Тхьэкъуахъуэ Уэлид: Псори адыгэщ си дежкIэ, зэрыс хэгъуэгум емылъытауэ
2016-08-02
- Тхьэкъуахъуэ Уэлид 1944 гъэм Сирием къыщалъхуащ. Джолан лъагапIэхэм хиубыдэ Барекъэ къуажэращ абы и адэ-анэр зыдэсар, и сабиигъуэр щыкIуар, курыт школыр къыщиухар. Иджы къэкIуэжауэ Ерокъуэ дэсщ, унэ-лъапсэ зэрехьэ, хадэ ещIэ, и IэщIагъэри IэщIыб имыщIауэ иролажьэ.
- — Уэлид, уэ укъыдэзыгъэцIыхужар тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъщ. Сэ зэрысщIэмкIэ, абы и IэдакъэщIэкIхэр уэ хьэрыпыбзэкIэ зыбодзэкI. Дауэ зэпыщIа фыхъуа МэшбащIэмрэ уэрэ?
- — Хэкуми хамэ къэралхэми щыцIэрыIуэ ди къуэш тхакIуэр и щхьэкIэ къыщысцIыхуар иужькIэми, и IэдакъэщIэкIхэмкIэ куэд щIауэ си нэIуасэу жыпIэ хъунущ. Сэ илъэс 13-14 си ныбжьу адыгэ Iэлыфбейр зэзгъэщIащ. Ди щIалэгъуэм адыгэбзэкIэ тхауэ сыт къытIэрыхьэми, зыдмыгъэнщIу деджэрт. Апхуэдэу зэгуэрым Исхьэкъ и усэ тхылъ къытIэрыхьащ зэныбжьэгъухэм. ЩIалэгъуалэр деджащ абы зэIэпытхыу. Уеблэмэ иджыри къыздэсым сощIэж абы ита усэхэр. ИужькIэ, МэшбащIэм и тхыгъэшхуэу япэу сызэджар «ЦIыхур тIэу къалъхуркъым» романращ. И лэжьыгъэхэмкIэ апхуэдэу къэтцIыхуауэ, езыр япэу Сирием ныщыкIуам дызэхуэзащ, нэхъ гъунэгъу дызэхуэхъуащ.
- Зыкъом дэкIауэ Сауд Хьэрыпым дыкIуауэ зы щIалэ гуэрым къызитащ МэшбащIэм и «Хъан-Джэрий» романыр. Сэ седжащ, тIэкIуи къызэгугъуэкIыу. ИтIанэ си щхьэгъусэм сыкъыхуеджащ. «Мыр хьэрыпыбзэкIэ зэбдзэкIамэ, адрейхэри еджэнтэкъэ», — си щхьэгъусэм щыжиIэм, сыдихьэхри, хьэрыпыбзэм къизгъэтIэсащ. Си ныбжьэгъу, ди лъэпкъэгъу куэдым зэIэпахыурэ еджащ а романым, иджыблагъэ хэкуми къыщыдэкIащ ар. Иджы хэкум дыкъитIысхьэжати, Исхьэкъ си унагъуи неблэгъащ. Иджыри и романхэм ящыщ зэздзэкIмэ зэригуапэр къызжиIати, «хьэуэ» къыхэзгъэкIакъым. «Айшэт», «КъухьэпIэмрэ къуэкIыпIэмрэ» романхэри дяпэкIэ хьэрыпыбзэкIэ къыдэкIынущ.
- — Сирием ущыщып- сэум сыт уи лэжьыгъэу щытар? ЩIэныгъэм, тхэным зыгуэркIэ упыщIагъэнщ…
- — Курыт еджапIэр къэзуха нэужь университетым хьэрыпыбзэр щызджащ. Къэрал еджапIэхэм сыщылэжьащ егъэджакIуэу. ИужькIэ Франджы институтым куэдрэ Iуэху щысщIащ. Сэ садэлажьэрт Франджым, Америкэм, Инджылызым, Европэ къэралхэм доктор лэжьыгъэхэр ягъэхьэзырыну къикI щIэныгъэлIхэм, ахэр хьэрыпыбзэжьым и грамматикэм хуезгъаджэрт.
- Зи гугъу сщIы франджы институтыр зауэр къэхъея нэужь зэхуащIри, езыхэри Бейрут кIуэжащ, дэ хэкум дыкъэIэпхъуэжащ.
