ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Псалъэмакъ щхьэпэ

2016-08-02

  • Краснодар крайр зи адэжь щIыналъэу щытхэм я гугъуехьхэр нэхъ нэгъэсауэ дигъэкIын папщIэ тенджыз фIыцIэм и Iуфэм щыпсэу шапсыгъхэм я «Адыгэ Хасэ» зэгухьэныгъэм дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъунущ къэрал IуэхущIапIэ лъэщхэм ящыщ зыр — Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэр.
  • Илъэс пщыкIух япэкIэ шапсыгъхэм щIыналъэр зи адэжь хэкуу щыт лъэпкъым и статусыр кърата нэужь, абы и уполномоченнэ органыр – «Адыгэ Хасэр» — жыджэру ядэлажьэу хуежьащ къэрал властым и органхэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ органхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, цIыхухэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыж организацэхэм. Абы зыхуигъэувыжа къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ лъэпкъым къыпэщыт Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ хэкIыпIэ нэхъыфIхэр убзыхуныр, социальнэ, экономикэ, щэнхабзэ программэхэр щIыналъэхэм зэрыщагъэзащIэм щыгъуазэ зыщIыныр икIи абы и лъэныкъуэкIэ лэжьэкIэ нэхъыфIхэр къэгъэсэбэпыныр, шапсыгъхэм конституцэкIэ яIэ хуитыныгъэхэмрэ абыхэм я сэбэп зыхэлъхэмрэ хъумэныр. А лэжьыгъэр Iыхьэ куэду зэхэлът: официальнэ IуэхущIапIэхэм тхыгъэхэмкIэ зыпащIэрт, семинархэр, зэIущIэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрагъэпэщырт, урысейпсо, дунейпсо конференцхэр, нэгъуэщI зэхуэсышхуэхэр щIэгъэкъуэн къащIырт.
  • Нэхъыщхьэ дыдэу а псоми я фIыщIэкIэ нобэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIар — тенджыз Iуфэм щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ къыхэщхьэхукIыныгъэр хъумэн зэрыхуейм къэралми цIыхубэми гу зэрылърагъэтарщ. Зэдэлэжьэныгъэм и фIыщIэкIэ куэд зэфIагъэкIащ «Лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнымрэ лъэпкъ щэнхабзэхэм зегъэужьынымрэ» щIыпIэ программэ хэхам хиубыдэу.
  • А псоми къадэкIуэу къэгъэлъэгъуапхъэщ ди лъэпкъ цIыкIум и гъащIэр нэхъ тынш щIыным пыщIа Iуэху нэхъыщхьэ куэд и пIэм зэрырамыгъэкIыфар. Апхуэдэхэм ящыщщ шапсыгъхэр зэрыс щIыналъэхэр хъумэныр, цIыхухэм мэкъумэш щIапIэхэр зэман кIыхькIэ бэджэнду етыныр, псэупIэхэр щаухуэн щIы Iыхьэхэр яхухэхыныр, нэгъуэщIхэри. Ахэр «Адыгэ Хасэм» и съездхэм куэдрэ къыщаIэтащ, зэхыхьэшхуэхэм щаубзыху унафэхэм хагъэхьащ, абыхэм мызэ-мытIэу хэплъащ властым и IэнатIэ щхьэхуэхэр. Ауэ Iуэхум хэщI щыIэкъым икIи абы и щхьэусыгъуэр къулыкъущIэхэм лъэпощхьэпо зэмылIэужьыгъуэхэр къызэрызэрагъэпэщырщ, иджыпсту зекIуэ законодательствэр нэгъэсауэ, гурыIуэгъуэу зэрыщымытырщ, ведомствэхэм яку зэгурымыIуэныгъэхэр зэрыдэлъырщ, юридическэ хабзэхэм дэнэкIи пшэ хъууэ куэд зэрыхэтырщ. Мы Iуэхум мащIэми куэдми зыгуэркIэ пыщIа IэнатIэхэр нэсу зэгурымыIуэмэ, зыхуэфащэ федеральнэ IуэхущIапIэхэри дэIэпыкъуэгъу мыхъумэ, псалъэмакъыр псалъэмакъыу къэнэжынущ. Абы къыхэкIыу ущымыгуфIыкIыпIэр иIэкъым шапсыгъхэм къапэщыт гугъуехьхэр дэгъэкIыным хуэгъэзауэ иджыблагъэ лъэбакъуэщIэ зэрачам.
