ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2017-01-12

  • Нэхъыбэ хъужу хуежьащ
  • ИлъэсыщIэр къыщрагъэхьэну, зыщагъэпсэхуну ди цIыхухэр хамэ къэралхэм нэхъ щIэхщIэхыурэ кIуэ хъужащ.
  • Апхуэдэ нэгу зегъэужьыкIэр къыхэзыххэр процент 15м щIигъукIэ нэхъыбэ хъуащ, нэгъабэ елъытауэ. Апхуэдэу жиIащ Урысейм и туроператорхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Ломидзе Майе. «Туристхэм Мысырым зыщегъэгъэпсэхуныр къызэрызэдмыгъэпэщыжым и зэранкIэ, хамэ къэралхэм кIуэхэм я бжыгъэм илъэситI зэкIэлъыкIуэм фIыуэ кIэрыхуурэ къекIуэкIами, иджы щытыкIэм зихъуэжащ. НэгъуэщI щIыналъэхэр зэзыгъэлъагъуну хуейхэр нэхъыбэ хъужу хуежьащ»,  жиIащ абы.
  • ЦIыхухэр нэхъ яфIэфIу здэкIуэр Доминиканскэ Республикэ, Таиланд, Вьетнам, Кипр, Алыдж, Финляндие къэралхэрщ. Апхуэдэуи Израилми урысейхэм ящыщу нэхъыбэ дихьэх хъуащ, тенджыз Плъыжьым и Iуфэм тыншу зыщагъэпсэхунымкIэ IэмалыфIхэр къахузэригъэпэщурэ.
  •  
  • Я фейдэ хэлъу къелъытэ
  • Дунейпсо валютэ фондым и унафэщIым и япэ къуэдзэ Липтон Дэвид жиIащ Африкэмрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ икIыурэ Европэм цIыху куэд зэрыIэпхъуэм а къэралхэм я экономикэм фейдэшхуэ къыхуихьу.
  • Абы къызэрыхигъэщамкIэ, Европэ Зэгухьэныгъэм хыхьэ къэралхэм ягъэлэжьэн куэду ягъуэт икIи абы хэхъуэ къахуихьын фIэкIа, хэщIыныгъэ къыдэкIуэн хуейкъым. Апхуэдэуи ар а къэралхэм яхуэшхыдащ экономикэ и лъэныкъуэкIэ зыIууэ лъэпощхьэпо, мыхъумыщIагъэ псори Iэпхъуэшапхъуэхэм я зэрану зэрыжаIэм щхьэкIэ.
  • Къэралым щыпсэуну къакIуэхэм я фIыгъэкIэ я экономикэм зэрызиужьыр щыжаIауэ щытащ СШАм, ауэ абы щыхьэт техъуэ бжыгъэхэр къагъэлъэгъуакъым. Апхуэдэу щытми, Германием, Iэпхъуэшапхъуэ нэхъыбэ дыдэ здэкIуахэм ящыщ къэралым, жиIащ я деж щхьэегъэзыпIэ щызыгъуэта дэтхэнэми, фейдэм и пIэкIэ, хэщIыныгъэ къазэрыхуихьыр. Дэтхэнэ зы цIыхуми Германием трегъэкIуадэ абы папщIэ налогыу къратым нэхърэ еврэ 1800кIэ нэхъыбэ.