр мащIэщ. ДыкъызэхэкIами ди адэр гъэру щIаIыгъа щхьэусыгъуэми ди унагъуэм щытепсэлъыхь хабзэтэкъым. Езыр-езыру зэрызэхэкIыжамкIэ, си адэ Азрэт Абыкъу Хьэмид и къуэщ, си анэшхуэр Щэрданхэ япхъут.
  • ЩIыпIэщIэм тыншу дыхэзэгъащ жыпIэми гугъу дыщехьащ жыпIэми, тIум щыгъуэми ущыуэнукъым. Зы лъэныкъуэкIэ, ди адэр комсомолым къыхадзри институтми къыщIадзыжауэ щытащ, «къызыхэкIар зэрибзыщIар» и щхьэусыгъуэу. Ди адэ шыпхъум и лIыр ягъэтIысауэ щытащ Абыкъухэ япхъу зэрищхьэгъусэм щхьэкIэ… Ауэ нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, Тыркумэн щIыналъэм ифI къыдэкIащ: ди адэ-анэм абы зыщаузэщIри дэри а щIыналъэм ди лъэр щыуващ. Дыкъэзылъхуахэм пщIэ яIэу, я хьэтыри цIыхухэм къалъагъуу псэуахэщ.
  • Хамэ лъэпкъым щыщ хъун-мыхъун Iуэхум и гугъу пщIы-мэ, тыркумэн лъэпкъым дыхэшыпсыхьыжауэ жыпIэ хъунущ, ауэ сытым дежи хамэхэм дафIэхэгъэрейуэ, хэгъэрейхэм дафIэхамэу дыкъекIуэкIащ. Си адэ-анэри, си анэшхуэри, адрей ди адыгэ благъэхэу сыщыцIыкIум сцIыхуахэри цIыхуфI защIэт, лэжьакIуэжьхэт. Абыхэм псоми Къэбэрдей щIыналъэр я псэм пащIырт, адыгэ уэрэдхэр жаIэурэ гъыжу щытахэщ».
  • ХьэпцIэ Сэтэней.
  • Адыгэхэр ирогушхуэ
  •  

    УэрэджыIакIуэ телъыджэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист, КъБР-м, Адыгейм, КъШР-м, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Дагъыстэным я цIыхубэ артист Тут Заур.

  • Артист   хъуну и  насып  къихьащ
  • УФ-ми КъБР-ми щIыхь зиIэ я артист Батыр Мухьэдин цIыху насыпыфIэу зыкъелъытэж.
  •  
  • Батыр Мухьэдин

    — Сэ си насып къикIри артист сыхъуащ, — щыжеIэ абы и интервьюхэм языхэзым. — Сэ роль къэс нэхъапэкIэ симыIа гурыщIэ щызыхызощIэ, сымыгъэунэхуа куэд си нэгу щыщIокI. А ролыщIэхэр екIуу къохъулIэнымкIэ лIыхъужьым и фащэм, теплъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ.