  • — ЩIыналъэ щхьэхуэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ щыпсэу лъэпкъхэмрэ властым и органхэмрэ щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэрыщызэдэлажьэм щыгъуазэ зытщIа нэужь, дэ Хасэм дыщызэчэнджэщри, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм зыхуэдгъэзэну икIи зэрыхузэфIэкI- кIэ къыддэIэпыкъуну делъэIуну тедухуащ, — къытхуиIуэтэжащ «Адыгэ Хасэ» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, «КIыщмей» зэгухьэныгъэм и советым и унафэщI ЛIыфI Хъалид. — Илъэс ныкъуэ япэкIэ абы официальнэ тхыгъэкIэ зыхуэдгъазэри жэуап къытIэрыхьэжащ. Ауэ Iуэхур и пIэм икIын папщIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, ар мащIэт. Абы папщIэ езы къулыкъущIэхэм яхуэзэн икIи епсэлъэн хуейт.
  • Федеральнэ агентствэм и лIыкIуэхэр Шапсыгъым кърагъэблэгъэну мурад ящIащ, сыту жыпIэмэ абы и унафэщIт офицер хахуэ, ЛIыгъэм и орден, «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» медалыр зрата Баринов Игорь икIи абы и цIыхугъэмрэ пэжагъымрэ псори щыгъуазэт. «Адыгэ Хасэм» хэтхэм апхуэдэ мурад зэраIэр жаIащ КIыщмей Ин къуажэм щыпсэухэр Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм хэт, СНГ-м хыхьэ къэралхэм я институтым и унафэщI Затулин Константин къыщрагъэблэгъам. Абы цIыхухэр къигъэгугъащ зэрыхузэфIэкIкIэ къадэIэпыкъуну икIи и псалъэр икIэщIыпIэкIэ игъэзэщIащ: бадзэуэгъуэм и 13-м Сочи къэкIуащ Лъэпкъхэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Меженько Андрей.
  • ХьэщIэр кърагъэблагъэри, «Адыгэ Хасэм» хэтхэм ар Лазаревскэ районым хиубыдэ адыгэ жылагъуэ псоми къыщрашэкIащ. Москва къикIа къулыкъущIэр лъэпкъым и псэукIэм щыгъуазэ ящIащ, абы къыпэщыт лэжьыгъэхэмрэ зыхэт гугъуехьхэмрэ хуаIуэтащ.
  • Гупыр гъуэгу щытеуващ Головинкэ посёлкэм дэж псы цIыкIум телъ лъэмыжым деж. Мы щIыпIэм мыхьэнэ хэха иIэщ: абдеж щызэпылъу щытащ Шапсыгъымрэ Убыххэмрэ я щIыналъэхэр. Меженько Андрей зыхуагъэзэн папщIэ абдеж къекIуэлIат Сочэ къалэм и Зэхуэсым и тхьэмадэ Филонов Виктор, къалэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Чеботарь Константин, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт, СНГ-м щыщ къэралхэм я институтым и унафэщI Затулин Константин сымэ. Ахэр псори цIыху цIэрыIуэ защIэщ икIи лэжьыгъэ IуэхукIэ ди жылагъуэхэм щIэх-щIэхыурэ макIуэри, шапсыгъхэр зыхэт гугъуехьхэм щыгъуазэщ, ахэр къызэнэкIыным я къару ирахьэлIэ.
