ЩыщIэныгъэхэр къахутэ, къуаншэхэр жэуапым ирашалIэ
2016-08-17
- КъБР-м и прокуратурэм щызэхалъхьэжащ балигъ мыхъуахэмрэ щIалэгъуалэмрэ я IуэхухэмкIэ законхэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыным хуэунэтIауэ мы гъэм и япэ мазихым зэфIагъэкIахэр.
- КъызэрагъэлъэгъуамкIэ, а лэжьыгъэр зэкIэлъыхьауэ къызэрагъэпэщ. Зи гугъу тщIы зэманым къриубыдэу ныкъусаныгъэ 4661-рэ къахутащ. Яхуэзымыдэ тхылъу 536-рэ ягъэхьэзыращ, къалэн ящызыщIу 598-рэ ятхати, абыхэм хэплъэри, цIыху 641-рэ дисциплинэ жэуапым ирашэлIащ, прокурорым и унафэкIэ, 223-м административнэ тезыр тралъхьащ, 289-м хабзэм текI зэрымыхъунур гурагъэIуащ. СледствэмкIэ IэнатIэм ирата тхылъ 27-м япкъ иткIэ, уголовнэ Iуэхуу апхуэдиз къызэIуахащ.
- ГъащIэр, узыншагъэр, унагъуэр, анагъэр, адагъэр, сабиигъуэр хъумэным и Iуэхум ныкъусаныгъэ куэд — 3216-рэ, егъэджэныгъэм и IэнатIэм 971-рэ къыщыщIагъэщащ.
- Балигъ мыхъуахэр егъэджэным, IэнатIэкIэ къызэгъэпэщыным, сабийхэм я гъащIэр, я узыншагъэр, сабий зеиншэхэм псэупIэмкIэ я хуитыныгъэхэр хъумэным, нэгъуэщI Iуэхухэми гулъытэ хэха хуащIащ. Апхуэдэу Зыуэ щыт къэрал экзаменыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм зэрыщекIуэкIым ткIийуэ кIэлъыплъащ.
- ЕтIуанэ мазихым республикэм и прокуратурэм къыпэщытщ къахута ныкъусаныгъэхэр ирагъэгъэзэкIуэжыну, балигъ мыхъуахэм яхуэгъэзауэ къуаншагъэ зылэжь къулыкъущIэхэр жэуапым ирашэлIэну.
- КъБР-м и прокуратурэм и пресс-IуэхущIапIэ.