- — Романхэр зэдзэкIыныр дэгъуэу къызэхъулIэ уэ езыр утхэркъэ?
- — Сэ зы роман сиIэщ. Ар зауэм си нэгу щыщIэкIахэрщ зытеухуар, «Мащэ» — аращ фIэсщар. Хьэрыпхэм зауэ мащIэ ялъэгъуакъым, абыхэми зауэм и гуащIэмрэ и дыджымрэ теухуа куэд ятхащ. Ауэ си IэдакъэщIэкIыр дунейм къытехьа нэужь Сирием и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм гулъытэшхуэ къыхуищIауэ щытащ икIи къыхагъэщащ зауэм тетхыхьар куэдми, апхуэдэу куууэ къызэрамыгъэлъэгъуэжар. ИужькIэ си рассказхэр щызэхуэхьэсауэ тхылъитI къысхудигъэкIащ ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. Ахэр нэхъапэкIэ газетхэми къытехуауэ щытащ. Франджыхэми хьэрыпхэми куэдрэ садэлэжьащ, уеблэмэ газет лэжьыгъэри си хамэкъым.
- Франджыбзэм къисхыурэ тхыгъэ цIыкIуфэкIу куэд зэздзэкIащ, иужькIэ урым мифологием епха тхылъ бэлыхь гуэри — «ЦIыхухэмрэ Тхьэхэмрэ» — хьэрыпыб- зэм къизгъэтIэсащ. Iэрытхыу куэд сиIэт, къыдэзгъэкIыну сыхуейуэ, ауэ ди мурад псори зауэм къызэпиудащ.
- — Хьэрыпыбзэ, франджыбзэ хуэдэхэр университетым щыбджащи, тыншу къызэрыбгъэIурыщIэфыр згъэщIагъуэркъым, ауэ адэ-анэм къыбжьэдалъхьа жьэрыIуатэбзэм фIэкIа хыумыщIыкIыу, и тхыбзэр умыцIыхуу, МэшбащIэм и адыгэбзэ куур зэбдзэкIыныр тыншу щытагъэнкъым.
- — Уэ зэрыжыпIауэ, адыгэбзэр ди анэдэлъхубзэ щхьэкIэ, абы дыхуеджакъым, ди адэшхуэ-анэшхуэхэм дагъэщIа мащIэращ хэтщIыкIыр. Пэжщ, псалъалъэ сиIэщ, ауэ Исхьэкъ и бзэр апхуэдизкIэ бейщ, шэрыуэщи, нэхъ куууэ хэпщIыкIын хуейщ. Абы и тхыгъэхэрауэ жыпIэ хъунущ нобэ сызэрыпсалъэ анэдэлъхубзэр къэзыгъэбэтар. КъищынэмыщIауэ, хуабжьу кIуэцIрыплъауэ матхэ Исхьэкъ. КъызэрыгуэкI романхэм ущеджэкIэ, мащIэ-мащIэурэ ухэгъуазэурэ икухэм уфIэкIа нэужь, зэриухынур къыбощIэ. Исхьэкъ и IэдакъэщIэкI нэхъ инхэм сыщеджэм гу лъыстащ адрейхэм къазэрыщхьэщыкIым. Япэрауэ, адыгэ роман птхыныр тыншкъым, зэманышхуэ токIуадэ абы зыхуэбгъэхьэзырынми птхыжынми. Апхуэдиз иригъэхьыркъым МэшбащIэм, сыту жыпIэмэ, и гупсысэр жанщ, и бзэр къулейщ, и щхьэм куэд щызэблокI. СфIэгъэщIэгъуэныр мыращ: адрей тхакIуэхэм «диалог» жыхуэтIэр цIыхуитI зэпсалъэу къагъэсэбэпмэ, Исхьэкъ цIыху зыбжанэ зэгъусэу къегъэпсэлъэф. ИтIанэ и жыIэгъуэ, псэлъафэ, хъуэрыбзэ куэд шэрыуэу къэIуэтауэ хэтщ, ар бзэм и къулеягъыр къэзыгъэлъагъуэщ, щызэбдзэкIкIи нэхъ гугъу узыдехьыр аращ. Франджыбзэр куэдкIэ нэхъ тыншщ хьэрыпыбзэм къибгъэтIэсэныр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ адыгэбзэм хуэдэу куукъым, гугъукъым. «Сигу къеуащ», «сигу ебгъащ» — хьэрыпыбзэкIэ пхужыIэнукъым, я мыхьэнэр къыбгурыIуэу я жыIэкIэкIэ жыпIэмэ сщIэркъым армыхъумэ.