  • Гупыр япэу къыщыувыIащ Щхьэхуит посёлкэм. А жылэм дэс Бэусхэ я унагъуэр мы щIыналъэм щыцIэрыIуэщ — абыхэм я щIапIэм хиубыдэу щыIэ испы унэр лъэпкъым и тхыдэм, щэнхабзэм я хъугъуэфIыгъуэхэм я фэеплъ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ. Зэхуэсахэр тепсэлъыхьащ жылагъуэм и псэукIэм, щIыпIэ унафэр зезыгъакIуэ IэнатIэм зегъэужьыным, властыр шапсыгъхэм я жылагъуэ парламентым зэрыдэлажьэм. Зи гугъу ящIа Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ щIыналъэм ис лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэныр, тхыдэм и дерсхэр хъумэныр. Абы щыхьэт техъуэ щапхъэхэр къэпхьын папщIэ жыжьэ ущIэIэбэн щыIэкъым: Бэусхэ я унагъуэм хуэсакъыу илъэс Iэджэ лъандэрэ кIэлъоплъ Кавказ зауэм и илъэсхэм зеиншэу къэна адыгэ щIалэ цIыкIур зэзышэлIэжауэ щыта урыс офицер, полковник Мухортов Андрей и кхъащхьэм. Ар езыр и IэщIагъэкIэ дохутыру щытащ, шапсыгъхэм илъэс куэдкIэ яхэсащ икIи мыбы щылIэжащ. Мухортов Андрей и кхъащхьэм къыбгъурыту щIалъхьэжащ и щхьэгъусэмрэ къуэ ищIауэ щыта адыгэ щIалэмрэ. Кхъащхьэхэр сытым дежи къабзэу зэщIэкъуащ, удз гъэгъахэмкIэ гъэнщIащ. ДяпэкIи апхуэдэущ зэрекIуэкIынур, жаIэ унагъуэм исхэм.
  • АдэкIэ гъуэгурыкIуэхэр Къалэжь жылагъуэм нэсащ. Мыр къуажэшхуэкъым, ауэ абыи зэгугъунрэ зэгупсысынрэ и куэдщ. Жылэм узыщыгуфIыкIын зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэр щыIэщ. Крайм щагъэзащIэ программэ хэхам хиубыдэу илъэсищ япэкIэ мыбы спортым зыщыхуагъасэ губгъуэ къыщызэрагъэпэщащ. ЩIыналъэмрэ къалэмрэ я бюджетхэм зыхуеину ахъшэр къыхагъэкIри, илъэситI япэкIэ къуажэ клубыр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. Дызэрыт илъэсым и мазаем къуажэм гуфIэгъуэ зэхыхьэ щекIуэкIащ мы жылэм щыщу Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр зэрагъэпэщыжауэ къызэрызэIуахыжым теухуауэ. Ари зэщIыгъуу яубзыхуа проектщ — мемориалым трагъэкIуэда ахъшэр къуажэм щыпсэухэмрэ спонсорхэмрэ зэхадзащ.
  • Нэхъ гупсэхуу хьэщIэхэр къыщызэтеувыIащ Хьэжыкъуэ къуажэм. Зы Iэнэшхуэм пэрытIысхьащ хьэщIэхэри, Ашэ псыхъуэм щыIэ жылагъуэхэм я «Адыгэ Хасэ» зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэри. Псалъэмакъ кIыхьым кърикIуахэр къыхэщыжащ Затулин Константин иужьу жиIам. Абы къигъэлъэгъуащ Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIым и къуэдзэ Меженько Андрей мыбы щыIэ гугъуехьхэм щыгъуазэ захуищIын папщIэ япэ зыкъригъэщауэ зэрыарар: езы Баринов Игорь мыгувэу шапсыгъхэм я деж щыхьэщIэнущи, иджыпсту зэпкърыхауэ нэрылъагъу къэщIын хуейщ цIыхухэр нэхъ зыгъэпIейтейуэ щыIэ Iуэхухэр. Абыхэм ящыщу нэхъыщхьэ дыдэр «Урысей Федерацэм ижь-ижьыж лъандэрэ щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэм я хуитыныгъэхэр къызэгъэпэщынымкIэ шэсыпIэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законыр Краснодар крайм зэрыщагъэзащIэрщ. Законым къару иIэ хуэдэщ, ауэ ар щIыналъэхэм щымылажьэу жыпIэ хъунущ икIи ар ягу къызэреуэр шапсыгъхэм мызэ-мытIэу жаIащ.