  • Батырыр япэ дыдэ утыку къыщихьам еплIанэ классым щIэсу арат, иужькIэ мызэ-мытIэу хэтащ я щIыналъэм къыщызэрагъэпэща зэпеуэхэм. А зэманхэращ абы а IэщIагъэм игу щыкIэрыпщIар.
  • Щэнхабзэм щыхурагъаджэ училищэм щIэтIысхьа къудейуэ армэм дашри, щIалэщIэм артиллерием къулыкъу щищIащ. Армэ нэужьым гъащIэм нэгъуэщIынэкIэ еплъ хъуа Мухьэдин, зыщIэса еджапIэм имыгъэзэжу, заводым фрезеровщикыу лэжьэн щыщIидзат.
  • Зи зэфIэкIым шэч къытезыхьэжу щIэзыдза Батырым иджы зэзэмызэт уэрэд щыжиIэр. Ауэ уи натIэм итым узэрыфIэмыкIыфынур иужькIэ нэрылъагъу зэрыщыхъуар жеIэж Батырым. Зы зэхыхьэ гуэрым щыIэу Мухьэдин и уэрэд жыIэкIэр Хъупсырджэн Албэч (а зэманым Астрахань дэт консерваторэм и студентт) зэхихри, музыкэмкIэ IэщIагъэ зригъэгъуэтыну тригъэгушхуат. Музыкэ училищэм илъэситIкIэ фIэкIа щемыджауэ, я унафэщI Къуэдзокъуэ Владимир и чэнджэщкIэ ар щIэтIысхьащ Римский-Корсаков и цIэр зэрихьэу Ленинград дэт консервато-рэм. Мухьэдин и зэфIэкIым абы зэрызыщригъэужьам и мызакъуэу, музыкэ дунейм щыпэрыт цIыху гъэщIэгъуэн куэд къыщицIыхуат.
  • Ар къиуха иужь Ленинград дзэ округым уэрэдым-рэ къафэмкIэ и академие ансамблым хэту илъэсищкIэ лэжьащ. Ди хэкум и мызакъуэу, КъухьэпIэ Европэм хыхьэ къэралыгъуэхэми я утыкухэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа артистым и ехъулIэныгъэхэр куэдкIи нэхъыбэнкIэ хъунт, ауэ къыщалъхуа щIыналъэм хуэзэша уэрэджыIакIуэм къигъэзэжмэ нэхъ фIэкъабылащ. Ленинград дэт къэрал консерваторэм уэрэд жыIэ-нымкIэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызэзыгъэгъуэта Батырыр ди артист пажэхэм яхыхьащ.
  • Мухьэдин Музыкэ театрым япэу щигъэзэщIар «Цыганский барон» спектаклым хэт Бринкай и ролырщ. Езым нэхъыфIу илъагъур «Риголетто» хэт ажэгъафэращ. Ар роль тыншхэм зэращымыщыр, ауэ щыхъукIи абы щIэлъ гупсысэ куум, къарум, лъагъуныгъэ иным зэрызыIэпишэр жеIэ Батырым.
  • 1989 гъэм щыщIэдзауэ нобэр къыздэсым абы игъэзэщIащ оперэ партие куэд, классикэ опереттэхэм, макъамэ комедиехэм, мюзиклхэм роль пщIы бжыгъэхэр щиIэщ. Апхуэдэхэщ Верди Джузеппе и «Травиата» (Жерман и партиер), Чайковский Пётр и «Евгений Онегин» (Евгений Онегин), Леонкавалло Руджеро и «Паяцы» (Сильвио) оперэхэр, «Дахэнагъуэ» лъэпкъ балетыр (Джэримэс), Молэ Владимир и «Къамботрэ Лацэрэ» (Къамбот) опереттэр, «Моя жена — лгунья», «Цыганский барон», «Последний шанс», «Свадьба в Малиновке», «Не прячь улыбку» макъамэ комедиехэр, «Мыщэ и къуэ Батыр» псысэр, нэгъуэщI куэди. Абы и макъ гуакIуэм цIыхухэр щIэдэIуну Iэмал щаIэр театр утыкум и закъуэкъым. Ар ди республикэм къыщаIэт махуэшхуэхэми, гъунэгъу щIыналъэхэм щекIуэкI Iуэху гуапэхэми, концерт зэмылIэужьыгъуэу щыIэхэми жыджэру хэтщ. Мухьэдин и макъыр щыIуащ Москва, Санкт-Петербург, Дон Iус Ростов, Ставрополь, Краснодар крайхэм , Кавказ Ищхъэрэм и республикэхэм. Уеблэмэ 2003 гъэм Германием щагъэлъэгъуауэ щыта спектаклым хэтащ. СКГИИ-м уэрэджыIакIуэхэр щагъэхьэзыр и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщи, театрым и лэжьакIуэ хъуну ныбжьыщIэхэр егугъуу егъэхьэзыр.
  • Батыр Мухьэдин гъуазджэм хуищIа хэлъхьэныгъэм къыпэкIуащ цIыхухэм я лъагъуныгъэр, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым, иужькIэ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ я артист цIэ лъапIэхэр къызэрыфIащар.
  •  
  • Тэрчокъуэ Дисэ.