2017-01-18
- УнафэщIхэм я улахуэр зыхуэдизынур
- Урысейм и Пенсэ фондым, Социальнэ страхованэмкIэ фондым, Iэмал зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ фондым я унафэщIхэм я улахуэхэр а IэнатIэхэм щылажьэхэм ику иту къахь лэжьапщIэм елъытауэ щытынущ дяпэкIэ. Абы теухуа указым Iэ щIидзащ УФ-м и Президент Путин Владимир.
- ЩIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару зыгъуэта унафэм зэрыщыубзыхуамкIэ, а къэрал къулыкъущIэхэр езыхэр зыхуейм хуэдиз улахуэ зыхуагъэувыжыну хуиткъым. Абыхэм я хэхъуэр я унафэм щIэтхэм ику иту къалэжьым иралъытын хуейщ. Нэхъ пасэу къэралым и Правительствэм игъэуващ я лэжьакIуэхэм я улахуэм нэхърэ хуэдипщIкIэ нэхърэ нэхъыбэ а унафэщIхэм къахь мыхъуну.
- Дзэм и зэфIэкIым шэч къытрахьэркъым
- Урысейм щыпсэухэм я нэхъыбапIэм шэч къытрахьэркъым къэралым и дзэм, хуей хъужыкъуэмэ, цIыхухэр зэрихъумэфынум.
- Жылагъуэм я Iуэху еплъыкIэр зэгъэщIэнымкIэ урысейпсо центрым (ВЦИОМ) къызэритамкIэ, апхуэдэ упщIэкIэ зызыхуагъэзахэм я процент 92-м жаIащ къэралым IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр къазэрыщхьэщыжынур я фIэщ зэрыхъур. Процент 70-м щIигъум къыхагъэщащ армэр иужьрей илъэс зыбжанэм нэхъри лъэщ зэрыхъуар.
- Илъэс кIуам и жэпуэгъуэм Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 46-м хыхьэ къалэхэу, къуажэхэу 130-м щрагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуар и тегъэщIапIэу ВЦИОМ-м етх: «IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэр я къалэныр гъэзэщIэным хуэхьэзыру жаIащ дызэупщIахэм. Процент 92-м къалъытэ ди цIыхухэр армэм къихъумэфыну. Ар зи фIэщ мыхъухэр мащIэ дыдэщ — проценти 5 къудейрщ апхуэдэ Iуэху еплъыкIэ зиIэр».
- Социологхэм зэрыжаIэмкIэ, къэралым и дзэм и мыхьэнэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъуми, абы экономикэм зэрызыдиужьми гу лъатащ зэупщIахэм.