  • Зэрыс щIыналъэр зи адэжь хэкуу щыт лъэпкъым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI Iуэхухэр дэгъэкIынри кIыхьлIыхь ящI икIи ар зэранышхуэ мэхъу тенджыз фIыцIэм Iус адыгэхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ. Апхуэдэщ лъэпкъыр илъэс Iэджэ лъандэрэ щыпсэу икIи абы хабзэм тету иIыгъын хуей щIыналъэр зэрамыубзыхур. Абы къыхэкIыу гъэ къэс нэхъ къебзыхьэкIа мэхъу къуажэхэм я щIыналъэхэр. Шапсыгъхэм хозяйствэ Iуэхухэр нэгъэсауэ яхузехьэркъым. Зыхуэбгъэдэн щымыIэ щIыуэпс хьэлэмэтым хиубыдэ къулеягъхэр зэхэзыдыгъуэхэм япэщIэтыфыркъым. Абы и щыхьэтхэр гъунэжщ: къуажэхэм къедза мэзхэм щIэт жыг нэхъ лъапIэ дыдэхэр ираупщIыкI, Ашэ, Шахей псыхъуэхэм мывэмрэ пшахъуэмрэ зыубгъуауэ къыщыщIахыну хуожьэ икIи абы экологием пыщIа гузэвэгъуэшхуэ къихьынкIэ хъунущ.
  • Абыхэм къадэкIуэу зэIущIэм щытепсэлъыхьащ щIыр къызэрагъэсэбэпми. Мы Iуэхум «Адыгэ Хасэр» илъэс пщыкIутхум щIигъуауэ йолэжь, ауэ шапсыгъхэм игъащIэ лъандэрэ къадекIуэкI мэкъумэш лэжьыгъэхэр тэмэму яхузэтегъэувэжыркъым икIи абы къыхэкIыу Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм лъэIукIэ зыхуагъэзэну я мурадщ.
  • — Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм и унафэщIхэм захуэдгъэзэну мурад щIэтщIар щIыналъэм е крайм властымкIэ я органхэм ятеухуауэ дытхьэусыхэну аракъым. Абыхэм я деж зыри къыщагъанэркъым, ауэ хабзэм ипкъ иткIэ, я полномочиехэр зыхунэмысхэр куэд мэхъу икIи ахэр къэрал властым и федеральнэ органхэр хэмыту пхудэгъэкIынукъым, — жиIащ «Адыгэ Хасэм» и тхьэмадэ КIэкIыхъу Мэжид. — Мэкъумэш щIапIэу щыт щIыуэ ди къуажэхэм къегъэщIылIа псори федеральнэ мылъкум хеубыдэ. Урысей Федерацэм игъащIэ лъандэрэ щыпсэу лъэпкъ цIыкIухэр зэрыс щIыпIэхэмрэ абыхэм къагъэсэбэп щIыхэмрэ Урысей Федерацэм и Правительствэм и унафэкIэ еубзыху, анэдэлъхубзэр зэрадж щIыкIэри зэрызэблагъэкIыр федеральнэ законодательствэм ипкъ иткIэщ. Мис ахэри, адрей нэгъуэщI Iуэхухэри, дэ дызэреплъымкIэ, нэхъ тэмэму гъэзэщIа хъунут, абыхэм ятеухуа къэрал программэ хэха къащтамэ.
  • ЗэрыгурыIуэгъуэщи, иджыпсту адыгэ къуажэхэм псынщIэу зыщызыужь этнотуризмэми тепсэлъыхьахэщ. Шапсыгъхэм я жылагъуэ парламентым хэтхэм жаIащ иджыблагъэ КIыщмей Ин къуажэм къыщыхъуа Iуэхухэм зэрытегузэвыхьыр. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм щигуащIэгъуэ зэманым тхьэмахуитIым нэблагъэкIэ ямыгъэлажьэу щысащ туристхэм я кIуапIэу щыт «псыкъелъэ 33-м» цIыхухэр зышэ щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэхэр. Гъуэгухэм шынагъуэ къыщымыгъэхъуным кIэлъыплъ ГИБДД-м и лэжьакIуэхэм къадэкIуэу, мы маршрутым трагъэуващ Лъэпкъ гвардием IэщэкIэ зэщIэузэда и зауэлIу щэ ныкъуэм щIигъу. «Мыр сыт: хабзэхъумэхэр ягъасэу ара хьэмэрэ хьэрычэтыщIэхэр ягъэшынэн папщIэ къызэрагъэпэща Iуэху?» — къэуIэбжьащ цIыхухэр. Апхуэдэ хабзэншагъэм зэгуигъэпащ хабзэм тету лэжьэну зи мурад псори. Абыхэм хэхъуэу яIэр гъэмахуэ зэманым туристхэм Iуэхутхьэбзэ зэрыхуащIэм папщIэ къаIэрыхьэ ахъшэ тIэкIурщ. А псоми къадэкIуэу къэгъэлъэгъуапхъэщ зыгъэпсэхунымкIэ а щIыналъэм щызэтеува инфраструктурэу унагъуищэхэр зыхэпсэукIым хэщIыныгъэшхуэ зэригъуэтыр.
