ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ПщIэшхуэ зиIэ, щIыхькIэ гъэнщIа IэщIагъэ

2016-08-13

  • Сыт хуэдэ зэманми цIыхухэм ухуакIуэ IэщIагъэм пщIэшхуэ хуащIу щытащ. Ноби абы и мыхьэнэр зымащIэкIи нэхъ лъахъшэ хъуакъым. ПсэупIэ комплексхэр, промышленнэ предприятэхэр, еджапIэхэр, сымаджэщхэр яухуэ. Коммуникацэхэр яукъуэдий, республикэм и архитектурэ теплъэр ирагъэфIакIуэ.
  • Я махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Тутыкъу Анзор дэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
  •  
  • — Кризисым дауэ фыпэлъэщрэ, Анзор?
  • — Ди республикэм щыщу цIыху мин 17-м щIигъу ухуэныгъэм пэрытщ, абыхэм я бжыгъэми лэжьыгъэу кърахьэлIэми илъэс къэс хохъуэ. Нэгъабэ сом мелард 12-м щIигъу и уасэ зэфIагъэкIащ.
  • Мы гъэм ди ухуакIуэхэм псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ мини 130-м щIигъу ятащ. Абы щыщу метр зэбгъузэнатIэ мини 10-м нэсыр фэтэр куэд хъу унищым хуозэ. Кыщпэк къуажэмрэ Май къалэмрэ сабий гъэсапIэхэр, Пролетарскэ жылагъуэм амбулаторэщIэ къыщызэIуахащ, Псынабэрэ Къулъкъужынрэ щэнхабзэмкIэ я унэхэр, «Кристалл» щIалэгъуалэ спорт комплексыр зэдгъэпэщыжащ.
  • Социально-щэнхабзэ мыхьэнэ зиIэ псэуалъэхэр, предприятэхэр ухуэ-нымкIэ ди IэнатIэхэм зэфIэкIышхуэ ябгъэдэлъщ, дяпэкIи абы хагъэхъуэну хьэзырщ.
  • — Ухуэныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщу сыт хуэдэхэр мы гъэм и кIэм нэвгъэсыну фи мурад?
  • — ГъуэлъыпIи 130-м тещIыхьауэ Налшык дэтщIыхь Перинатальнэ центрыр мы гъэм и кIэм нэдгъэсыну ди мурадщ. Иджырей технологие нэхъыфI дыдэхэм тету дыухуэ мы IуэхущIапIэр Къэбэрдей-Балъкъэ-рым щыяпэщ икIи Iэмал пэрытхэр зи лъабжьэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ нэгъэса цIыхухэм щагъуэтынущ. Апхуэдэу Жэмтхьэлэ Ипщэм еджапIэ, Хьэбэз, Мэрзэхъу, Зольскэ къуажэ-хэм фельдшер-акушер пунктхэр, Прималкинскэ жылагъуэмрэ Нарткъалэрэ физкультурэ, узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексхэр, Бахъсэн къалэм псы гъэкъэбзапIэ щыдухуэнущ, Безенги къуажэм и курыт школыр зэдгъэпэщыжынущ.
  • — Республикэм и цIыхухэр псэупIэкIэ къызэрызэвгъэпэщым и гугъу уэдгъэщIынут.
  • — ПсэупIэхэм я нэхъыбэр езы цIыхухэм яухуэ. Фэтэр куэд хъу унэхэм зэгурыIуэныгъэкIэ я Iыхьэ халъхьэ е апхуэдэ щIыкIэкIэ зыухуэм ещэ-къещэху. Къэрал, муниципальнэ программэхэм япкъ иткIэ, псэупIэ кхъахэхэм къыщIэдгъэкIхэм унэхэр яхудощI. Къэралыр я щIэгъэкъуэну, цIыху щхьэхуэхэм псэупIэ къащэху е яухуэ. А щIыкIэм тету, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, хэкIуэда зауэлIхэм я щхьэгъусэхэр, унэгъащIэхэр, Ищхъэрэ Жыжьэм щыпсэуахэр, ныкъуэдыкъуэхэр, Чернобыль щыIахэр, зауэ зэпэщIэтыныгъэхэм хэтахэр мы гъэм псэупIэкIэ къызэдгъэпэщащ. Анэ (унагъуэ) мылъку зиIэхэм ипотекэ щIыхуэ къыIахмэ, апхуэдэхэм къэралым защIегъакъуэ. Нэхъ дызыгъэпIейтейр щIыпIэ администрацэхэм я учётым щыт унэншэхэм я Iуэхурщ.
  • — ПсэупIэжьхэм щIэсхэр къызэ-рыщIагъэIэпхъукI программэм дяпэкIи пыфщэну?
  • — 2007 гъэм 185-нэ Федеральнэ законыр къащта нэужь, цIыху 3184-рэ а IэмалымкIэ унэжьхэм къыщIэдгъэкIащ. ИлъэситI зэкIэлъыкIуэм налшыкдэс 1332-рэ дгъэIэпхъуэну ди мурадщ. Зи гугъу тщIы программэр етIанэгъэ иухми, а Iуэхур и кIэм тхунэгъэсынукъым. Сыту жыпIэмэ, ущыпсэу мыхъужыну 2012 гъэм къалъыта унэхэр иджыри щыIэщи, ахэр Iухын хуейщ.
  • — Республикэм и щыхьэрым и къалэухуэ концепцэр хьэзыр хъуа, сыт абы нэхъыщхьэу хэлъыр?
  • — Бадзэуэгъуэм и 25-м Налшык щекIуэкIа къалэухуэ советым и зэIущIэ зыубгъуам Ростов къалэ ухуэныгъэмкIэ и щIэныгъэ-къэхутакIуэ, и проект институтым и IэщIагъэлIхэм 2040 гъэ пщIондэ Налшык зэрызиужьынум и генеральнэ планыщIэр щагъэлъэгъуащ. Абы цIыхухэр зэIухауэ трагъэпсэлъыхьынущ.
  • — Фи махуэм ирихьэлIэу уи лэжьэгъухэм сыткIэ захуэбгъэзэнт, Анзор?
  • — УхуакIуэ лъапIэхэ! Си гум къыбгъэдэкIыу фи профессиональнэ махуэмкIэ сынывохъуэхъу! Фи лэжьыгъэр икъукIэ гугъуми, абы гушхуэныгъэ къыфхелъхьэ, цIыхухэм тыншыпIэ къахузывогъэпэщ.
  • Фи IэдакъэщIэкIхэм лъабжьэ быдэ яIэну, фIыгъуэрэ гуфIэгъуэрэ фи куэду, насыпыфIэу фыпсэуну си гуапэщ. Жэуаплыныгъэ хэлъу фызыпэрыт IэнатIэм, фи Iэзагъэм илъэс къэс ди республикэр дрещIэращIэ. Фи зэфIэкIым адэкIи хэхъуэну, фи лэжьыгъэм и хъер флъагъуну сынывохъуэхъу.
  •  
  • Епсэлъар  Аруан Алийщ.