- — Уэлид, уи анэдэлъхубзэр гъащIэм ущиIэпэгъуу укъекIуэкIащ, иджыпстуи къыпхуосэбэп. Ар къыщыпIуралъхьа къуажэ цIыкIур, абы и псэукIар, фи сабиигъуэр зэрекIуэкIар къыджеIэжыт.
- — Джолан лъагапIэм хиубыдэ Барекъэ къуажэ цIыкIуращ сэ сыкъыщыхъуар. Ар мэзым хэсу, машинэхэр нэмысу апхуэдэт, хьэуар щыкъабзэрэ тщымыщ къытхэмысу. Къуажэ дахэ цIыкIут, цIыху 500-600 хуэдиз дэсу. Псори адыгэти, адыгэбзэкIэт дызэрызэпсалъэр, уеблэмэ курыт школым дыщыкIуэм хьэрыпыбзэ тщIэртэкъым. Абы дэсахэр зэхуэIэфIащ. ИужькIэ ар Джоланым и къалэ хъуащ. Си псэм хэлъщ а къуажэр. 1962 гъэм зауэр къэхъейри, Щам дахуащ, зэкъуажэгъухэри зэбгрыдза дыхъуащ. ИужькIэ унэхэр тхуащIыжри, къуажэм дгъэзэжащ, щIым делэжьу дыдэсащ. ИтIанэ мы бзаджэнаджэхэр къежьэри, зауэр къэлыдащ. Иджы а зи гугъу сщIа щIыпIэм щыпсэуа адыгэ къуажэ цIыкIу-хэр зэтракъутащ, зыри дэсыжкъым, уни дэтыжкъым. Ди лъэпкъэгъухэм я ныкъуэр иджыпсту Щам унэ яIэу дэсщ, ауэ нэхъыбэр я благъэхэм яхэсщ е къэралым иIэпхъукIащ.
- — Фэ дауэ хэкум фыкъэкIуэжа хъуа?
- — Си зы щIалэ Мейкъуапэ къакIуэ-кIуэжу щIидзат, Сирием иджыри дыщыпсэууэ. Ар Истамбылрэ Мейкъуапэрэ яку дэтщ, Iуэху гуэр зэтриублэну яужь итщ. ЕтIуанэ щIалэр Истамбыл щолажьэ, си хъыджэбзыр Сауд Хьэрыпым щопсэу. Абы Ерокъуэ унэ къыщищэхуауэ иIэти, «фыкIуэжи тыншу фыпсэу», — жиIэри дытригъэгушхуэри дыкъэкIуэжащ. Хуабжьу тыншу дыхэзэгъэжащ хэкум щекIуэкI гъащIэм, ди гъунэгъухэри цIыху хъарзынэ-хэщ. Ди лъапсэм щIыгушхуэ пытщи, хадэхэкIми пхъэщхьэмыщхьэми долэжь, а псоми Барекъэ дыщесат.
- — Тхьэкъуахъуэхэ къэ-бэрдей? Мыбы щыпсэу фи лъэпкъэгъухэм франэIуасэ?
- — Университетым щылэжьа Тхьэкъуахъуэ Хьэсэн илъэс 20 ипэкIэ сыкъыщыкIуам сигъэхьэщIат. Ар дунейм ехыжащ, абы и щIалэ СулътIанщ сцIыхур. НэгъуэщIхэм зэкIэ сахуэзакъым. Иджыпсту къэслъыхъуэнуи къысхуегъэкIуркъым, зыгуэр ущIэлъэIу хуэдэ. ДяпэкIэ зэдгъэцIыхужынщ, Тхьэм жиIэмэ. Тхьэкъуахъуэхэ шапсыгъыуи, абазэхэуи, къэбэрдейуи щыIэщ. Дэ дыабазэхэщ.
- — Тхьэкъуахъуэхэ щопсэу ди республикищми. Фэ фыхэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрыр къыхэфха?
- — Апхуэдэ зэхэдз сиIакъым. Псори адыгэщ си дежкIэ, зэрыс хэгъуэгум емылъытауэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым узэрыщып-сэуну тхылъхэр нэхъ псынщIэу щыпхузэфIогъэкIри, ари къыдэхъулIахэм ящыщщ.
- Епсэлъар НэщIэпыджэ Замирэщ.