  • — Мыхьэнэшхуэ зиIэ мы IэнатIэм, шэч хэмылъу, къэралым щызекIуэ хабзэхэр щамыгъэзащIэу хъунукъым, сыту жыпIэмэ, абы цIыхухэм я гъащIэри я узыншагъэри куэдкIэ елъытащ. Ауэ КIыщмей Ин къыщыхъуа егъэлеиныгъэри къезэгъыркъым, — къыхигъэщащ Филонов Виктор. — ЦIыхухэр дунеяплъэ зышэхэм ткIийуэ ябгъэдыхьэпхъэщ, ауэ абыхэм хуагъэув Iуэхухэри пыухыкIауэ, дэтхэнэм и дежкIи гурыIуэгъуэу щытын хуейщ. Автомобиль къэзыгъэсэбэп дэтхэнэ зыми щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэу зэрыщытымкIэ щыхьэт тхылъ къыIимыхыу икIи налогхэр тэмэму имыту хъунукъым. Дэтхэнэ зы шофёрми и тхылъым махуэ къэс къытрагъэуэн хуейщ дохутыр къызэреплъам, автомашинэм и техническэ щытыкIэр зэрытэмэмым щыхьэт техъуэ мыхъурыр. Дэнэ щIыпIи хуэдэу, автомобилхэр псы ныджэхэм щызекIуэну хуит ящIыркъым, ахэр автомобиль гъуэгухэм зэрыщызекIуэр къекIуэкI хабзэм тетущ.
  • АдэкIэ гупыр къыщыувыIащ район центрым. ХьэщIэхэр «Адыгэ Хасэм» и IуэхущIапIэ унэмрэ «Шапсыгъ» газетым и редакцэмрэ щыIащ. Хасэм и тедзапIэр иджыпсту щэнхабзэ центрщ икIи абы и бжэр псоми яхузэIухащ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унэр тэмэму лэжьэн папщIэ зыхуей псомкIи къызэрагъэпэщащ крайм и унафэщIхэм я дэIэпыкъуныгъэкIэ. Мыбы цIыхухэм щахуозэ, жылагъуэ парламентым и зэIущIэхэр щрагъэкIуэкI, нэгъуэщI Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр къыщызэрагъэпэщ. Апхуэдэу гъэ еджэгъуэм къриубыдэу мыбы щолажьэ адыгэбзэм щыхурагъаджэ курсхэр. ТхыдэмкIэ IэщIагъэлI Меженько Андрей фIэгъэщIэгъуэн хъуащ адыгэхэм я блэкIам пыщIа материалхэр. Офисым щыкуэдщ тхыдэм пыщIа сурэтхэр, тхылъхэр, картэхэр. Шэч хэмылъу, дэтхэнэм и дежкIи щхьэпэ хъунщ мыбы хьэщIапIэ къакIуэхэм зэрахуэупсэ тыгъэхэр — Половинкинэ Тамарэ и «Черкесия — боль моя и надежда», Хьэткъуэ Самир и «Открытие Черкесии» тхылъхэр. Кавказым нэхъ лъапIэ дыдэу къыщалъытэ нэгъуэщI зыи — адыгэ пыIэ — тыгъэ хуащIащ Москва къикIа хьэщIэм, пщIэ хэха иIэу къызэралъытэм и щыхьэту.
