Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий Урысей Печатым и махуэмкIэ зэрехъуэхъуар
2017-01-13
- Си гум къыбгъэдэкIыу сохъуэхъу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и журналистхэм, редакцэхэм я лэжьакIуэхэм, къыдэзыгъэкIхэм, полиграфистхэм я IэщIагъэмкIэ я махуэшхуэмкIэ — Урысей печатым и махуэмкIэ!
- ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм нобэ къалэн ин я пщэ дэлъщ жылагъуэ гупысысэр зэфIэгъэувэнымкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымкIэ, хьэл-щэныфIхэр хъумэнымкIэ, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ гъэбыдэнымкIэ. КъэхъукъащIэхэр къэвгъэлъагъуэкIэрэ, абыхэм пэжу фабгъэдыхьэкIэрэ, фэ щIэджыкIакIуэхэм гупсысэ зэмылIэужьыгъуэхэр я пащхьэ иволъхьэ. ФIыщIэ фхузощI захуагъэм, псынщIагъэм, пэжыгъэм фытету тхыгъэхэр зэрывгъэхьэзырым, IэщIагъэлI нэсу фызэрыщытым, фи Iуэхум фызэрыхуэпэжым папщIэ.
- Си гуапэу сынывохъуэхъу узыншагъэ, творческэ ехъулIэныгъэ, насып, зэIузэпэщыныгъэ фиIэну.