КIуэкIуэ Юрий: «Сабийхэр псом япэщ»
2016-12-27
- Дыгъэгъазэм и 24-м Налшык къалэ щекIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий зыхэта Iуэхугъуэ зыбжанэ. Абы къуажэ школхэм я еджакIуэхэр къызэрырашэкIын машинэ 23-м я IункIыбзэхэр еджапIэхэм я унафэщIхэм яритащ, Белгород университетым Налшык щиIэ къудамэмрэ Гуманитарнэ академиемрэ къыщызэIуаха спорт пэшхэм, Темыркъан Хьэту и цIэр зэрихьэу КъБКъУ-м къыщызэрагъэпэща щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэм еблэгъащ.
- Псом япэу КIуэкIуэм зригъэлъэгъуащ республикэм и къуажэ пхыдзахэм сабийхэр еджапIэм ирырашэлIэну къащэхуа, шынагъуэншагъэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ зэгъэпэща «Ford», «NEXT» ГАЗель автобусхэр.
- — Къэралыр гугъуехь куэдым пэщIэтми, сабийхэр зыхуей хуэгъэзэныр япэ идогъэщ. Школым пэжыжьэу псэу е зи узыншагъэм сэкъат иIэ еджакIуэ цIыкIухэр тыншу, узыншэу и чэзум еджапIэм нэшэсыным Iуэхухэр ящигъэпсынщIэнущ. Мы машинэхэм ухуэсакъыу зепхьэмэ, илъэсипщIкIэ пхуэгъэлэжьэнущ. Си гугъэщ ар зыхэфщIыкIыну, — жиIащ КIуэкIуэм машинэхэм я IункIыбзэхэр щаритым.
- Абы къыхигъэщащ сабий ныкъуэдыкъуэхэм папщIэ ящI автобусхэм хуэдэ дяпэкIэ къащэхунум къыхагъэхьэн зэрыхуейр.
- КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Геккиев СулътIан зэрыжиIамкIэ, гъатхэ дызыхуэкIуэм иджыри апхуэдэ автобус 50 къуажэ школхэм иратынущ.
- Мы Iуэху гуапэр зэфIэкIри, республикэм и Iэтащхьэр Толстоймрэ Кулиевымрэ я цIэр зезыхьэ уэрамхэм боксёр ныбжьыщIэхэм папщIэ къыщызэIуаха спорт пэшхэм еплъыну кIуащ.
- Фигу къэдгъэкIыжынщ: дыгъэгъазэм и 8-м сабий спорт IуэхущIапIэхэр щыщIиплъыкIым, КIуэкIуэ Юрий а пэшхэм я щытыкIэмкIэ мыарэзыуэ, унафэ яхуищIат дыгъэгъазэм и 25 пщIондэ ахэр къанэ щымыIэу зыхуей хуагъэзэну. Унафэр зэрагъэзэщIам и щыхьэту, ахэр IэмэпсымэщIэхэмкIэ зэщIэузэдащ, гъэсакIуэхэм я пэшхэр щхьэхуэщ, сабийхэм зыщахуапэ, зыщагъэпскI пэшхэри зыхуеину псомкIи къызэрагъэпэщащ. Япэм абыхэм спортсмен 80-т къагъакIуэр, иджы 300-м нэсым ядэлэжьэфынущ, IэмэпсымэкIэ зыхуей хуэзащи.
- КIуэкIуэ Юрий спортсмен ныбжьыщIэхэм захуигъазэу дыщIигъуащ:
- — Ди щIыналъэр зэрыпагэ спортсмен цIэрыIуэ куэд диIэщ, дуней псом къыщацIыхуу. Мис абыхэм щапхъэ ятефх, ехъулIэныгъэхэм, текIуэныгъэхэм фыхущIэкъу, фIыуэ феджэ, гъэсакIуэхэм федаIуэ, фи Iуэху дэкIыну фыхуеймэ.
- Iэтащхьэм къыхигъэщащ ди щIалэгъуалэм заужьын папщIэ, нэхъыжьхэм, гъэсакIуэхэм я нэIэ щIэту Iуэху щхьэпэхэм дегъэхьэхын зэрыхуейр.
- АдэкIэ КIуэкIуэр КъБКъУ-м еблэгъащ Темыркъан Хьэту и цIэр зезыхьэ щэнхабзэ IуэхущIапIэр зригъэлъагъуну.
- — Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал пединститутым и япэ унафэщIу щыта Темыркъан Хьэту лъэпкъым зэрыщымыгъупщэр, абы илэжьам хуэфэщэн пщIэ игъуэтыпхъэу къызэрыфлъытэр, а цIыху пажэм и цIэр зезыхьэ IуэхущIапIэ къызэрызэвгъэпэщар икъукIэ си гуапэщ, — къыхигъэщащ Iэтащхьэм. — Мы Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЩIалэгъуалэр нэхъ дэзыхьэхым дыщыгъуэзэну, абыхэм сыт и лъэныкъуэкIи заужьыным гулъытэ хуэтщIын хуейщ.
- КъБКъУ-м и ректор Алътуд Юрий зэрыжиIащи, дуней псом щыцIэрыIуэ дирижёр Темыркъан Юрэрэ КъБР-м и Къэрал симфоние оркестрым и унафэщI Темыркъан Борисрэ я адэ Хьэту псэуху ди республи-кэм щэнхабзэмрэ щIэныгъэмрэ зыщегъэужьыным телэжьащ. «Мы IуэхущIапIэм щIэныгъэ зэхыхьэхэр щекIуэкIынущ, мыбы щIалэгъуалэр щеплъыфынущ фильмхэмрэ спектаклхэмрэ», — пищащ ректорым.
- Фырэ Анфисэ