  • А махуэм къызэхакIухьын хуейхэм хатхат Тхьэгъэпс къуажэри. Иджыблагъэ псыдзэм зэраныгъэшхуэ къыщихьа а жылагъуэм и псэукIэр зэтеувэжу хуежьащ икIи къэхъуа гузэвэгъуэм и лъэужьхэр плъагъужыркъым. ХьэщIэхэр еплъащ апхуэдизу шынагъуэу къиу къурш псым, абы иджырей автомобиль лъэмыжышхуэ зэрытралъхьэм. Ахэр псыдзэр япэ дыдэу зыжьэхэуа унэр — округым и администрацэр щылажьэр зэрызэрагъэпэщыжым еплъащ. Къуажэ клубым и пщIантIэм хьэщIэхэр щахуэзащ а жылэм щыпсэухэм. ЩIалэгъуалэми нэхъыжьхэми аргуэру зэ фIыщIэ хуащIащ къызэрымыкIуэ щытыкIэм и лъэужьхэр гъэзэкIуэжынымкIэ закъыщIэзыгъэкъуа псоми — крайм, къалэм я унафэщIхэм, МЧС-м и лэжьакIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, псапащIэхэм. Тхьэгъэпс къуажэм, Сочэ къалэр зэрыщыту, районри, я гъунэгъу Адыгейри щIэгъэкъуэн къахуэхъуащ.
  • ХьэщIэхэм я гъуэгуанэм и кIэухт КIыщмей Ин къуажэр. Мыбы къакIуэхэр фIэкIыпIэ имыIэу йоплъ Ачмыз Хьисэ и унэм къыщызэригъэпэща музейм. Этнотуризмэм и лъабжьэр Сочэ щIыналъэм щызыгъэтIылъам къызэхуэсахэм шей Iэнэ къахуищтащ икIи лъэпкъ куэдым къахэкIахэр зыдэс курорт къалэм и псэукIэм, мы щIыналъэр ижь-ижьыж лъандэрэ зи адэжь хэкуу щыт лъэпкъым и щэнхабзэм щыгъуазэ ищIащ.
  • Къуажэ школым щыщыIам гупыр адыгэбзэр щрагъэдж пэшым еплъащ, педагогхэм жаIахэм едэIуащ. ЕджапIэм и унафэщI Алий Марзет и псалъэм къыхигъэщащ адыгэбзэр зэраджыр, ауэ абы хухах зэманыр къазэремэщIэкIыр. А псоми къадэкIуэу, зэреджэну тхылъхэр, методикэ литературэр яхурикъуркъым. Школым апхуэдэу иIэкъым цIыкIухэм спортым зыщыхуагъэсэн стадион.
  • Зи чэзу Iуэхухэр апхуэдэу къыщаIэтащ Шахэ псыхъуэм хиубыдэу щыIэ жылагъуэхэм я лIыкIуэхэм щахуэза зэIущIэм. Абыхэми жаIар адрей къуажэхэм дэсхэм къаIэтахэм къазэрыщхьэщыкI щыIэкъым. «КIыщмей» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ ЛIыфI Хъалид къызэрилъытэмкIэ, и чэзу хъуащ къэзакъхэм я Iуэхур зэтегъэувэжыным хуэгъэзауэ Краснодар крайм щызэхалъхьа программэм хуэдэ шапсыгъхэм ехьэлIауи къащтэну. Адыгэ жылагъуэхэр зыхэт социальнэ гугъуехьхэр зэрыхъукIэ дагъэкI, унафэщIхэр егъэджэныгъэм, щэнхабзэм, узыншагъэр хъумэным пыщIа IуэхущIапIэхэм ядоIэпыкъу, лъэпкъхэм я сабий творческэ гупхэм зыщIагъакъуэ. Ауэ тенджыз фIыцIэм Iус адыгэхэр къызэтегъэнэным икIи абыхэм зегъэужьыным теухуа Iуэху нэхъыщхьэхэр дагъэкIын папщIэ комплекс программэ хэха къамыщтэу хъунукъым.
