ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2017-01-25

  • ТекIыным и  пэ  къихуэу
  • США-м и президенту щыта Обамэ Барак текIыным и пэ къихуэу нэгъуэщI къэрал зыбжанэм ахъшэшхуэ яхуиутIыпщащ.
  • Псалъэм папщIэ, США-м и правительствэм къыбгъэдэкIыу Палестинэм иратащ доллар мелуан 221-рэ. Ар Обамэ апхуэдэу щIищIауэ къалъытэр Трамп «епIэскIун» щхьэкIэщ — Дональд къэралым и президенту зыхригъэхыным теухуа кампаниер щригъэкIуэкIым Израилыр къызэрыдэIэпыкъур, и телъхьэу къызэрыувыр мызэ-мытIэу къыхигъэщауэ зэрыщытарщ.
  • КъимыдэкIэ, щIыуэпсым и щытыкIэм зэрызихъуэжым кIэлъыплъ, абы пэщIэтынымкIэ хэкIыпIэхэр къэзылъыхъуэ IуэхущIапIэхэм доллар мелуани 4, ООН-м и къудамэу цIыхур гъэпщылIынымрэ гущIэгъуншагъэмрэ ебэныным зи лэжьыгъэр хуэгъэпсам доллар зы мелуанрэ мин 250-рэ яритащ Обамэ.
  •  
  • ХэщIыныгъэшхуэ егъуэт
  • Урысейм санкцэхэр къызэрыхуагъэуврэ Венгрием фIэкIуэдащ еврэ меларди 6,5-рэ. Апхуэдэ хэщIыныгъэ къэралым зэригъуэтар жиIащ Венгрием нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и пашэ Сийярто Петер.
  • «Псори зэхэту еврэ мелард 90 и уасэ хъууэ аращ дэ нэгъуэщI къэралхэм едгъашэ продукцэр икIи экономикэм игъуэт хэщIыныгъэр занщIэу сэтей къохъу», — жиIащ абы.
  • Политикым къыхигъэщащ къэралхэр зэман гъунэгъу дыдэм зэгурыIуэжмэ езыми я къэралым щыпсэухэми нэхъ къызэращтэнур икIи а Iуэхум США-м и иджырей унафэщIхэри хэлIыфIыхьыну зэрыщыгугъыр.