  • Псалъэмакъым сэбэпынагъ пылъу екIуэкIащ. Мыбы гупсысэ, Iуэху еплъыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр утыку къыщралъхьащ. «Адыгэ Хасэм» пщIэ зыхуащI и тхьэмадэ ТIэш Мурдин къыхигъэщхьэхукIащ тенджыз фIыцIэ Iуфэр зи адэжь хэкуу щыт лъэпкъым хуэфэщэн пщIэ иIэн зэрыхуейр. Ар зыгъэпIейтейхэм ящыщщ адыгэбзэр къуажэхэм зыубгъуауэ къызэрыщамыгъэсэбэпыр, шапсыгъхэр ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI псэукIэмрэ лэжьыгъэмрэ зэрытемытыжыр, а псори лъэпкъым дежкIэ нэхъыщхьэ дыдэу щымытмэ, ар кIуэдыжынкIэ зэрыхъунур.
  • Тхыдэ Iуэхухэм — Кавказымрэ Урысеймрэ я зэпыщIэныгъэхэм гузэвэгъуэуи узэрыгушхуэнуи хэлъахэм — къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ нобэрей гъащIэмрэ иджыпсту лъэпкъым и псэукIэмрэ. Ар икIи гурыIуэгъуэщ. Тхыдэм дерс къыхэхын хуейщ, ауэ блэкIам фIэкI нэгъуэщI Iуэху уимыIэу упсэунри тэмэмкъым, щыжаIащ адыгэ къуажэхэм щыпсэухэм а зэIущIэхэм. блэкIа лъэхъэнэм гугъуехьрэ гузэвэгъуэу щыIахэр мымащIэми, гъащIэр япэкIэ макIуэ, икIи адэкIэ къэхъу зэгурымыIуэныгъэхэр нэхъ тэмэму зэрыдэкIыным, мы щIыналъэм мамырыгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ щыгъэбыдэным егугъун хуейщ. Ардыдэр цIыхухэм я пащхьэ а махуэм щыжиIащ хьэщIэми. Илъэгъуахэмрэ зэхихахэмкIэ Меженько Андрей дэгуэшащ «Шапсыгъ» газетми.
  • — Адыгэ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ сэ сыщыгъуазэщ — зэман щхьэхуэхэм Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым сыщыIащ. Ауэ пэжыр жысIэнщи, Сочэ и Iэшэлъашэхэм хиубыдэ къуажэхэм иджы япэу сыкъэкIуауэ аращ, — зиумысыжащ абы.
  • Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, ди хьэщIэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм къызэрыригъэблэгъам тету хэтащ мы гъэм мэкъуауэгъуэм и кIэухым а зэгухьэныгъэм и исполкомым Налшык къалэ щригъэкIуэкIа зэIущIэм.
  • — Нобэрей псалъэмакъым сэбэпынагъышхуэ пылъу къызолътэ. Абы куэдым дригъэгупсысащ, куэди къыдгуригъэIуащ. Нэхъыщхьэ дыдэр арщи, шапсыгъхэм я жылагъуэ парламентым пыщIа дыхъуащ икIи абы дяпэкIэ дыдэлэжьэнымкIэ Iэмалхэр зэтеуващ. Иджыпсту дэ зэхыдолъхьэ щIыналъэ пыухыкIахэм ижь-ижьыж лъандэрэ щыпсэу лъэпкъхэм ящыщу зи бжыгъэкIэ мащIэхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ етыным теухуа программэ. Абыхэм шапсыгъхэри яхэтщи, Iуэхум къегъэщIылIа IэнатIэхэм — къалэм, крайм я унафэщIхэм, апхуэдэу юристхэм ящIыгъуу дегупсысынущ сэтей къэхъуа гугъуехьхэр дэгъэкIынымкIэ щыIэ Iэмалхэм. Абыхэм ящыщу нэхъыщхьэ дыдэу къыщIэкIынущ анэдэлъхубзэр, щэнхабзэр, тхыдэм и хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэныр, сыту жыпIэмэ, Урысейм и мылъку нэхъыщхьэ дыдэхэм хеубыдэ щэнхабзэ куэдым я зэпыщIэныгъэхэмрэ зэдэлэжьэныгъэхэмрэ, къыхигъэщхьэхукIащ хьэщIэм.
  • Хэхауэ Меженько Андрей тепсэлъыхьащ зыхуэза цIыхухэм зэрыдахьэхам:
  • — ИпэжыпIэкIэ ахэр зыхуэбгъэдэн щымыIэу гъэщIэгъуэнщ — дэтхэнэми езым и Iуэху еплъыкIэрэ зэхэщIыкI хьэлэмэтрэ бгъэдэлъщ. КъызыхэкIа лъэпкъым и гугъуехьхэм щытепсэлъыхькIэ, абыхэм къэралым и сэбэп зыхэлъхэри зыщагъэгъупщэркъым икIи абы и фIыгъуэм телэжьэну зэрыхьэзырыр къыхагъэщхьэхукI. Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм фэ сыт хуэдэ жэрдэмыфIри къывдиIыгъынущ, сыту жыпIэмэ, граждан жылагъуэр — жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ — хэмыту дэ тхузэфIэкIынукъым ди къэралым адэкIи зедгъэужьын.
  • — Сэ си къалэныр сыт и лъэныкъуэкIи згъэзэщIэну сыхьэзырщ икIи абы папщIэ къэзгъэсэбэпынущ УФ-м и Жылагъуэ палатэм сызэрыхэтри, СНГ-м хиубыдэ къэралхэм я институтым и унафэщIу сызэрыщытри, — зэIущIэхэр зэфIэкIа нэужь, жиIащ Затулин Константин. — ДыздэщыIа къуажэ псоми къыщаIэта Iуэху нэхъыщхьэ дыдэр щIым теухуащ. Ар къызыхэкIар совет зэманым щыIа совхозхэм я «къутахуэхэр» зыубыда субъектхэм я нэхъыбапIэм щIы Iуэхум хащIыкI щымыIэу къызэрыщIэкIарщ. Ауэ абыхэм щIыр зыIэщIагъэкIыркъым, телэжьыхьынухэм пIалъэкIэ иратурэ фейдэ къызэралэжьыным яужь итщ. Ауэ апхуэдэу цIыхухэм щIыр яIыгъыну хуейкъым, сыту жыпIэмэ, мазэ 11-кIэ фIэкI иратыркъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, абы и лъэныкъуэкIэ закон пыухыкIахэр ямыгъэхьэзыру хъунукъым. Ауэ псом япэу зэгупсысын хуейр щIыр къэзымыгъэсэбэпхэм е тэмэму къызыхуэмыгъэсэбэпхэм къыIахыжу муниципалитетхэм етыжынырщ. Мис итIанэщ мэкъумэш щIапIэхэр ягури я псэри етауэ лэжьэну хуейхэм щаIэрыхьэнур икIи тэмэму къагъэсэбэпу щыхуежьэнур. Иджыпсту зэтеува хабзэм зыкIи арэзы укъищIыркъым. Агрофирмэхэм щIыр гугъу демыхьу яубыдащ, абы папщIэ ят бэджэнд уасэри зы мащIэщи, хьэсэхэр зэрамыхьэми хьэщIыныгъэшхуэ яIэкъым. Ар пшэчынкIэ Iэмал зимыIэщ.
  • — Дэ ди къалэныр цIыхухэм я лъэIухэмрэ я гупсысэхэмрэ аргуэру зэ дыщIэдэIуну, мы щIыналъэм ижь-ижьыж лъандэрэ щыпсэу лъэпкъыр зыхэт гугъуехьхэм аргуэру зэ дедэIуэным и закъуэкъым. Дэ дубзыхун хуейщ къалэми, крайми, федеральнэ IэнатIэми щызэфIэгъэкIыпхъэхэр, — къыхигъэщхьэхукIащ Филонов Виктор. — Шэч къытесхьэркъым тенджыз фIыцIэм Iус шапсыгъхэр зыгъэпIейтей Iуэхухэр, псалъэм папщIэ, щIымрэ мылъкумрэ ехьэлIахэр, апхуэдэу лъэпкъым егъэбыдылIа щIыналъэхэм я гъунапкъэхэр убзыхуныр, нэгъуэщIхэри дэгъэкIынымкIэ нобэрей зэIущIэхэр сэбэп зэрыхъунум.
  • НЫБЭ Анзор.